«Урысей - Ислъам дуней»

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мы махуэхэм хэтщ Тэтэрстаным и щыхьэр Къэзан щекIуэкI «Урысей - Ислъам дуней: KazanForum» зыфIаща дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм. Абы и лэжьыгъэм Iэтащхьэр щытеп­сэлъыхьыжащ и телеграм-каналым. 

 - Нобэ Къэзан къалэм къы­щызэIуаха «Урысейм и ислъам дунейр: KazanForum» дуней­-псо зэхуэсышхуэм сы­щыIэщ, къуэш республикэм и УнафэщI Минниханов Рустам Нурхьэлий и къуэм и дэIэпы­къуныгъэкIэ накъыгъэм и 1-м лэжьэн щIэ­зыдза Налшык -­ Къэзан кхъухь­лъатэ рейсымкIэ сыкъэкIуауэ. Урысейм и щIы­налъэ псори къызэщIэзыубы­дэ мыгъэрей зэхуэсым кърихьэлIащ къэрали 100-м щIи­гъум щыщ лIыкIуэхэр. ПщIэ зыхуэтщI ди Президент Путин Владимир зэхуэсым   къе­кIуэлIа хьэщIэхэм зэрыза­хуигъэза ­псалъэхэм мыхьэнэ­шхуэ яIэщ: «Илъэсищэ бжыгъэ хъуащ лъэпкъыбэу зэхэт ди къэралыр ислъамыр щытепщэ щIыналъэхэм япыщIауэ къы­зэрыгъуэгурыкIуэрэ. Нобэ экономикэ и лъэныкъуэкIэ щы­тыкIэ гугъум дызэритым щхьэ­кIэ къэмынэу, щIэныгъэм, егъэ­­джэныгъэм, эко­номикэм ди зэпыщIэныгъэ­хэр щедгъэ­фIэкIуэну, цIыхум ифI къы­зэрыкIыпхъэ лъэны­къуэ псоми зэрызедгъэу­жьы­ным яужь дитщ». 
Зэхуэсхэм я зыр теухуат Урысейм бжыгъэхэр зи лъабжьэ Iэмэпсымэхэм зэрызыщауб­гъум: «Нобэрей дунейм и нэ­щэнэу щыт бжыгъэхэр зи лъабжьэ Iэмэпсымэхэм зэдэлэ­жьэ­ныр нэхъ тынш ящI». 
Абы къе­кIуэлIахэр я лэ­жьыгъэм щаIэ ехъулIэныгъэ­хэмкIэ зэ­хъуэжахэщ, хэкIыпIэ къы­зыхуалъы­хъуэ Iуэху зэIу­мы­бз­хэм ирахьэлIапхъэ IэмалхэмкIэ зэдэгуэшащ. 
КъинэмыщIауэ, Къэзан и IT-паркым щызэхэтащ «Урысейм и щIалэгъуалэ политикэр зэманым зэрыдригъэкIур» зы­фIа­­ща зэIущIэр. Ар къызэIуихащ «Урысей - Ислъам ­дуней» и Iыхьэу щыт «Жы­жьэ­ плъэ мурадхэм елэжь гу­­пым» и унафэщI Минниханов Рустам. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ, «КъэзанЗэхуэс-2025»-м и къызэгъэ­пэ­щакIуэ комитетым и уна­фэщI Хуснуллин Марат. Зэхуэ­сым къе­блэгъахэм защы­хуигъа­зэм, абы жиIащ: 
- Мы гъэм дэ догъэлъапIэ ­Хэку зауэшхуэм къыщахьа Те­кIуэ­ныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъуар. Ар дигу къыщы­дгъэ­кIыж зэIущIэхэм гулъы­тэшхуэ щахудощI мы зэ­хуэсым. Мыхьэнэшхуэ иIэщ ди адэжьхэм ятеухуа гукъэкIыж-хэр зыщыдмыгъэгъупщэным, ахэр къыдэкIуэтей щIэблэм ­щапхъэу къахуэдгъэнэным, нацизмэм, расизмэм, лъэпкъ дэкъузэныгъэм зэкъуэту дапэ­щIэувэным. Апхуэдэу фIэкIа тхуэ­хъу­мэнукъым цIыхум ижь-ижьыжкIэ къыдекIуэкI лъапIэныгъэхэр, экстремизмэм­рэ терроризмэмрэ къыхуезы­джэхэм датекIуэфынукъым». 
 ЩIалэгъуалэ политикэм епхауэ лажьэ IуэхущIапIэхэр, ­щIыналъэхэм я унафэщIхэр, хамэ къэралхэми Урысейм и щIыпIэхэми къикIа лIыкIуэхэр кърихьэлIащ мы зэхуэсым. ЩIэныгъэ программэхэр, къэ­хутэныгъэ проектхэр, конференцхэр, семинархэр, егъэджэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмрэ къы­зэщIэзыубыдэ лэжьыгъэ щхьэ­пэхэр къэралым и кIуэцIми  хамэ хэкухэми щагъэлэжьэну, зэпыщIэныгъэхэм зрагъэуб­гъуну я мурадщ мыбдежым щекIуэкI зэIущIэхэм я ужькIэ. 
Къэзан зэхуэсышхуэм КIуэ­кIуэ Казбек щыхуэзащ Узбекистаным и премьер-министрым и къуэдзэ Ходжаев Джамшид. 
«КъБР-м илъэс зыбжанэ ­хъуауэ Узбекистаным эконо­микэ-сату лэжьыгъэхэр дрегъэкIуэкI. Иужьрей зэманым щIыналъитIым я зэхуаку щэн-щэхуэн IуэхукIэ щызэблэкIа мылъкур хуэдэ 1,3-кIэ хэхъуащ. Ди республикэм Узбекиста-ным ирещэ налмэс Iэмэп­сы­мэхэр, белок пкъахуэхэр, крахмал лIэужьыгъуэхэр, Iэ­фIыкIэ­хэр, фадэ зыхэт-зы­хэмыт псы­хэкIхэр, нартыху жы­лэхэр. Дэ Узбекистаным къы­щыдощэху бжьэхуц, IэкIэ е машинэкIэ зэIуща щэкIхэр. Дя­пэкIи дызэрызэ­дэлэжьэнум дытепсэлъы­хьащ», - иритхащ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым.
КъБР-м и Iэтащхьэр Киров областым и губернатор Соколов Александри щыIущIащ зэхуэсым. 
«Дэ япэу дыщыхуэзауэ ­щы­тащ 2023 гъэм Петербург щы­зэ­хэта дунейпсо экономикэ зэIущIэм. Абы щыгъуэ зэгурыIуэ­ныгъэ зэтщIылIат ­щIына­лъи­тIыр сату-экономикэ, щIэ­­ны­гъэ-техникэ, щэнхабзэ, нэ­гъуэщI IэнатIэхэми щы­зэ­дэ­лэ­­жьэным теу­хуауэ. АдэкIи транспорт, про­мыш­ленность, мэ­къу­мэш, туризм, ухуэныгъэ, псэу­пIэ-коммунальнэ IэнатIэ­хэм, мэзхэм зегъэужьын, нэ­гъуэщI унэ­тIы­ны­гъэхэмкIи ды­зэдэ­лажьэ хъуащ. Къэзани ды­щытеп­сэлъыхьащ щIыналъэ­хэм я зэпыщIэныгъэхэм, абы­­хэм щIалэгъуалэ проектхэр зэ­гъусэу пхыгъэкIынри яхэту, адэкIи зегъэужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэм», - дыкъыщоджэ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым.

 

Поделиться:

Читать также: