Инжыдж Iуфэм, Ботэщей адэкIэ уехмэ, къыщысщ Бэвыкъуэ къуажэр (км 12 дэлъщ Черкесск нэс). Мыбдеж 1925 гъэм щыщIэдзауэ къэтIысащ Хъумарэрэ (Абыкъухьэблэжь) Алибэрдыкъуэрэ (Хьэгъундыкъуей) къикIа унагъуэхэр. ЦIыхуу дэсыр 500 хуэдизщ. Я унэцIэхэр къэтхьынщ: Абрэджыкъуэ, Астэжь, Булжат, Быж, Гуэгуш, Даур, Дыгъужь, ДыщэкI, Ешэр, Жантемыр, Иляс, КIэбышэ, КIэщт, КIыщокъуэ, Къардэн, Лий, ЛIымахуэ, Матэкхъуей, Мыжей, Нэлей, Нэхущ, Пщымахуэ, Сэкий, Туаршы, Тхьэкъуахъуэ, Уэгъурлы, Унэжь, ХьэкIырэ, Хъубий, Цэгъэ, Цей, Шорэ, Шурей, Шыбзыхъуэ, Iэпщынэ.
КъуажэщIэхэм ящыщщ Бэралъкъыри, I928 гъэм Хьэгъундыкъуей къыхэIэпхъукIащ. ЦIыху 400 хуэдизщ дэсыр, я унэцIэхэр мыращ: Аслъэныкъуэ, Булжат, Гуэгуш, Даур, Жантемыр, Жамбэч, Иуан, КIэп, КIэщт, Къардэн, Къущхьэ, ЛIымахуэ, ЛIыуней, Махуэ, Нэней, Темырдащ, Уэрзэлы, Хьэунэжь, Щокъарэ, Щохъуэжь, Iэзэ.
Инжыдж и сэмэгурабгъукIэ щысщ адыгэхэмрэ абазэхэмрэ щызэхэзэрыхьа Абазакт зи цIэ къуажэр ( Абазэ-кыт - Абазэ жылэ). 1850 гъэм мы щIыпIэм къэтIысащ (Черкесск км. 23-кIэ пэжыжьэщ). А зэманым и цIэу щытар Еджэбэкъуейщ, Абазакт щаухуар 1929 гъэрщ. Къуажэр инкъым. Мы жылэм Совет зэманым къыхэкIащ ЮстицэмкIэ СССР-м и министру щыта, адыгэ жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ, щIэныгъэхэм я доктор, профессор, дэтхэнэ адыгэри зэрыгушхуэ Къалмыкъ Юрэ.
Абазакт дэсхэщ: АбытIэхэ, Аджырхэ, Багъхэ, Бэщокъуэхэ, Жандархэ, Жылэкъанхэ, Илясхэ, Иуанхэ, Кушпэхэ, КIэмхэ, Къалмыкъхэ, Къардэнхэ, Къэзанхэ, Къэрэсхэ, Късалхэ, Лъэбышэхэ, Мэкъушэхэ, Найманхэ, Нэхущхэ, Псэунхэ, Пщыунэхэ, ТхьэицIыхухэ, Уэхъутэхэ, Хьэжымхэ, ХьэкIырэхэ, ХъуэщIыхэ, Хъубийхэ, Чыкуэхэ, Шыбзыхъуэхэ, Щэнджатэхэ, Щэрэхъхэ, Щокъарэхэ, Екъубэхэ.
Шэрджэсым иджыри зы къуажэ щыIэщ къэбэрдей хьэжрэтхэмрэ абазэхэмрэ щызэхэзэрыхьауэ - Инжыдж Iуфэ Iус ПсэукIэ Дахэр. I865 гъэм щыщIэдзауэ жылэм зэрихьащ абазэ уэркъ Къылышым и цIэр - Къылышхьэблэ. Совет лъэхъэнэм ар хъуащ ПсэукIэ Дахэ. Къуажэм и тхыдэм теухуауэ тхыгъэ щIагъуэ щыIэкъым. I998 гъэм абы дэсащ унагъуэ 500. УнагъуэцIэу узыхуэзэр мыхэрщ: Аброкъуэ, Абрэджыкъуэ, АбытIэ, Абыдокъуэ, Акъбащ, Алокъуэ, Анчокъуэ, Ашэбокъуэ, Багъ, Бэчыжь, ГунжафIэ, Гъубжокъуэ, ГъукIэмыхъу, Дэкумэ, Дербэ, ДыщэкI, Дзыгъуэ, Жандар, Жылэшх, Къыкъ, Куэший, Гурыгъ, КIакIэ, КIэдэкIуей, КIуэп, КIыщ, Къардэн, Къымзэ, Къубан, Къул, Къундет, Ламкъуэ, Лий, Лъостэн, Лъхукъуэщауэ, Мэлыхъуэжь, Мэршэныкъуэ, Мэчэр, Мэрем, Насып, Нэгъуей, Нэхущ, Пчынащ, ПIапIшу, ПIытIыжь, Сатушы, Темыр, Трамэ, Туаршы, Тхъуахъуэ, Унэрокъуэ, ФызыкIэ, Хутэ, Хьэмщауэ, Хьэрэдурэ, Хьэчкъыз, Цэгъэ, Чыкъуэ, Шэкэр, Шыбзыхъуэ, Щэнджатэ, Щэрмэт.
Къуажэр цIыкIущ, ауэ ПсэукIэ Дахэ къыдэкIащ ар зыгъэин цIыхушхуэхэр: экономикэмкIэ доктор, профессор, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Акъбащ Борис, филологиемкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент, академик Бэчыжь Лейлэ, щIэныгъэхэмкIэ докторхэу Темыр А., Абыдокъуэ Iэуес, Абдокъуэ Станислав, артист, режиссер Iэзэ Абдокъуэ Маталио.
Шэрджэс хьэжрэтхэм я къуажэ зыбжанэ Iусщ Инжыджышхуэ и Iуфэм. Абы ящыщ зым и цIэр Инжыджышхуэщ. Мы къуажэр ХIХ лIэщIыгъуэм и кум зэфIэуващ, абы еджэрт Беслъэн и къуэм и къуажэкIэ, 1926 гъэм Инжыджышхуэ фIащащ. Мыбыи щIыпIэ зыбжанэ ихъуэжащ: Кхъувы къуэладжэр, Ново-Исправнэ станицэр, иужькIэ здэтIысар Беслъэней къуажэкIэрщ. Нобэрей Инжыджышхуэр ирогушхуэ адыгэ IуэрыIуатэм зи гуащIэшхуэ хэлъ Мыжей Сэхьид, IуэрыIуатэм и къэхутакIуэ Мыжей Михаил, къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуа «Меркурий» фирмэр зыухуа Дер Станислав. Къуажэдэсхэм я унагъуэцIэхэр мыращ: Ажий, Ашэбокъуэ, Ащын, Беслъэн, Бийкъарэ, Выкхъэ, Гуэгуш, Дэгу, Джатауэ, Дер, Ещрокъуэ, ЕхъулIэ, Жанокъуэ, Жыр, Куэблэ, Къалмыкъ, Къантемыр, Къэбэрдей, Къыдэгъазэ, Къуныжь, Лахъу, ЛIыуней, Лъыс, Мэремыкъуэ, Мыжей, Мамбэт, Нэгъуей, ПщыунэлI, Разэ, Тамэ, Таубычэ, Тэш, Уэртэбей, Уэртэн, Унэжь, Фартэ, Хьэбэчыр, Хьэкъун, Хьэунэжь, Хъарс, Хъубий, Чыдамэ, Шыбзыхъуэ, Щоджэн.
ГъэщIэгъуэнщ Эрсакон къуажэм и цIэри и тхыдэри (км 64-кIэ Черкесск пэжыжьэщ, Инжыджышхуэ псы Iуфэм Iусщ, унагъуэ 500 дэсщ, цIыху 1800-рэ хуэдиз щопсэу). Иджы здэщыс щIыпIэм къалэжьрэ шыгъажапIэрэ я лъэужь къэнащ. Къуажэм пасэм АбатэхьэблэкIэ еджэрт. I872 гъэм зэхалъхьа пщы-уэркъхэр зэрыт тхылъым ущрохьэлIэ лIакъуэлIэш Абатэ Бэчмырзэ. Мыхэр шапсыгъ лъэпкъщ. Ахэращ къуажэм и унафэр зыIыгъар. Абы нэмыщI, уэркъхэу итщ къэбэрдей унагъуэ II, беслъэнейуэ - 4, абэзэхэу - 3, шапсыгъыу - 1, къумыкъуу - 2. Абы къеIуатэ къуажэр куэдрэ зэхэзехуэн ящIу зэрыщытар. КъитIуэнщ а зи гугъу тщIа уэркъхэм я цIэр: къэбэрдейхэр - Щэрданхэ Мусэрэ Хьэмидрэ, Тумай Хьэжибар, Нартбий, Алътыдокъуэхэ Мырзэбэч, Къундет, Къасым, Сымхьэхэ Аслъэнбэчрэ Беслъэнрэ, Пщыгъусэ Алий, беслъэнейхэу - Еджэрыкъуэ Щолэхъу, Щхьэшэ Екъуб, абазэхэхэу - Щхьэзадэ Хъусен, Абазэхэхэ Хъусен, Алъхъэс Шыуэгъусэ; шапсыгъ - Куэблэ ХьэтIэхъу.
Пщы-уэркъыу дэсахэр нобэрей эрсакондэсхэм яхэтыжкъым. ХIХ лIэщIыгъуэм япэ къэтIысар Абатэхэщ, абыхэм адрей лъэпкъхэр къыхэтIысхьащ. Абатэхэ шапсыгъ лIакъуэлIэшхэщ, Эрсакон дэкIыжахэщ ХIХ лIэщIыгъуэм и кIэхэм. Мыбыхэм ящыщ куэд КIахэм къыщыхъуащ, урысхэм къулыкъу хуащIащ. Урыс пащтыхьыр 1837 гъэм Кавказым къыщыкIуам пежьэнухэм яхэтащ Абатэхэ Пщымахуэ, Мыхьэмэт, Егубокъуэ. Емануэль и дзэм хэтащ Абатэ Убых. Хуэбгъэфащэ хъунущ Эрсакон (Абатэхьэблэ) зыухуар Абатэ Хьэжы зи цIэрауэ.
Инжыджышхуэ Iусщ Адыгэ-хьэблэ къуажэр. Ар районым и щыхьэрщ, къуажэщIэщ, Хьэбэз I920 гъэхэм къыхэIэпхъукIащ. Адыги, нэгъуеи, нэгъуэщI лъэпкъхэри зэхэсщ, адыгэр нэхъыбэщ. Унагъуэ щих дэсщ (Черкесск нэс км 25-рэ дэлъщ). Къуажэм зыщиужьащ щIэныгъэм, щэнхабзэм, спортым (дунейпсо зэпеуэхэм щыпашэщ Шыбзыхъуэ Беслъэн, Нартокъуэ Беслъэн, н.).
Инжыджышхуэ и Iуфэм Iусщ ВакIуэжылэ (Дохъушыкъуей) къуажэри. Абы щопсэу мыпхуэдэ унагъуэцIэхэр: Агъэн, Адыгэ-щауэ, Адзын, Ашэбокъуэ, Бэчыжь, Быж, Гуанэ, Гъубж, ГъукIэкъул, ГъукIэлI, Дэхъу, ДыщэкI, Дэхъушокъуэ, ДжэдыгущIэ, Джатокъуэ, ЕлъэщIыIэ, Жэрымокъуэ, Исхьэкъ, КIытIокъуэ, КIуштэ, Къардэн, Кърым, Къумыкъу, Лафыщ, ЛIыуней, Мамыжь, Мудар, Мурат, Мыгъуадэ, Нартокъуэ, Меп, Пэунэжь, ПщыIэжь, Растэ, Сэит, Тамбий, Улэнокъуэ, Хьэмдэхъу, Хьэмкъут, Хьэунэжь, ХьэфIыцIэ, Хъуажь, Хъунэ, Цыгъурыгъу, Шурей, Щоджэн, Щокъан, Щолакъ.
ВакIуэжылэм щIыхь зиIэу цIыху куэд къыдэкIащ: ДжэдыгущIэ Ахьмэд, Шэрджэс облисполкомым и тхьэмадэу лэжьар, саугъэт лъапIэ я гуащIэдэкIкIэ къэзыхьахэу Мудар Шашэ, ДжэдыгущIэ Мусэ, Шокъан ФатIимэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр иIэу фронтым къикIыжа Къардэн Мурат.