Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм къыхыхьа бзэщIэныгъэ псалъэщIэхэр

Жылэтеж Хьэжысмелрэ абы ипхъу Лианэрэ зэдатхащ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм хэт бзэщIэныгъэ терминхэм я къежьэкIэр, бзэм щэзэпача гъуэгуанэр, я зыужьыкIэр, зэхъуэкIыныгъэ ягъуэтахэр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэ. Дызэрыщыгъуазэщи, мы Iуэхугъуэр нэхъ гугъухэм икIи нэгъэсауэ джа мыхъуахэм ящыщщ. Лэжьыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ бзэщIэныгъэ терминхэм я зэхэублакIуэу Нэгумэ Шорэ зэрыщытыр. Япэ дыдэу арат термин зыбжанэ адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар.  ЩIэныгъэр и лъабжьэу адыгэбзэр джын щыщIадзар Совет лъэхъэнэрщ. Адыгэбзэ фIэщыгъэцIэщIэхэр бзэм къыхэлъхьэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIахащ Борыкъуей ТIутIэрэ Елберд Хьэсэнрэ. Нобэр къыздэсым бзэм къыщагъэсэбэп бзэщIэныгъэ терминхэр абыхэм я Iэужьщ. Ауэ абыхэм я бжыгъэр куэд хъуркъым. Ди гуапэ зэрыхъунщи, иджыпсту абыхэм къахохъуэ. А лэжьыгъэм фыщыдогъэгъуазэ мы тхыгъэмкIэ.

Мы гъэм илъэсищэ мэхъу къэбэрдей-шэрджэсыбзэм тхыбзэ зэригъуэтрэ. Абы лъабжьэ хуэхъуащ Хъуран Батий 1923 гъэм латин графикэм тету къыдигъэкIа алфавитыр. Абы лъандэрэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм зыужьыныгъэшхуэ игъуэтащ, адыгэбзэ грамматикэр фIыуэ зэфIэува, джа хъуащ. Ауэ, дапхуэдизу бзэр щIэныгъэкIэ убзыхуа мыхъуами, абы иджыри гъэтэрэзыжын хуей гуэрхэр зэрыхэтыр нэрылъагъущ. Абыхэм ящыщ зыщ бзэщIэныгъэ терминхэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэри. 

Адыгэ бзэщIэныгъэ терминхэм я зэхэублакIуэщ Нэгумэ Шорэ. 1840 гъэм абы зэхилъхьа адыгэбзэ грамматикэм езым къигупсыса термин зыбжанэ къыщигъэсэбэпащ (иджырей тхыкIэр дэщIыгъуу ахэр къэтхьынщ): зэрытыпIэ – пкъыгъуэ, цIэ зи фащэуэ щыIэр – щыIэцIэхэр, плъыфэцIэхэр – плъыфэцIэхэр, цIэм и пIэ итхэр – цIэпапщIэхэр, пкъыгъуэхэр – глаголхэр, лажьэхэр – причастиехэр, бзэ налъэхэр – наречиехэр, псалъэпыдзэ – префикс, суффикс, бзэ къуэдзэ – союз, бзэ им-щымыр – междометие, лъэпкъ – род, бжыгъэ – бжыгъэ, кIуэдыпIэ – падеж, закъуэ – закъуэ бжыгъэ, куэдыр – куэд бжыгъэ. Мы псалъэхэм щыщу нобэрей адыгэбзэм хэтщ плъыфIэцIэ, бжыгъэ (закъуэ, куэд) терминхэр.

Къэралым и дэIэпыкъуныгъэкIэ, щIэныгъэкIэ адыгэбзэр джын щыщадзар Совет лъэхъэнэрщ. Бзэм, псом хуэмыдэу терминхэм, а лъэхъэнэм куууэ елэжьахэм ящыщщ Борыкъуей ТIутIэ. ФIэщыгъэцIэхэр къэгъэщIыным Борыкъуейр жыджэру зэрыпылъыр нэрылъагъу щыхъуащ 1932 гъэм къыдигъэкIа Адыгэбзэ грамматикэм. Абы и грамматикэм къыщигъэсэбэпащ термину щэрэ тIощIым щIигъу. Абыхэм щыщ зыкъом Борыкъуей ТIутIэ адыгэбзэм къригъэзэгъащ: аморфный – формэншэ, аттрибут – плъыфэ, вид – теплъэ, время – зэман, вопросительный знак – упщIэ нэгъыщэ, восклицание – гу лъытэныгъэ, второстепенные члены предложения – псалъэ мыпажэ пкъыгъуэхэр, главные члены предложения – псалъэ пажэхэр, глагол – глагол, лэжьыгъэр зыхэлъ псалъэ, гласные звуки – макъ зешэхэр, глухие согласные – макъ дэкIуашэ дэгухэр, губные звуки – Iупэ (макъхэр), деепричастие – деепричастие, хьэл, долгие звуки – макъ укъуэдия, дополнение – лэжьыгъэ зылъэIэс, единственное число – закъуэ (бжыгъэ), желательное наклонение – фIэигъуагъэ зыхэлъ лэжьыгъэ псалъэ, звук – макъ, звонкие согласные – макъ жьгъыжьгъхэр, инфинитив – инфинитив, къыхэкIыпIэ, корень – къуэпс, местоимение – цIэ папщIэ, орфография – тхэкIэ, подлежащее – зылэжь, предикат – лэжьыгъэ псалъэ, предложение – псалъэ едзыгъуэ, прилагательное – плъыфэ, речь – хъыбар, слово – псалъэ, слог – пычыгъуэ, согласный звук – макъ дэкIуашэ, союз – псалъэзэпх, существительные – хьэпшыпыцIэ, щыIэхэм я цIэ, термин – зэреджэ цIэ, ударение – хэIэтыкIа.

 Зэрынэрылъагъущи, Борыкъуейм япэ дыдэу бзэщIэныгъэ терминхэр куэд адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ. Абыхэм я нэхъыбапIэр ноби бзэм къыщагъэсэбэп, зэхъуэкIыныгъэ мащIи зыгъуэта щыIэщ (цIэ папщIэ – цIэпапщIэ, щыIэхэм я цIэ – щыIэцIэ).

Езы термин псалъэри абы зэридзэкIат, ауэ ар бзэм къищтакъым. Шэч хэмылъу, Борыкъуей ТутIэ бзэщIэныгъэ терминхэр адыгэбзэм иIэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ, аращ абы и лъабжьэр зыгъэтIылъар. Борыкъуейм къригъэжьа лэжьыгъэм пищащ Елберд Хьэсэн. Абы еджапIэхэм (школхэр) щхьэкIэ зэхилъхьа тхылъхэмкIэ зауэ нэужьым илъэс пщыкIутхум нэсыхукIэ щрагъэджащ. Елбэрдым и фIыщIэщ нобэр къыздэсым бзэм хэт терминхэр: щыIэцIэ, плъыфэцIэ, бжыгъэцIэ, псалъэуха, псалъэуха пажэ, псалъэуха гуэдзэ, псалъэуха зэхэлъ, псалъэуха къызэрыкIуэ, псалъэ лъэпкъыгъуэ; псалъэ зэпха, зэкIуныгъэ, зегъэкIуэныгъэ. Елберд Хьэсэн и ужькIэ бзэщIэныгъэ терминхэм куууэ елэжьын щIэныгъэлIхэм къахэкIакъым.

ИужькIэ къыдэкIа еджапIэ тхылъхэми, грамматикэхэми, щIэныгъэ лэжьыгъэхэми къыщагъэсэбэпар ипэкIэ щыIэ терминхэр аращ. Абы и «фIыгъэкIэ» бзэм куэду къагъэсэбэп щыхъуащ хамэбзэ терминхэр. Ахэр апхуэдизкIэ бэгъуащи, занщIэу нэм къыщIедзэ, бзэм къыхопIикI. Абы и щыхьэту къэтхьынщ щапхъэ зытIущ: эргативнэ, послеложнэ, обстоятельственнэ падежхэм ит дополненэм косвеннэ дополненэкIэ йоджэ. Псалъибгъу зыхэт мы псалъэухам адыгэбзэу хэтыр псалъитIщ (ит, йоджэ), адрейхэр псори хамэбзэщ.

БакIуу Хъанджэрий къызэрилъытэмкIэ, «термин псори адыгэ псалъэ пхуэщIынукъым, ауэ адыгэ тхыбзэр яухуэу ар джын щыщIадзам абы елэжьахэм зыкъомкIэ я ягъэщ терминологием адыгэбзэ мащIэ фIэкIа зэрыхэмыхьар». Иужьрей илъэсхэм терминхэм теухуа гукъеуэр нэхъыбэ хъуащ, лэжьыгъэ щхьэхуэхэм уащрохьэлIэ хамэбзэ терминхэм щыщ адыгэбзэм  ирагъэзэгъауэ. Псоми я гугъу тхуэмыщIми, къэтхьынщ щапхъэ зытIущ.  БлэкIа лIэщIыгъуэм и 90-хэм «Адыгэ псалъэ» газетым тхыгъэ куэд къытехуэу щытащ адыгэбзэр зэрыт щытыкIэм, ар егъэфIэкIуэным теухуауэ. А Iуэхугъуэм жыджэру хэтахэм ящыщщ Жэмтхьэлэ курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Молэ СулътIан. Бзэм ехьэлIа термин зыбжанэ Молэм адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ икIи 1992 гъэм газетым къытридзауэ щытащ. Къэтхьынщ ахэр псори: падеж – псалъэзешэ, именительнэ – цIэиIуэ, эргативнэ – зыхъуэж, послеложнэ – зыунэтI, обстоятельственнэ – зэрыхъу, префикс – псалъэпэIыхьэ, суффикс – псалъэкIэIыхьэ, послелог – псалъэгуэдзэ, союз – псалъэзэпыщIэ, глагол – лэжьыгъэцIэ, наречие – къэхъукIэцIэ, частицэ – псалъэкIапэ, междометие – макъыцIэ, грамматикэ – щIэнщапхъэ, подлежащэ – зыхужаIэр, сказуемэ – хужаIэр, дополненэ – щIыгъур, определенэ – джынгъуазэ, причастие – зэрещхьыр, деепричастие – зэрыпыщIар, предмет – щIэнкъудамэ, оценкэ – щIэнпэкIуэ, перерыв – зэIурыугъуэ, тетрадь – тхылъэ, изложенэ – тхэрыIуатэ, сочиненэ – гурытх, диктант – зэхэхырытх, учебник – джылъэ, урок – щIэнIыхьэ.

Зэрынэрылъагъущи, мыбыхэм я нэхъыбэр гурыIуэгъуэу щытщ, термину къапщтэ зэрыхъунуми шэч хэлъкъым. Мы терминхэр псори Шэрджэс Алий и псалъалъэм хигъэхьащ. Пэжщ, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри зыгъуэта хэтщ: джынгъуазэ (зыгъэнахуэ) – определение, зэрещхьыр (зэрыхэщIыхьар) – причастие, лэжьыгъэцIэ (псалъэцIэр) – глагол, тхыбзэ (тхырыбзэ е тхыбзэщIэкI) – литературэ, щIэнкъудамэ (щIэн къудамэ) – изучаемый предмет, щIэнIыхьэ (джыгъуэ Iыхьэ) – учебный урок.

Молэ СулътIан къигъэщIа терминипщI иджы дыдэ БищIо Борис къыдигъэкIа бзэщIэныгъэ фIэщыгъэцIэхэм я псалъалъэм ихуащ. Джаурджий Хьэтыкъэ и «Адыгэбзэ» тхылъым дащрохьэлIэ мыпхуэдэ терминхэм: вводнэ – хэзышэ, дефис – екъуа, екъуа цIыкIу, текст – тхыгъэ, термин – фIэщыгъэцIэ, орфография – пэжырытхэ, нейтральнэ – ику иту, письменность – тхыбзэ, речь – жьабзэ, н.къ. Мыхэр бзэм жыджэру къыщагъэсэбэп.

Зыгъэхьэзырар Тамбий Гуащэмахуэщ.

Поделиться: