Бжыгъэхэр щыхьэт тохъуэХэку зауэшхуэм щытепсэлъыхькIэ нэхъыбэу зи гугъу ящIыр ди зауэлIхэм абы къыщахьа текIуэныгъэрщ, ар икIи тэмэмщ. Дауи, къыхагъэщхьэхукI къытхуихьа къулейсызыгъэхэр, зэхэкъутэныгъэхэр, хэкIуэда цIыху мамырхэр. АрщхьэкIэ куэдрэ урихьэлIэркъым а зауэ угъурсызым и зэранкIэ дунейм къытемыхьэу къэнахэм я бжыгъэр зэрыхъуну зыхуагъэфэщахэм ехьэлIахэм я гугъу ящIу. Нэхъыщхьэращи, абыхэм яжь нобэми къызэрыщIихум. Тхыдэджхэм зэрыжаIэмкIэ, 1941 гъэр къихьащ РСФСР-м цIыху мелуани 111-рэ щыпсэууэ, 1946 гъэм зэрыхъужар мелуан 97,6-рэщ. Ауэ сабий къамылъхуахэри хыубжэмэ, хэщIыныгъэр куэдкIэ нэхъыбэнущ. Псом хуэмыдэу я бжыгъэм хэщIащ цIыхухъухэм (Хэку зауэшхуэм иужькIэ илъэс 25-29-рэ зи ныбжь цIыхубзи 100-м цIыхухъуу щахуэзэр 66-рэ къудейт. Къуийм ищIыIу гуэрэфу, нэхъыбэ хъуат щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу зэбгъэдэкIыжхэри. 1923 гъэм къалъхуахэу дзэм ираджа щIалэхэм ящыщу къэзыгъэзэжар проценти 3 къудейщ. ЦIыхухъу зэрымыс унагъуэм сабий къихъуэркъым. А псоми яхэлъхьэж гъаблэ илъэсхэр, сабий куэд лIэуэ зэрыщытар. ЩытыкIэр ирагъэфIэкIуэжыным къаруушхуэ ирахьэлIащ. Пэжу, лъхуа бзылъхугъэхэр зэрахузэфIэкIкIэ декрет ягъакIуэрт, сабий садхэмрэ яслъэхэмрэ къызэIуахыртт. Хэбгъэзыхьмэ, «Анэ-лIыхъужьым» и дамыгъэ ягъэуващ. Фэтэр ятхэм я инагъыр я бынхэм я бжыгъэм тращIыхьырт. 1948 гъэм къыщыщIэдзауэ 1989 гъэр къэсыху зэрыщыту СССР-ми хуэдэу, Урысей Федерацэм щыпсэухэми зэпымыууэ хэхъуащ. КуэдкIэтэкъым - зы процент закъуэкIэт - зауэм и Iэужьхэр иджыри зэран хъурт. АрщхьэкIэ абы щытыкIэр зэIимыгъэхьэу зэтриIыгъэрт. Аурэ IейкIэ ди тхыдэм къыхэна 1990 гъэхэр къэсащ. Совет Союзыр лъэлъэжащ, абы къыдэкIуэуи къалъхухэм я бжыгъэр аргуэру ехуэхыжащ. ГугъапIэ гуэрхэр къыкъуэкIащ сабийхэм я бжыгъэм зыщиIэта 2010 гъэм иужькIэ. АрщхьэкIэ ар зи фIыщIэр Iуэхухэр иджыри щызэIымыхьа 1980 гъэхэм халъхуа щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр балигъ гъащIэм зэрыхыхьарт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэкIэ дащыгугъ хъунукъым 1990 гъэхэм я щIэблэм. Сыт атIэ къытпэплъэр? IэщIагъэлIхэм къалъытэ 2030 гъэхэм я зэхуэдитIым ирихьэлIэу Iуэхухэр зымащIэкIэ ефIэкIуэжыну. Мы зэманым Урысейм зы цIыхубзым къыщыхуозэ, бжыгъэхэм я бзэкIэ жыпIэмэ, зы сабийрэ ныкъуэрэ. Абы къокI зым зы, адрейм тIу иIэу. Щым куэдрэ ущрихьэлIэркъым. Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ, илъэс зыбжанэ ипэкIэ анэ мылъкур ягъэуващ. Шэч хэмылъу, щIэгъэкъуэныфIщ икIи зи чэзу дыдэщ. Ауэ мыбдеж хэпщIыкIыу ипэкIэ ущыкIуэтэн папщIэ ар ирикъуркъым. КIэщIу жыпIэмэ, къэралым къыщалъхухэм я бжыгъэр щIагъуэу къэзыIэтыфыну лъэбакъуэ иджыри ячыфакъым. Зыкъомым жаIэ псом япэу цIыхум и псэукIэр зыхуэдэм елъытауэ ар. Ауэ ари мытэмэм дыдэу къыщIокI. Африкэ факъырэмрэ мыкъулей Азиемрэ сабий куэд дыдэ къыщалъху, ауэ къэрал хуэщIахэм, псалъэм и хьэтыркIэ, Швецием, ахэр зэпымыууэ нэхъ мащIэ щохъу. Политикэри къыщыхэIэбэ щыIэщ. Зи экономикэкIэ дунейм щыетIуанэ Китайм зэгуэр цIыху бжыгъэкIэ планетэм бжьыпэр щиIыгъыу щытащ (иджы щхьэпрыкIащ Индиер). ПIалъэ кIыхькIэ а къэралым унагъуэ къэс зы бын нэхърэ нэхъыбэ яIэу щадэртэкъым. ХэкIыпIэншагъэм хэхуа иужьрейхэм нэхъыбэу къызыхуагъанэр я лъапсэхэр хэзымыгъэкIуэдэжыну къуэхэрт. ИкIэм-икIэжым апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм узыхуишэр къызыгурыIуа унафэщIхэм а хабзэр якъутэжащ, арщхьэкIэ куэдыр зэсам къытенащ. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу КНР-м мы зэманым цIыхухъухэр зыкъомкIэ щынэхъыбэщ цIыхубзхэм нэхърэ. ЩIалэхэм къашэн ягъуэтыркъыми, нысащIэхэм нэгъуэщI къэралхэм щолъыхъуэ, УрысеймкIи къеплъэкIыу жаIэ. Ауэ ар хэкIыпIэ? ХэкIыпIэхэм я гугъу щытщIкIэ, ди дежкIэ къэдгъэзэжынщи, щытыкIэр иригъэфIэкIуэнут зэгуэр зи Хэкур зрагъэбгынахэр я адэжь щIыналъэм къэгъэкIуэжыным. Пэжу, тепсэлъыхьми, ар яфIэфIу фэ теткъым: мыбдеж лъэпощхьэпохэр къыщагупсыс. Ауэ ар нэгъуэщI псалъэмакъщ. Сабийуэ къалъхухэм зэрыкIэрыхум къэрал куэд егъэгузавэ икIи ар гъэзэкIуэжыныр я зэхуэдэ Iуэхущ.
Поделиться:
Читать также:
12.05.2025 - 13:00 →
Медицинэмрэ дзэ къулыкъумрэ зэдехь
11.05.2025 - 16:59 →
Зы мафIэгум зэдисахэм я хъыбар
11.05.2025 - 14:58 →
Зэдатащ зэкъуэшитIым я гъащIэр
11.05.2025 - 12:56 →
Узыншагъэмрэ дахагъэмрэ я IэщIагъэлIхэр
11.05.2025 - 10:53 →
Хэкум зи псэр щIэзыта Джэрыджэ зэкъуэшхэр
|