Гугъуехьым ипсыхьа щIэблэ

Зауэ гуащIэжьыр зи гущIэм щызыгъэва ди нэхъыжьыфIхэр я сабиигъуэм псэзэпылъхьэпIэм хэтащ.

Апхуэдэщ Аруан щIыналъэм хиубыдэ Джэрмэншык къуажэм щыщ мэкъумэшыщIэ унагъуэм 1932 гъэм къыщалъхуа ЛIуп Нурхьэлий. Абы и цIыкIугъуэр лъэхъэнэ хьэлъэм хиубыдат.

Нурхьэлий и адэ Данил Хэкур зыхъумэжыну тэджахэм я гъусэу дэкIат. Ар хэтащ епщыкIузанэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм. Сталинград нэмыцэ зырыпхъуакIуэхэм къыIэщIэзыгъэкIыжахэм ящыщщ.

1943 гъэм Харьков деж щызэуахэм шыщхьэмыгъазэу яхэтащ, икIи а щIыпIэм щыхэкIуэдащ.

Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр я къуажэм 1942 гъэм къыщысам, Нурхьэлий етIуанэ классым щIэтысхьэжа къудейт.

- Нэмыцэхэр къэблэгъащ, - жаIэри, школым дыкъаутIыпщыжауэ щытащ, - игу къегъэкIыж Нурхьэлий. - Къуажэм дэс унагъуэхэм фашистхэм, зыкъыттрагуэшауэ къытхэст. Ди унэми нэмыцэхэм ящыщу щIалищ щIэсащ. Нэмыцэхэр дэ апхуэдэу зэран къытхуэхъуртэкъым, румынхэрат абы Iейуэ фыщIэр. Ди насып кърихьэкIри, ахэр яхэтакъым ди жылэм дэсахэм. А гъэ дыдэм, щIымахуэ мазэу, ди сэлэтхэр къебгъэрыкIуэри, дахужауэ щытащ фашистхэр ди къуажэм. Псори хуиту дыбэуэжат. Абы щыгъуэ ди фэм дэкIар пхуэмыIуэтэщIын хуэдизщ. Ахэр ирахужьэжа иужь, мылъкуу къуажэдэсхэм трагуэшауэ щытам къыхэнэжа тIэкIур зэхуахьэсыжри, колхозыр зэфIэзыгъэувэж нэхъыжьхэм драгъусэу, ящIэм зы мэскъалкIэ зыкъыкIэрыдмыгъэхуу, ди къару къызэрихькIэ дадэлэжьащ. ДыщымэжалIи Iэджэрэ къэхъуащ, дыщыгъыныджащ. Дэ а зэман хьэлъэм дымылъэгъуа гугъуехь щыIэжкъым, ауэ дыдзыхэу зыми зыкъедгъэщIакъым. Абы щыгъуэ псори зы унагъуэм хуэдэу дызэхуэгушхуэу, зым иIэмкIэ адрейм дэгуашэу дыпсэуащ. Дэ, зауэм и бынхэр, пикIуэт дымыщIэу гугъуехьым дыпэщIэтащ. Аращ гъащIэм лъэ быдэкIэ хэтыным дыхуэзыгъэсар.

ЕпщыкIузанэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм хэта, Кавказымрэ Сталинградрэ бийм къыIэщIэзыгъэкIыжахэм ящыщ ЛIуп Данил къигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ къратын хуея щIыхь медалыр абы и къуэ Нурхьэлий 2021 гъэм къратыжауэ щытащ, зауэр зэриухрэ илъэс 76-рэ дэкIауэ, къыIэщIэзылъхьэжари республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекщ.

Адэр зауэм щыхэкIуадэм, бынитхур къызыхуэна анэр псэемыблэжу лэжьащ, сабийхэр ипIащ. И щхьэгъусэм къыхуигъэнауэ щыта псалъэт мыри: «Сэ зауэм сыхэкIуадэ хъужыкъуэмэ, щIалищым щIэныгъэ нэхъыщхьэ йомыгъэгъуэту къыумыгъанэ! Сыпсэууэ сыкъэкIуэжмэ, сэ езым абы и унафэ сщIыжынщ!».

Быныр зэкъуэшищрэ зэшыпхъуитIрэ хъурт, Нурхьэлий яхэту. Щхьэгъусэм и псалъэм тету къэгъуэгурыкIуащ Бабынэ. Хъыджэбз нэхъыжьитIыр я анэм и гъусэу, жэщ-махуэ ямыIэу колхозым щылэжьащ. ЩIалэхэр нэхъ цIыкIут, ауэ абыхэми ялъэкIымкIэ зыщIагъакъуэрт нэхъыжьхэм.

 Нурхьэлий урокхэр иуха нэужь, колхозым кIуэурэ, трактористхэм я Iэпыдзлъэпыдзу лажьэрт. Илъэсибл классыр къеухри, 1947 гъэм ЛIупыр Налшык дэт педучилищэм щIотIысхьэ. 1953 гъэм, пэщIэдзэ классхэр иригъэджэ хъуну къеухри, къуажэм къегъэзэж. АрщхьэкIэ анэм идэркъым: «Уэ IэщIагъэ нэхъыщхьэ зэбгъэгъуэтын хуейщ», - жеIэри. А гъэ дыдэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ щрагъэдж и къудамэм Нурхьэлий щIотIысхьэ. 1958 гъэм ар къеух, къуажэм къегъэзэжри, абы дэт курыт еджапIэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ щригъаджэу щIедзэ.

И псэ емыблэжу къэгъуэгурыкIуэ Нурхьэлий курыт еджапIэм зригъэужьын папщIэ куэд илэжьырт. И Iуэху бгъэдыхьэкIэр къалъытэри, зыIут школым и унафэщIу ар 1968 гъэм ягъэув. НыбжьыщIэхэр еджапIэм зэрыщIэмыхуэм къыхэкIыу, зыщIэс унэм иджыри зы ухуэныгъэ къыпригъэщIыхьыжыну жэрдэм къыхелъхьэри, КъБАССР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм деж ар щыпхегъэкI. 1968 - 1979 гъэхэм къриубыдэу, школыр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщ. КъыпащIыхьыжам сабийуэ 100-м щIигъу щIэхуэрт. 1979 гъэ пщIондэ Нурхьэлий а школым щылэжьащ.

ИужькIэ, колхозым ираджэри, и унафэщIым и къуэдзэу ягъэуващ. Илъэс 40-м щIигъукIэ къуажэ сельсоветым и депутату щытащ.

ФIыуэ зэрылэжьам къыпэкIуэу, медалрэ щIыхь тхылъу куэд къратащ. Абыхэм ящыщщ «ЩIыщIэхэр къэIэтыным зэрыхэлэжьыхьам», «Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм, 1941 - 1945 гъэхэм, илэжьам папщIэ», «Лэжьыгъэм и ветеран», «РСФСР-м егъэджэныгъэмкIэ и цIыху пажэ», «Джэрмэншык къуажэм щIыхь зиIэ и жылэдэс» медалхэмрэ тыгъэхэмрэ.

Къуажэм къыщызэрагъэпэща ветеран зэгухьэныгъэм 1996 гъэм къыщегъэжьауэ нобэр къыздэсым и унафэщIщ.

ЛIуп Нурхьэлий 2009 гъэм къыдигъэкIащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я щхьэгъусэхэмрэ я бынхэмрэ теухуа тхылъ.

Нурхьэлий и жэрдэмкIэ 2014 гъэм къуажэм щагъэуващ зауэ гущIэгъуншэм фызабэу къигъэна цIыху 59-м я цIэ-унэцIэр къызытещ мывэ фэеплъыр. Ар бгъурытщ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым.

Нурхьэлий нобэми цIыхухэм яхэтщ, къуажэдэсхэм фIыуэ къалъагъу, къыхуэарэзыщ. НэхъыжьыфIым дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу дяпэкIи къытхэтыну!

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также: