Тэрчыжь Iуфэ етIысэкIат…

Тэрч куейм и жылагъуэ нэхъыжьхэм ящыщ Терекскэ (Болэтей) къуажэм и тхыдэр 1847 гъэм къыщожьэ. НэхъыжьыIуэхэм къызэраIуэтэжымкIэ, Курп псыр Тэрч щыхэхуэж щIыпIэм пэгъунэгъуу нэхъапэм жылэр щысащ. Нобэ ар куейм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэм хуозэ. Псыежэххэр, хъупIэр, мэзыр къуажэм пэжыжьэкъым. Дауи, аращ а щIыпIэр къыщIыхахауэ щытари.
Къуажэдэсхэр нэхъыбэу зэлэжьыр мэкъумэш щIэнымрэ Iэщ гъэхъунымрэщ. Совет лъэхъэнэм Болэтейм и колхозым ехъулIэныгъэфIхэр иIэт. Къапщтэмэ, 1985 гъэм гъавэу центнер 81180-рэ кърахьэлIэжат. Къуажэдэсхэм куэдрэ фIыкIэ ягу къагъэкIыж Хьэжу Анатолэ колхоз тхьэмадэу щытета илъэсхэм я жылэм лэжьыгъэшхуэ зэрыдэлъар. Абы щыгъуэ жыг хадэшхуэ зэрахьэрт, щIымэракIуэ ягъэкIырт, къаз, гуэгуш фермэхэр яIэт.
Болэтейдэсхэм къахэкIащ щIэныгъэлIхэр, узэщIакIуэхэр, егъэджакIуэ Iэзэхэр, гъавэгъэкIхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр. Абыхэм ящыщщ Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Дадэ ХьэмытIэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран Мэкъуауэ Нащхъуэ, хьэрыпыбзэр и лъабжьэу адыгэ алыфбейр зэхэзылъхьа Фанзий Мэжид, егъэджакIуэ Наурыз Фозэ, нэгъуэщI куэди.
…1804, 1810, 1816 гъэхэм пащтыхьыдзэм и генерал пашэхэу Глазенап, Булгаков, Ермолов сымэ дзэшхуэхэр ящIыгъуу Къэбэрдей цIыкIум къытеуауэ щытащ. Къуажэ щэныкъуэм хуэдизым лъапсэрыхыр къыхуагъэкIуащ абы щыгъуэ. ЗэратхыжымкIэ, зэтрамыгъэсхьауэ къэнар къуажибгъу къудейт, цIыхуми щIыми леишхуэ ирахат. НэщI хъуа щIыхэм къэзакъхэр ирагъэтIысхьат, нэхъ гъунэгъуIуэу къыщыс шэшэнхэми ингушхэми ди щIы кIапIэхэм щыщ яубыдат.
Ныбэжь Михаил къытIэригъэхьауэ щыта тхыгъэм зэрыщытхамкIэ, абы щыгъуэм Болэтей жылэжьыр здэщысар иджы ПсыдахкIэ зэджэ щIыпIэм дежт. А къэхъугъэм иужькIэ, лIакъуэлIэшхэм къахэкIауэ псэууэ къэнэжахэм псэупIэщIэ къалъыхъуэу хуежьащ. Уэркъ щIалэ БолэткIэ зэджэр къежьэри, иджыпсту къуажэр здэщысым къытеувыIащ. ЩIыпIэр дахащэт: Тэрч Iуфэт, абы къыпылъ тафэ щхъуантIэхэр былым хъупIэт, псым и сэмэгурабгъумкIэ мэзышхуэ екIуэкIт. Арати, щIыпIэр игу ирихьри, Болэтыр абдеж щетIысэхащ, къуажэри яухуэу хуежьащ. А зэманым Ендрей ЦIыкIурэ ЕндреишхуэкIэ еджэу къуажэ цIыкIуитI ипщэкIэ бгы лъапэм къытест. А къуажэ цIыкIуитIыр, зэратхыжымкIэ, 1774-1775 гъэхэм къэтIысат. Болэтейр и ныбжькIэ жылэ нэхъыжьхэм хабжэ, икIи и лъабжьэр 1845-1847 гъэхэм къыщожьэ, ауэ къуажэм дэт кхъэм къыхэнауэ хэт мывэ сын закъуэтIакъуэхэм тет илъэс бжыгъэхэм тепщIыхьмэ, 1825-1827 гъэхэм къуажэр яухуэн щIадзауэ хуэбгъэфащи хъунущ.
Болэтей къуажэм къыпытIысхьащ къумыкъу, шоркъалэ хьэблэкIэ зэджэ жэмхьэтхэр. Нэхъ иужьыIуэкIэ, хуэм-хуэмурэ, хьэблитIри Болэтейм хэшыпсыхьыжащ, Шоркъалэ хьэблэм дэса Шорэхэ Балъкъэр унэцIэр зыфIащыжри. Ендреишхуэри Ендрей ЦIыкIури унагъуэ зырыз-тIурытIурэ бгым къехыурэ Болэтейм къахэтIысхьэжащ. А щIыкIэм тету Болэтейр къуажэшхуэ хъужащ. 
Къыхэгъэщыпхъэщ: XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ болэтейдэсхэр щIым зэрытелэжьыхьу щытар пхъэIэщэм выхэр щIэщIауэт. Нэхъыбэу ягъэкIырт хьэр, гуэдзыр, иужькIэ, XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм, нартыхур хасэу хуежьащ. Гъавэр гъубжэкIэ Iуахыжт, зэзэмызи шэмэджкIэ. ХадэхэкIхэм щыщу хъарбызыр, хъэуаныр, къэбыр, бжьыныр нэхъ къайхъулIэт. Гъавэ къаIэрыхьэр яхьэжын папщIэ, щхьэл мыинхэр ящIт, Iэлъэныкъуэ щхьэлхэри щыIэт. Апхуэдэуи болэтейдэсхэр жыджэру хэтт бжьэ гъэхъунымрэ щэкIуэнымрэ. БжьаIуэхэр зей хабзэр уэркъхэмрэ пщыхэмрэт. Къалэжьым и Iыхьэ ныкъуэр Мэздэгу, Къызлар бэзэрхэм яшэрт. Жылагъуэм пэгъунэгъу мэзхэмрэ губгъуэхэмрэ къуалэбзукIэ, хьэкIэкхъуэкIэкIэ бейти, мыхьэнэшхуэ иIэт щэкIуэнми. МэкъумэшыщIэ унагъуэхэм фэм, цым къыхащIыкI я упщIэхэм, бащлъыкъхэм, пыIэхэм щIэупщIэ яIэт.
Къумыкъу Тыгъуэн «Экономическое и культурное развитие Кабарды и Балкарии» и тхылъым къызэрыщихьымкIэ, 1890 гъэм ирихьэлIэу Болэтей къуажэм унагъуэ 233 дэст, гъавэ щIапIэу гектар 13942 яIэу.
Iэщ гъэхъуным хъер къыхахт къуажэдэсхэм. Абы щыгъуэми щыIэт Iэщ зимыIэ унагъуэхэри. Апхуэдэхэм я унагъуэр ягъэшхэн папщIэ, я щIы Iыхьэхэр ятт е ящэжырт, зыри мыхъужыххэмэ, лэжьакIуэ щIыпIэ жыжьэхэм кIуэрт. КъыжыIэпхъэщ Къамбыкъуэ Къанэмэт илъэсибгъукIэ Тыркум зэрыщылэжьар. ХьэтIэхъу Гуцырэ, Хьэжу Хьэмид, Сыкъун ЦыкIунэ сыми Америкэм илъэситIкIэ щыIат. Хьэжу Хьэмид къигъэзэжа иужь, Тэрч псыежэхым и Iуфэм щхьэл трищIыхьат.
Болэтейдэсхэм сыт щыгъуи IэпщIэлъэпщIагъэр къадэгъуэгурыкIуащ. ГъукIэ Iэзэу жылэм дэсащ Фанзий Темыркъан. Я щIакIуэхэмкIэ бащлъыкъхэмрэ пыIэхэмкIэ я цIэр жыжьэ щыIуат Хъанийхэ Быхуэрэ Блацэрэ, Балъкъэр Сасэ, Къэбардэ Хужь сымэ. Гуэгуэнхэр, сэхэр, нэгъуэщI хьэпшыпхэри хьэлэмэту ищIт Гуэбэшы Тэулин. Лъэпкъ фащэм пкърылъыпхъэхэр ягъэхьэзыру щытащ Хъаний КIуэкIуш, Урсыкъуэ КIунэ, КIэнцIалий КIурицэ, Балъкъэр Гуланэ сымэ. 
Тыкуэнхэр япэу зыгъэлэжьахэм ящыщщ Дадэ Iэсхьэд, Хьэшыр Машэ, Щэныбэ Мэрем, Жылау Хьэцу сымэ. Болэтей жылэм бэзэр къыщыунэхуа иужь, абы къекIуалIэу щытащ ХьэпцIей, Абей къуажэхэм, гъунэгъу станицэ зыбжанэм щыпсэухэр. Сату Iуэхухэм ухэтын щхьэкIэ урысыбзэри фIыуэ пщIэн хуейт. АбыкIэ болэтейдэсхэм сэбэп къахуэхъуауэ жыпIэ хъунущ Тэрч и сэмэгурабгъу IуфэмкIэ къыщыс урысхэр. Къэзакъ станицэхэу Черноярская, Екатериноградская, Прохладненская, Павлодольская, Луковская, нэгъуэщIхэми сату зэрыдащIэм ныбжьэгъугъэри къыдэкIуэрт, болэтейдэсхэм урысыбзэр зрагъащIэрт, Iуэхуми нэхъ хэгъуазэрт. 
Революцэм япи иужькIи цIыхугъэрэ хабзэрэ зыдэлъ къуажэ нэхъыфIхэм хабжэу щытащ икIи щытщ Болэтей жылэр. Ендрейр къызытехъукIа Ендэрхэ щыщи Болэтейр къызытехъукIа Болэтхэ щыщи иджыпсту къуажэм дэсыжкъым, ИстамбылакIуэм и зэманым ахэр Тыркум кIуауэ хуагъэфащэ. 
I9I2 гъэм молэ ГъумкIэ еджэу жылэм дэса духьэшым и жэрдэмкIэ, мэжджыт дахэ къуажэм дащIыхьат. А зэманым абы нэхъ уардэ Кавказ Ищхъэрэм щымыIауэ яIуэтэж. Революцэ нэужьым, дин лэжьакIуэхэр зэхэзехуэн щащIым, пщIэ лъэпкъ игъуэтыжакъым а мэжджытым, гъавэ щIэкIутапIэ ящIыжауэ щытащ. I943 гъэм къуажэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щаубыдам, мэжджытыр ямыкъутэу къэнат, арщхьэкIэ зауэ нэужь илъэсхэм Тэрчыжь  къетIысэкIауэ Iус жылэр псым игъэпIейтейуэ хуежьащ, Iуфэр зэрыгуилъэсыкIым къыхэкIыу. Абы игъэгужьея къуажэдэсхэм я унэхэр якъутэжурэ бжьэпэм къыдэкIыу щIадзащ. Хъаний ПIетIро къуажэм и колхозым и унафэщIу щылэжьа илъэс тIощIым къриубыдэу выгурэ шыгукIэ жылэр къуэкIийм къыдэIэпхъукIри, Джылахъстэнейм щынэхъ дахэ дыдэ къуажэхэм ящыщ зы яухуащ. Тэрч увыIакъым къуажэр зытеса щIым и ныкъуэ псор ихьыху. Мэжджытри якъутэжри, къумыкъукхъэкIэ зэджэм зы унэ цIыкIу дащIыхьыжащ, нэмэз щыпщI хъууэ. 
Зауэм и пэм щегъэжьауэ абы и къэзэуатымрэ бэлыхьымрэ зышэча, Берлин къыщащтэм хэта Хъаний ПIетIро къуажэдэсхэм фIыуэ ялъагъут, пщIэи хуащIт. Апхуэдиз хьэзаб зышэча лIыр къэгубжьыгъуафIэт, щIэхыуи теужт. Мис а гъэ гугъухэм ПIетIро псэукIэщIэ зэтеувэжыным и лъабжьэр игъэтIылъауэ жыпIэ хъунущ. 
Къуажэм хабзэрэ нэмысрэ дэлъу къыщIэгъуэгурыкIуар къулыкъу зыIыгъахэмрэ лIыжь Iущ дэсахэмрэ я фIыгъэу къалъытэ. Абыхэм я акъылымрэ я тэмакъымрэ адрейхэм гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъуащ, нэхъыжьыфIхэм хаша лъагъуэ угъурлым дахэу техьэри. Ар нэхъ ин икIи бгъуфIэ ищIащ илъэс I7-кIэ колхоз унафэщIу лэжьа Хьэжу Анатоли. А зэманым къриубыдэу а лIым илэжьамрэ жылэм хуищIамрэ лъытэгъуейщ: хабзэ дахэмрэ цIыхугъэ лъагэмрэ къигъэщIэрэщIэжащ, цIыхухэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэригъэпэщащ, езы къуажэр бей хъунымкIэ и гуащIэ еблэжакъым.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: