Адыгэ псоми дигу къыдогъэкIыж

Илъэс къэс, накъыгъэм и 21-м дуней псом адыгэу тетым дигу къыдогъэкIыж Кавказ зауэм хэкIуэдахэр. 
Ноби дызэхохьэ ди япэ итахэмрэ тхыдэм ди нэгу щIигъэкIа гузэвэгъуэмрэ дигу къэдгъэкIыжын ­папщIэ. Илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэжьым адыгэ лъэпкъым къриха лейр гуащIэу зэрыщытар ноби зыхыдощIэ, ар узу ди гум илъщ. 
Пэжщ, илъэси 161-рэ мэхъу а зауэр зэриухрэ, ауэ кIыжыркъым а уIэгъэр. Сыту жыпIэмэ, и Iэужьыр гъэзэкIуэжыгъуейщ - адыгэр дунейм текъухьа ­хъуащ. Лъэпкъым и Iыхьэ пщIанэрщ Хэкум къинар… Адрейхэр ирашащ е хуитыныгъэм я псэр щIатащ. ХамэщI къыщыхутахэми псэхугъуэ ямы­щIэу, лей къатехьэу, зэхэзедзэну я гъащIэр яхьащ. Ахэр зи нэгу щIэкIа, дауэ хъуами ерыщу гъащIэ ­гугъуехьхэм пэщIэта, узымрэ мэжэщIалIагъэмрэ ихьа, зи щхьэр зауэм хэзылъхьа псоми ди щхьэр яхуэдвгъэгъэщхъ. Дигу къэдвгъэгъэкIыж зэтра­къута къуажэхэмрэ тфIагъэкIуэда щыIэкIэ-псэу­кIэмрэ. Тхьэм дыщихъумэ апхуэдэ гузэвэгъуэм, зэи я нэгу щIремыкI ди щIэблэм зауэ! 
Накъыгъэм и 21-р щыгъуэм и закъуэкъым зи махуэр. Ар адыгэ лъэпкъыр зэрыщыту щызэрыубыд, зы псэ зэрытIутыр, зы гъащIэ къызэрыдгъэщIыр, зы блэкIа дызэриIэр къыщытщIэж махуэщ. Ауэ мащIэщ ар дигу къэдгъэкIыжыныр, дерс хэтхынырщ псом нэхърэ нэхъыщхьэр. Ди япэ итахэр зыщIэбэна щэнхабзэр, бзэр, хабзэр зыщыдгъэ­гъупщэну, тIэщIэхуну дыхуиткъым. Адыгэр адыгэ дызыщIыж псори ипэкIэ дгъэкIуатэмэ, ди щэн­-хабзэм щIэблэр щIэтпIыкIмэщ Кавказ зауэжьым зи щхьэ хэзылъхьахэм я гугъэхэр щыдгъэпэжынур. 
Ди нэхъыжьыфIхэр гъащIэм Iущ ищIауэ куэд ­къагурыIуэрт. ИкIи абыхэм къыхахащ Урысейм гухьэну, абы хуэпэжыну, къулыкъу хуащIэну. Нобэ дэ дыщыщщ нэхъ лъэпкъыбэ, нэхъ ин дыдэу дунейм тет къэралыгъуэм. ИкIи дэтхэнэми ди къалэнщ ар ефIэкIуэнымкIэ щхьэж хузэфIэкIыр хуэд­лэжьыну, дызэкъуэтыну. 
Урысейм и закъуэ мыхъуу, къэралыгъуэ 50-м щопсэу адыгэр нобэ. Тхуэхъумэжащ ди бзэри, хабзэри, щэнри. Хамэ къэрал щыпсэу, дунейм те­къухьа ди лъэпкъэгъухэм я цIэр фIыкIэ ираIуэ: ахэр хуолажьэ политикэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, спортым. Гуапэ мыхъуу къанэркъым хэхэс мин бжыгъэхэм Хэкум къызэрагъэзэжари.
Зы адыгэ дунейм тетыху нобэм дыкъэзышэса ди нэхъыжьыфIхэмрэ тхыдэмрэ тщыгъупщэнукъым. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, адыгэр дэнэ щыIэми, щыпсэуми и лъахэ унэр Кавказ Ищхъэрэрщ, Урысей къэралыгъуэрщ. Ди адыгэбзэр Урысей Федерацэм и щIыналъищым я къэралыбзэщ: Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм. 
А псом дрипагэу дыкъэгъуэгурыкIуэми, языныкъуэ бзаджащIэхэм дызэрауштыну, зэгуры­мы­Iуэныгъэ ди зэхуаку къыдалъхьэну яужь итщ. Ар къыдгурыIуэу мамырыгъэр тхъумэн, дызэры­лъы­тэн, Урысейм и хабзэм дытету дыпсэун хуейщ. 
Лъэпкъым къыхэжаныкIауэ куэд пэрыту къэрал бжьыпэм тетщ. Дэ абыхэм дропагэ, дрогушхуэ, ди бынхэм щапхъэу къахудохь. Ноби Хэкум и хъу­макIуэу дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди лъэпкъэгъухэм узыншэу къагъэзэжыну ди гуапэщ.
ГъащIэм куэд къыщохъу. Адыгэм и закъуэкъым нэщIэбжьэ зи нэгу щIэкIар. ГъащIэм хэпсэукIыфарщ, лъэ быдэкIэ гугъуехьым щхьэщыкIарщ нобэм къэсари, бэшэчхэмрэ лъэщхэмрэ дэри дащыщщ, дыщыпсэукIэ. Ди щыгъуэ махуэр къыддаIыгъ, дакъыгуроIуэ ди къуэш лъэпкъхэм. Дэтхэнэми фIыщIэ яхузощI!
Зэи щремыIэ зауэ, зэгурыIуэмрэ фIыгъуэмрэ ди унагъуэхэм иремыкI!

Сэхъурокъуэ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
Поделиться:

Читать также: