И гумахагъэр псоми яхуегуэшМы тхыгъэр зытеухуа Беслъэней Нинэ пасэу щIидзащ усэ тхын. И гур абы пасэу къызэрыхуэушам зыкъомкIэ и фIыщIэ хэлъщ и адэ Хьэжбий. ГъащIэм и Iуэхугъуэ куэд къызэщIеубыдэ Беслъэнейм и тхыгъэхэм. Беслъэней (Щоджэн) Нинэ Хьэжбий и пхъур къыщалъхуащ Бахъсэн куейм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм 1960 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, Нинэ и мурадащ щэнхабзэм щыхурагъаджэм щIэтIысхьэну, ауэ и адэ Хьэжбий и пхъур бухгалтер хъуну щIэхъуэпсырти, щыхурагъаджэм игъэкIуащ. Ар къиуха нэужь Нинэ 1978 - 1988 гъэхэм «Iуащхьэмахуэ шхапIэм» бухгалтеру щытащ, иужькIэ «Восток» колхозым кадрхэмкIэ къудамэм и инспектору лэжьащ. Мы зэманым Нинэ Бахъсэн «Районым администрацэм социальнэ IуэхухэмкIэ къудамэм и лэжьакIуэщ». Абы и къалэнхэр сыт щыгъуи дагъуэншэу зэфIегъэкI. Беслъэнейм и усэхэр къытрадзащ «Iуащхьэмахуэ», республикэм, Бахъсэн районым къыщыдэкI газетхэм. Нинэ и усэхэр куэдым ягу ирохь, щIэупщIэшхуэ иIэщ, зэIэпахыу йоджэ. Усэн зэрыщIидзамкIэ дгъэзэжынщи, и адэ Хьэжбий сабийм зэчий зэрыбгъэдэлъым гу лъитэри, тхылъ, газет гъэщIэгъуэнхэм иригъаджэурэ тригъэгушхуащ. Нинэ и япэ усэр етIуанэ классым щIэсу зэхилъхьауэ щытащ, пионерхэм ятеухуауэ. Ар къытрадзащ «Пионерская правда» газетым. Абы лъандэрэ Нинэ тхэныр зэпигъэуакъым. Ар матхэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи. 2000 гъэм Нинэ и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. «Быным къыбгъэдэкI гуфIэгъуэр тIуащIэщ» - жаIэ. ГурыфIыгъуэу къыхуэнар и бынищырат, ахэр къэIэтын, лъабжьэ етын хуейт. Шэч зыхэмылъырщи, и быным тегужьеикIа анэр мафIэми хыхьэфынущ. Сыт хуэдэ гугъуехь пэщIэмытами, иджыри щIалэ дыдэу фызабэ хъуа цIыхубз щыпкъэм, хузэфIэкIащ сабийхэр зыхуей хуэзауэ къигъэхъун, гъуэгу зырыз тригъэувэн. Къалэн куэд и пщэ дэлъми, Нинэ хузэфIокI зэман къыдигъахуэурэ матхэ, и усэхэри цIыхухэм гуапагъэу ябгъэделъхьэ. Лъэпкъым, Хэкум, лъагъуныгъэм, тхыдэм ятеухуа, сабийхэми балигъхэми яхуэгъэза усэ куэд Нинэ и къалэмыпэм къыщIэкIащ. «Уэ усымаджэщ» жыхуиIэ усэр Беслъэнейм и щхьэгъусэм хузэхилъхьауэ щытащ 2000 гъэм. Ари, Нинэ и нэгъуэщI усэхэри нобэ фи пащхьэ идолъхьэ.
Уэ усымаджэщ Уэ усымаджэщ, сэ сыпхуэгумащIэу, Уи узыр бдэзгуэшын схузэфIэмыкI. Гур зэрыхэщIыр зыкIи къозмыгъащIэу, ФэрыщIу, нэкIэ сыныпщогуфIыкI. Уи нэкIущхьитIу фагъуэм къытещ нитIым Уз къыптехьэлъэр наIуэурэ къыщIощ. Уэ лIыгъэу пхэлъыр яхэлъынкъым лIитIым - Уи псалъэ къэскIэ бэшэчагъ къыхощ. СхузэфIэкIатэм узыр пщхьэщысхынти, Мы си Iэпкълъэпкъыу сиIэм изгуэшэнт. Уи гъащIэм Iейуэ хэлъыр къыхэсхынти, Дунейм дахагъэу тетым ухуэсшэнт! Зы хабзэ иIэу щытмэ лъагъуныгъэм, Мы си гухэлъыр уэ сэбэп пхуэхъунщ. Къарууэ иIэр зыхищIэнщ си тыгъэм, Хущхъуэгъуэ хъунщи, Си псэр ухъужынщ. Закъуэныгъэ СынолъэIур, закъуэныгъэ, сынолъэIу- СатегъакIуэ уэ си бийм, къыздэIэпыкъу… Мэдыхьэшххэр ахэр нобэ мэдыхьэшх, Сэ си дамэр якъутауэ СфIощIыр сашх. «Уи гугъати уардэу уэгум уэ уитын? Уи гу къабзэм уи гугъати зимытын? Дэнэ кIуа уи гушхуэныгъэр, Уи къарур? Уи гугъати упсэуну Бдзыуэ нур? Дэращ нобэ зи тетыгъуэр Мы дунейм, Ухэддзэнщи уедгъэсынщ Мо мафIэ лыгъейм». ЯутIыпщами нобэ бийхэм Я бзэ Iейр, Абы зэкIэ полъэщыф Си къару хейр. Хэт си бийхэр? КъозгъэщIэну сэ сыхуейщ: Ар пцIы телъхьэрщ, Напэтехырщ, Ар бзэгу Iейрщ.
Ауэ сэ семыгупсыс апхуэдэу… ГъащIэм фIыри Iейри щызэхуэдэу ЖаIэу куэдрэ сэ срихьэлIащ, Ауэ, сэ семыгупсыс апхуэдэу: Ар зэрыгуэшын хуейр и хьэлъагъщ. ЦIыху гумащIэм псалъэ гуауэ закъуэм? Къамэ щIыкIэу, и щхьэр къыхуфIех, ГущIэгъуншэу сабий нэпс ебакъуэм Псалъэ гуауэр зыхимыщIэу блех. ЦIыху гупцIанэм мардэ лъэпкъ имыIэу И гуапагъэр псоми яхуегуэш, Ауэ гущIэгъуншэм ар къиуIэм, Нэпс щIигъэкIыу щыму фIым хуозэш. ЦIыху уахътыншэр Iейм хуэкъарууншэщ: Лей къылъысми, лей хуземыхьэж, Ар зэхэзмыщIыкIыр цIыху напэншэщ, Абы зыкIи шэч къытумыхьэж. ДауикI, зэрытлъагъущи, зэхуэмыдэ ЦIыхум Iейм пигъэувыф къарур. Ауэ щыхъукIэ, зэи зэхуремыдэ Къыщысам деж фIыми и чэзур.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




