ЦIыхубэ тхакIуэм зэрихьа лIыгъэрАдыгэ литературэм и классик, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, бзэ щIэныгъэлI, егъэджакIуэ Нало Ахьмэдхъан ТекIуэныгъэм Германием щыIущIащ. Взводым, ротэм я унафэщIу щытащ, зауэлI хахуэу, зэфIэкI зиIэ унафэщIу зыкъигъэлъэгъуащ, зауэ гуащIэхэм лIыхъужьыгъэ къыщигъэлъагъуэу хэтащ сапёру. Невский Александр и цIэр зезыхьэ, Вагъуэ Плъыжь, Хэку зауэшхуэм и I нагъыщэ, Хэку зауэшхуэм и II нагъыщэ орденхэмрэ СССР-м и медалипщIрэ, Польшэ ЦIыхубэ Республикэм и медаль къыхуагъэфэщащ. Нало Ахьмэдхъан 1921 гъэм Хьэтуей къуажэм къыщалъхуащ. Классибл школыр къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр педрабфакым щIэтIысхьащ. 1941 гъэм ар къиухри, бадзэуэгъуэм Лэскэн щIыналъэм и военкоматым Дзэ Плъыжьым ириджат икIи зауэм и япэ махуэхэм щыщIэдзауэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм пэщIэтащ. Дыгъэгъазэ мазэм щыщIэдзауэ Москва деж щекIуэкIа зэхэуэм хэтащ. 1942 гъэм сержант нэхъыжь Налор Ленинград и дзэ-инженер училищэм еджакIуэ ягъэкIуащ, паромкIэ Iэщэр псым зэпрызыш IэщIагъэм хурагъэджэну. Ар къиухри, 1943 гъэм накъыгъэ мазэм зауэм Iухьэжащ. Ипщэ-къухьэпIэ фронтым (1943 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м щыщIэдзауэ 3-нэ Украинэ фронт) и 101-нэ понтон-лъэмыж батальон щхьэхуэм и взводым и унафэщIу ягъэкIуащ. А гъэ дыдэм и гъэмахуэм Нало Ахьмэдхъан Украинэм щекIуэкIа зэхэуэхэм хэтащ. Северский Донец псыежэхым деж бийм зэрыщыпэщIэтар къалъытэри, япэ дамыгъэр къыхуагъэфэщащ. Япэ гвардейскэ армэм и унафэкIэ, 1943 гъэм фокIадэм лейтенант Нало Ахьмэдхъан Хэку зауэшхуэ орденым и II нагъыщэр къратащ. Бжьыхьэм ар хэтащ Днепропетровск къалэм и Iэгъуэблагъэм, Днепр псыежэхым и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щекIуэкIа зэхэуэм. Абы щыгъуэм Налом Вагъуэ Плъыжь орденыр къратащ. Лейтенант Нало Ахьмэдхъан и взводым понтониплIым я лэжьыгъэр иунэтIащ Днепр псыежэхыр щызэпаупщIым. Япэ понтониплIыр бийр здэщыс псы IуфэмкIэ зышар аращ. Пулемёт, миномёт мафIэхэр къызэринэкIыурэ, лейтенант Налом понтонхэр бийр здэщыс псы IуфэмкIэ зэпришащ хэщIыныгъэншэу. Метр минищ зи бгъуагъ псыежэхыр зы жэщым къриубыдэу тIэунейрэ зэпаупщIат абыхэм. 1944 гъэм гъэмахуэм понтон взводым и унафэщI, лейтенант, 3-нэ Белорусскэ фронтым хэта Нало Ахьмэдхъан КъуэкIыпIэ Пруссиемрэ Польшэмрэ хуэкIуэ Неман псыежэхыр къызэринэкIащ, къыхуащIа унафэр и гупым ягъэзэщIауэ. 1944 гъэм щэкIуэгъуэм Нало Ахьмэдхъан абы щхьэкIэ къратащ Невский Александр и цIэкIэ ягъэува орденыр. АдэкIэ ар хэтащ Дзэ Плъыжьым Польшэр щхьэхуит къыщищIыжым, Вислэ, Нарев, Одер псыежэххэм зауэлIхэмрэ техникэхэмрэ зэпрызышахэм. Иужьрейм щхьэкIэ абы къыщытхъуат батальоным и унафэщI майор Ильичев. А щытхъу псалъэхэр тхауэ щIагъужат абы къыхуагъэфэща дамыгъэм. Хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ я щапхъэу Налор къилъытэу ар Берлин нэсауэ щытащ. КъыщащIа къалэнхэр къызыхуэтыншэу икIи и пIалъэм фIэмыкIыу зэригъэзэщIам папщIэ, Правительствэм и дамыгъэ нэхъыщхьэр – Ленин орденыр - къыхуагъэфэщат. 1945 гъэм накъыгъэм лейтенант нэхъыжь Налом къратащ Хэку зауэ орденым и 1 нагъыщэр. 1946 гъэм ар Хэкум къэкIуэжащ, Польшэр щхьэхуит къэзыщIыжахэм зэрахэтам папщIэ «За Одер, Ниссу, Балтику» медалыр къыхуагъэфэщауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжа нэужь, Лэскэн райисполкомым щылэжьащ, ВКП(б)-м и парт курсхэр 1947 гъэм къиухащ. Парт, къэрал лэжьакIуэ IэнатIэкIэ дэкIуеифыну щыта пэтми, щэнхабзэм, литературэм, щIэныгъэм, и лъэпкъым хуэлэжьэныр къыхихащ. Налшык пединститутыр 1951 гъэм къиухри, кандидат диссертацэр пхигъэкIащ. Бзэ щIэныгъэлIым адыгэбзэмрэ литературэмрэ курыт еджапIэхэм зэрыщрагъэдж тхылъ зыбжанэ, къэбэрдей-шэрджэс псалъалъэр къыдигъэкIащ. 1950 гъэм щыщIэдзауэ пединститутым, иужькIэ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ я егъэджакIуэу щылэжьащ. ЦIыхубэм гунэс ящыхъуа художественнэ тхыгъэ купщIафIэхэр-щэ? Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ зэрыщIэбэнам триухуащ «Нэхущ шу» романыр, «Къэрэгъул зэблэкIыгъуэ», «Жыгей жьауэм», «Рейхстагым адыгэбзи тетщ», «Сэлэт шыуанжьей», «Псыхьэ нанэ», нэгъуэщI и тхыгъэхэр. ЩIалэ дыдэу езыр зыхэтыну къыхуихуа Хэку зауэшхуэм щилъэгъуахэр игу къинэжати, зауэм и пэжыр зэи щIиуфакъым, абы хэтахэм я гупсысэхэр и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ. Нало Ахьмэдхъан 2010 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м дунейм ехыжащ. ТхакIуэр щыпсэуа унэм фэеплъ пхъэбгъу фIадзащ. 2012 гъэм Налшык къалэм и щIыпIэ самоуправленэм и унафэкIэ, къалэм и уэрамхэм ящыщ зым абы и цIэр фIащащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




