ПщIэи щIыхьи къилъыхъуэртэкъым

Абы и къэхутэныгъэхэр езым и зэманым тещIыхьауэ телъыджэ дыдэт. ЖыпIэ хъунущ ар зыщыпсэуа лъэхъэнэм куэдкIэ япэ ищауэ. АрщхьэкIэ, апхуэдэхэм деж зэрыхъущи, къэзыпхъуэтэни пхызыгъэкIыни игъуэтакъым.

Дэ псоми зэхэтхащ а цIыхум теухуауэ зыгуэр. АрщхьэкIэ мы тхыгъэм зи гугъу щытщI Кулибин Иванрэ игъэхъахэмрэ ятеухуауэ тщIэр мащIэ дыдэщ. Языныкъуэхэм къалъытэ ар насыпыфIэ дыдэу псэуауэ, пщIэмрэ щIыхьымрэ щIигъэнауэ къекIуэкIауэ. Адрейхэм зытрагъащIэр и гупсысэхэр нэхъ IуэхушхуэхэмкIэ къигъэсэбэпыну зэрыхузэфIэмыкIым иризэгуэпу дунейм зэрытетарщ. Ауэ а тIури пэжым пэгъунэгъу къудейщ.

 Шэч хэмылъу, гъащIэм ипэжыпIэкIэ къыщехъулIар зыщ - 1767 гъэм Индыл и Iуфэм Iус жылэхэр къыщикIухьым пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм и нэIэ зэрыщIэхуарщ. Сыт хуэдиз IэпщIэлъапщIэ Iэзэ куэд тхыдэм щIихъума лъэужьыншэу? АрщхьэкIэ, тегушхуэри, Новгород Ищхъэрэм щыщ механикым къахуеблэгъа хьэщIэм иригъэлъэгъуащ и къэхутэныгъэр: джэдыкIэ теплъэ зиIэ гуащэхэм къыщажыхь театр цIыкIу зэрыт жып сыхьэтыр.

Пэжщ, ар ныкъуэщIу, и кIэм нэмыгъэсауэ къэнащ, ауэ Кулибиным и Iуэху къикIащ: жыжьэрыплъэ императрицэм абы унафэ хуищIащ Петербург кIуэну. Абы ЩIэныгъэхэм я къалащхьэ академием и мастерскойхэм я тету щагъэуващ зы илъэсым сом 350-рэ и улахуэу. Интэкъым - профессорхэм сом минрэ щитхурэ яIэрыхьэрт, ауэ укъуэлIыкIынутэкъым. И къэхутэныгъэхэм папщIэ ахъшэ саугъэтхэри къыхуашийрт. Зэгуэр пащтыхь гуащэм абы езым и IэкIэ къритащ зэуэ сом минитI, къатехуа щIыхуэхэр япшыныжу», - итт унафэм. Апхуэдэу щыщыткIэ, ямылейуи ягъафIэу щытауи пхужыIэнукъым.

Ар дыдэр ехьэлIат и къэхутэныгъэхэми. Ахэр мащIэу щытакъым. АрщхьэкIэ сыхьэт телъыджэри, Екатеринэм къыхуигупсыса лифтри, прожекторри, техникэм и зыужьыныгъэр здынэсар къэзыгъэлъагъуэ хьэпшып гъэщIэгъуэн къудейт. Абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэтэкъым. Кулибин Иван къэхутэныгъэ ину щы ищIати, тIур фIадыгъуащ, ауэ мыдрей къыхуэнамкIи и цIэр куэдрэ жаIэркъым. Ар абы и мыгъуагъэщ.

Кхъухьыр дэкIуеифу щытакъым псыр къыздижымкIэ. Ахэр дралъэфеин хуей хъурт шыхэмрэ бурлакхэмрэ. Iуэхум зихъуэжащ 1782 гъэм и щэкIуэгъуэм. Абы щыгъуэм Кулибиным и пэхуэщIэкIэ ягъэхьэзыра кхъухьым Нева дришеящ тонн 65-рэ хъу хьэлъэ. ЕтIуанэу зы километркIэ Индыл щыдришеящ тонни 139-м щIигъу. Апхуэдэ кхъухьхэм 1811 гъэм Камэ зекIуэн щыщIадзащ. Ауэ ахэр къызэригупсысам папщIэ патентыр зыIэрыхьар Кулибиныркъым, атIэ франджы Пуадебар Жан-Батистщ. Пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм я мызакъуэу, нэхъ цIыкIухэри абы Кулибиным и пэхуэщIэм къытрищIыкIат.

 Кулибиным фIадыгъуа етIуанэ къэхутэныгъэр зэхьэлIар биомеханикэрт, щхьэтечу жыпIэмэ, протезырт. 1788 гъэм Очаков щебгъэрыкIуэм поручик Непейцын Сергей и лъакъуэ лъэныкъуэр пиудат и куэм нэсу. Потемкин Григорий гушыIэ папщIэу Кулибиным зыхуигъэзащ: «ЩIалэм лъакъуэ къыщIэгъэувэж, ауэ, жьыр зэрыфIэкIуэдам папщIэ илъ ищIэжыфын хуэдэу, псэууэ». Иван игъэхьэзыра протезыр апхуэдизкIэ зэгъти, Непейцыным тыншу къикIухьыфырт баш имыIыгъыу, лъэпэд, вакъэ щитIагъэфэрт, къэфэфырт. Ауэ къафэкIэ Iуэхур зэфIэкIакъым: Непейцыныр 1812 гъэм екIуэкIа Хэку зауэм абыкIэ хэтащ, Париж дыхьащ. Арауэ къыщIэкIынущ урыс протезым и щэхур къыщащIар - мыгувэу Франджым щагъэхьэзыру щIадзащ апхуэдэ дыдэ «лъакъуэхэр».

Ауэ абы щIыхьышхуэ къыхуэзыхьар Нева и IуфитIыр зэпызыщIа лъэмыж телъыджэрщ. Псым хэт пкъохэмкIэ щIэгъэбыдатэкъыми, абы и лъабжьэм хуиту щIэкI хъурт кхъухьхэр. ИужькIэ къызэралъытамкIэ, абы ар зэфIигъэуващ математикэм и унэтIыныгъэ нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщ сопроматым и хабзэм тету. Ауэ зи щIэныгъэр арифметикэ къызэрыгуэкIым фIэмыкI Кулибиныр дауэ лъэIэсат математикэм щыщ Iыхьэу а зэманым иджыри дунейм къытемыхьам? Абы жэуап иратыфыркъым нобэр къыздэсым.

 Механик къызэрыгуэкIым къигупсыса Iэмалыр къагъэсэбэпащ дуней псом лъэмыж щызыухуэхэм. Решеткэ фермэхэмрэ абыхэм я ухуэкIэмрэ классикэу къалъытащ. ЖытIэнщи, Париж зэрыгушхуэ Эйфель чэщанэр дращIеящ зэпрыхукIа пкъыгъуэхэр зэтрагъэувэурэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ. ар зыщIа Эйфель къигъэсэбэпащ Кулибиным къигупсыса Iэмалыр.

Пэжщ, IэпщIэлъапщIэ гъуэзэджэм хуэфэщэн пщIэ игъуэтащ, ахъшэ зрикъуни иIащ. Екатеринэ ЕтIуанэм абы лIакъуэлIэш цIэр фIищащ. АрщхьэкIэ, гъэщIэгъуэнщи, гъэфIам хуэдэу зихуэпакъым, сыт щыгъуи щыгъар къызыхэкIахэм я щыгъынщ. Шэч хэмылъу гугъу иригъэхьащ езым къигупсысхэм къэзыухъуреихьхэм я акъылыр зэрынэмысым, абы и зэранкIэ къэхутэныгъэ куэдым гъуэгу зэримыгъуэтам. Ауэ ар дэтхэнэ цIыху акъылыфIэри, зыщыпсэу лъэхъэнэм емылъытауэ, сыт щыгъуи зыщыIууэ хабзэ лъэпощхьэпощ.

МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд.
Поделиться: