Жьэкуэ жылэр

Хьэжрэт адыгэ къуажэхэр нэхъыбэу зыIусыр Инжыдж ЦIыкIу Iуфэрщ. Псым ищхьэмкIэ къыщIэбдзэмэ, япэ узыхуэзэр Жьакуэ къуажэрщ. Гъуэгуанэ кIыхь зэпичащ къуажэм, здэщыс щIыпIэр хэ-блэ ихъуэжащ. Хъыбарыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, нобэ Жьакуэ (Алъэсчырей) зи цIэ къуажэр Балъкъ псыхъуэм дэсащ, «Беломечеткэ» и Iэгъуэблагъэм. Бэрэгъун деж щысауэ жызыIи щыIэщ. Къэбэрдейм икIа нэужь, илъэс 15 - 20 хуэдизкIэ Марэ (нобэ къэрэшей къуажитI щопсэу, Карачаевск километрибл хуэдизкIэ пэжыжьэщ) псыхъуэм КъубатейкIэ еджэу дэсащ, абы и ужькIэ Хьэсэут, Къардэныдж псы Iуфэхэм тIэкIурэ къыщыувыIащ, 1846 - 1891 гъэхэм Инжыдж Iуфэ деж «Жьакуэ мэз» зыдэт къуэм дэсащ, 1892 гъэм, километритху хуэдизкIэ къыдэкIуэтейри, щытIысащ нобэ зыщыпсэу щIыпIэм (км 55-кIэ Черкесск къалэм ипщэкIэ).

1865 гъэм Алъэсчырей дэсар унагъуэ 48-рэт (цIыху 372-рэ). А зэман хьэлъэм мылъкуу абыхэм яIащ: Iэщу 573-рэ, шыуэ 19, мэлу 2378-рэ, бжьэматэу 239-рэ.

Къэбэрдей жылэхэм хуэдэу, егъэлеяуэ цIыху куэд дэскъым шэрджэс къуажэхэм.

Жьакуэ и цIэри зыбжанэрэ ихъуэжащ. Шыбзыхъуэ Мырзэбэч Ахьмэд и къуэм къызэриIуэтамкIэ, Жьакуэ нэхъапэ дыдэ зэреджэу щытар Тыжьейщ - къуажэр зэтIысылIар Тыжьхэти… Жьакуэм и фIэщыгъэцIэр къызытекIар лIы гуэрым и цIэщ (зытхыжар ГъукIэмыхъу Iэбубэчырщ). Дэ дызэупщIахэм абы щыхьэт техъуэ хэткъым, ауэ пэжынкIэ мэхъу: Тыжьхэ куэд щIауэ дэсщ къуажэм. (Тыжьхэ иджы зэманым Жьакуэ зы унагъуэ, Тыркум унагъуитI мыхъумэ зыщIыпIи щыпсэужкъым). Хуэбгъэфащэ хъунущ пасэ дыдэу, ХVIII лIэщIыгъуэм, Алъэсчырейуэ къуажэр щытауэ, итIанэ Къубатей, аргуэру Алъэсчырей, икIэм-икIэжым Жьакуэ хъуауэ. Тыжь ейри зэгуэрым хэтагъэнщ Iыхьэ щхьэхуэу. Мы къуажэри, адрей хьэжрэт жылэхэм хуэдэу, хьэблэ-хьэблэу зэхыхьауэ къыщIэкIынщ. Зэман куэд щIауэ Жьакуэ дэса Алъэсчырхэ, Къубатхэ, Жэрэщтыхэ, Къуныжьхэ, Тыжьхэ пасэм Къэбэрдейм къуажэ щаIащ. Ермоловым и зэманым Псыжь лъэныкъуэм Iэпхъуа къэбэрдейхэм яхэтщ хьэблэхэу Тыжьей, Жэрэщтей, Алъэсчырей, Къубатей.

Жьакуэ къуажэм тхыдэ кIыхь иIэщ. Ар нобэ Инжыдж Iуфэм и ижьрабгъумкIэ щысщ, Iэдииху чэщанэм километрих хуэдизкIэ пэжыжьэу. Къуажэр цIыкIущ (1800-рэ хуэдиз дэсщ). Абы къыдэкIащ узэрыгушхуэ хъун цIыхухэр: артист гъуэзэджэ Акъ Мухьэрбэч, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Урысейм и цIыхубэ артист Гъуэт Хъусин, драматург, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа, Урысейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дэбагъуэ Мухьэмэд, Урысейм и къэрал саугъэтыр зрата физик цIэрыIуэ, профессор, ЩIДАА-м и академик Бэвыжь Мухьэмэд, нэгъуэщI щIэныгъэлI куэд. Жьакуэр сабий, щIалэгъуалэ спортым зэрызиужьамкIэ щапхъэу къагъэлъагъуэ къуажэщ, абы къыдэкIащ Гъуэт Юрэ (дуней псом щIалэгъуалэм я деж гимнастикэмкIэ чемпион щыхъуащ), АфIэунэ Мухьэрбий ветеранхэм я дунейпсо чемпиону щытащ.

1988 гъэм атлетикэ псынщIэмкIэ Жьакуэ еджапIэм и командэр СССР-м и чемпион хъуащ (Куржым щекIуэкIащ, Жьакуэр протоколым къалэу иратхат). 1976 гъэм мы еджапIэм ебгъуанэ классым щеджа Дэбагъуэ Алий Сочэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм, хамэ къэрал къикIахэри зыхэтам, лъэнымкIэ япэ увыпIэр къыщихьащ (метриблкIэ лъащ, ар гугъут балигъ хъуахэм я дежкIи). И зэманым ехъулIэныгъэшхуэ иIащ Теркъул Алий (метритIкIэ дэлъеящ, иджы ар КъШР-м и Парламентым хэтщ). Илъэс 13 - 14 зи ныбжьхэм атлетикэ псынщIэмкIэ еджакIуэхэм я зэхьэзэхуэу 1990 гъэм Краснодар щекIуэкIам («четырехборье» жыхуаIэмкIэ) Жьакуэ еджакIуэ цIыкIухэм еплIанэ увыпIэр къыщахьащ. Ди зэманми къуажэм спортым зыщеужь.

Алъэсчырей нобэ дэсхэм зэрахьэ унэцIэхэр мыращ: Адэмокъуэ, Алборэ, Акъ, АфIэунэ, Ашэбокъуэ, Бахътыр, БакIуу, Бэшорэ, Бэвыж, БыркIэ, Гуэгуш, Гъуэт, Гъус, Дэбагъуэ, ДыщэкI, Жанэ, Жантемыр, Жэрэщты, КъанлIокъуэ, Къардэн, Къуныжь, Лэтокъуэ, Мамхэгъ, Мэшэжь, Мэхьмуд, Нартокъуэ, Пхъэш, Сонэ, Тамбий, Теркъул, Томай, Тыжь, Уэзрокъуэ, Уэхъутэ, Унэгъэс, ХьэкIырэ, Хьэтай, Хьэту, Хьэщыкъуей, Хъалил, Хъыбырт, Хъубий, Хъупсырокъуэ, Шыбзыхъуэ, Щынахъуэ, Къыдэгъазэ.

Хэкум ХIХ лIэщIыгъуэм Алъэсчырей щыщу икIыжахэми цIыху цIэрыIуэ къахэкIащ. (Къубат Хьэжалы къуажэм щыщ куэд и гъусэу Тыркум икIыжащ ИстамбылакIуэ зэманым, гъуси мылъкуи имыIэжу къигъэзэжри Алъэсчыр ХьэтIохъущыкъуэ и хьэщIэщым щылIэжащ). И цIэ къиIуапхъэщ генерал Жэрэщты (Беркъукъу) Исмэхьил. Абы дзэм и академиер къиухат, къулыкъушхуэ иIыгъащ, Тырку Меджлисым хэтащ, орден куэд иIащ (1954 гъэм лIащ, Анкара щыщIалъхьэжащ). Исмэхьил адыгэ тхыдэми хэлъхьэныгъэ хуищIащ, лIа нэужь и тхылъитI къыдэкIащ: «Кавказым и тхыдэ» (1958), «Хуитыныгъэм и гъуэгухэр» (1960). Апхуэдэу Тыркум и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуащ генерал БакIуу Мурсалий (1881 - 1945). Мурсалий илъэс 41-м иту генерал хъуащ (1922), абы и ужькIэ «тум генерал» нэхъ цIэ лъапIэри къыфIащащ. Дзэм и дивизэ зэхуэмыдэхэм я унафэщIу Тыркум и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуащ. ЩIэныгъэшхуэ иIащ, адыгэбзэ, тыркубзэ, нэмыцэбзэ, франджыбзэ, инджылызыбзэ ищIэрт. Тыркуми хамэ къэрал зыбжанэми я орденхэр къыхуагъэфэщащ. Дзэм къыхэкIыжа нэужь, Тырку Меджлисым хэтащ. 1945 гъэм дунейм ехыжащ. Истамбыл щыщIалъхьэжащ, ауэ 1988 гъэм Анкара къэралым пщIэшхуэ зыхуащIхэм я кхъэм ягъэIэпхъуащ.

ДОХЪШОКЪУЭ Синэ.
Поделиться:

Читать также: