Сэтэней-гуащэ зыфIаща дохутыр

Налшык дэт поликлиникэ №1-м илъэс куэд щIауэ щолажьэ эндокринолог КIуащ Майе Михаил и пхъур. Иджыблагъэ къытIэрыхьащ дохутырым хуэгъэза фIыщIэ псалъэ. 
 Зи цIэр къэзымыгъэнэIуа, Сирием къиIэпхъукIыжауэ жызыIэ цIыхухъум Майе дилъэгъуа гуапагъэмрэ и IэщIагъэм куууэ зэрыхищIыкIымрэ папщIэ фIыщIэшхуэ хуищIу, мы псалъэхэмкIэ газетым зыщыхуегъазэ: «Ди шыпхъу лъапIэу Майе-гуащэ! Адыгэ лъэпкъым урибын пэжщ. Уэр хуэдэ бзылъхугъэщ унагъуэми лъэпкъми я пщIэр къэзыIэтыр. ЩIэныгъэ убгъэдэлъу, Iущыгъэ уиIэу, цIыхугъэ пхэлъу цIыхухэм уоIэзэ. Сэ щыхьэт сохъу уи IэщIагъэм укъызэрыхуигъэщIамкIэ. ЦIыху сымаджэу къыпхуэкIуэм уи къарум уемыблэу уогугъу, уи фIагъ ибогъэкI. Тхьэм игъэлъэпIа цIыхум плъэкI къыумыгъанэу ущеIэзэкIэ, гуапагъэри фIыщIэ псалъэри пхуэфащэщ. Сэ Сирием сыкъиIэпхъукIыжри Хэкум сыкъэкIуэжащ. Сысымаджэу поликлиникэм сыныщыкIуэм, плъэкI къыумыгъанэу укъызэIэзащ, уи фIыгъэшхуэ къызэбгъэкIащ, нобэр къыздэсми укъыскIэлъоплъ. УзэрыцIыхуфIри адыгагъэ зэрыпхэлъри къыщызгурыIуар абдежырщ. 
 Сэ схуэдэу цIыху куэдым къабгъэдокI уэ птеухуа щытхъу. УцIыху пэжщ, уи гур хуабэщ, ди Майе дахэу Сэтэней гуащэм хуэзгъадэ. Уи щIыхьыр уи IэкIэ къэблэжьыжащ, ди Тхьэшхуэм фIыуэ илъагъур цIыхухэм я гуныкъуэгъуэ ящхьэщызыххэращи, уэ апхуэдэхэм уращапхъэщ. Ди лъэпкъым уэр хуэдэ куэд Алыхьым кърит. ГъащIэ дахэрэ насып куурэ уиIэну гурэ псэкIэ сынохъуэхъу». 
 Тхыгъэм зи цIэ къыщраIуэ КIуащ Майе зэрыдохутыр Iэзэм икIи зэрыбзылъхугъэ Iэщабэ-Iущабэм щыхьэт тохъуэ Налшык щыщ Къэрэгъул Iэминат: «Майе гущIэгъу зыхэлъ дохутыры закъуэтIакъуэхэм язщ. Убгъэдыхьа нэужь, и зэманым щымысхьу, узэригъэхъужыным иужь итщ, тэмакъкIыхьщ, Iуэхур Iэпэдэгъэлэл зымыщIщ. АпхуэдизкIэ уи гум дыхьэу къопсалъэри, псалъэ къудейкIэ у егъэхъуж зыхужаIэхэм хуэдэщ. Узыншэу Тхьэм илъэс куэдкIэ игъэлажьэ, сыбгъэдыхьэху арэзы сыкъищIащ».

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: