ЩIэныгъэмрэ щIалэгъуэмрэ

«Си хабзэубзыху жэрдэмыр» – аращ зэреджэр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыщ гупыр иджыблагъэ зыхэта урысейпсо зэхьэзэхуэм. Илъэс зыбжанэ хъуауэ цIыхушхуэ зэхуэзышэс зэпеуэм мызыгъуэгум Урысейм и щIэныгъэ икIи егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм щылажьэу цIыху 550-м щIигъу зэришэлIащ.
Зэпеуэм пэIудзауэ екIуэкIа Iыхьэм къриубыдэу кърахьэлIа лэжьыгъэхэм КъэпщытакIуэ гупыр хэплъа нэужь, КъБКъУ-м юриспруденцэмрэ экономикэмкIэ IэщIагъэ щызэзыгъэгъуэт Мэрзей Астемыр, Iэрыпщэ Темырлан, Зэкъей Рэхьман, Казбанов Давид, Узденовэ Камилэ сымэ Мэзкуу ирагъэблэгъащ, я зэфIэкIыр утыкушхуэм щагъэлъэгъуэн, я гупсысэкIэмрэ Iуэху еплъыкIэхэмрэ езыхэм яхуэдэ щIалэгъуалэм зэхрагъэхын папщIэ. НыбжьыщIэхэм и нэIэ ятригъэту яхэтащ КъБКъУ-м Конституцэ икIи къэрал хуитыныгъэхэмкIэ и кафедрэм и доцент Сатушы Любовь.
Къыхэгъэщын хуейщ къызэгъэпэщакIуэхэми КъэпщытакIуэ гупым хэтхэми Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэм къыщагъэлъэгъуа гупсысэхэр гунэс зэращыхъуар. Апхуэдэу «Къэрал гъэпсыкIэмрэ Конституцэм цIыхухэм ярит хуитыныгъэхэмрэ» унэтIыныгъэм къыщыхэжаныкIащ, дыщэ бгъэхэIури къыщыхуагъэфэщащ КъБКъУ-м цIыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ экономикэмрэ финанс хуэIухуэщIэхэмкIэ и къудамэм и япэ курсым щеджэ Мэрзей Астемыр. Адыгэ щIалэм и лэжьыгъэр теухуат хьэкумым и пащхьэм ираша цIыхум Конституцэм кърит хуитыныгъэхэр хъумэным и IуэхукIэ щыIэ зэIумыбзхэр зэрызэблэгъэкIын хуейм. Мэрзейм и лэжьыгъэм иджырей хьэкум щIэкIэм хэлъ щыщIэныгъэхэмрэ фIагъхэмрэ къыхегъэщ, ахэр хамэ къэрал щызекIуэ хуэдэ хьэкум Iуэху щIэкIэхэм ирегъапщэ, езым и гупсысэкIэхэри къахуехьыж. Апхуэдэу Мэрзейм мыхьэнэшхуэ ирет ягъэмысэмрэ дауафэр къызыбгъэдэкIымрэ яIэ хуитыныгъэхэр зэщхьэщыгъэкIыпхъэм и мызакъуэу, щхьэж игъуэт Iэмалхэри зэхуэдэу щытын зэрыхуейм.
«Зыхъумэжыныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ» унэтIыныгъэм къыщыхэщащ Iэрыпщэ Тамерлан и лэжьыгъэр. Ар теухуат зезыгъакIуэр зэрымыс жьыхулъатэхэм (БПЛА) я лэжьыгъэр къэрал хабзэхэм тету зэрыбгъэпсынум, ахэр Урысей Федерацэм и дзэхэм къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэхэм. Iэрыпщэм и гупсысэкIэхэр КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм щIэщыгъуэу къалъытащ, I нагъыщэ зиIэ фIыщIэгуапэ тхылъри къыхуагъэфэщащ.
ЩIэныгъэр и лъабжьэу ныбжьыщIэхэм утыку кърахьа лэжьыгъэхэм гъуэгу зэрагъуэтынур, хабзэубзыху жэрдэмхэр къыхэзылъхьэ къэрал IуэхущIапIэхэм ахэр къазэрещхьэпэнур къыхэщащ зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэм КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ деж къагъэхьа фIыщIэ тхылъым. Апхуэдэу гулъытэ хэха ягъуэтащ ныбжьыщIэхэр зыгъэхьэзыра, абыхэм къаIэта IуэхугъуэхэмкIэ унэтIакIуэ яхуэхъуа Сатушы Любовь, Хъарзынэ Виолетэ, Ардавэ Михаил сымэ. «ЩIэныгъэмрэ щIалэгъуэмрэ щызэIэпэгъум деж гупсысэр нэхъ жан зэрыхъум си щхьэкIэ мызэ-мытIэу щыхьэт сытехъуэжу щытыкIэ сихуащ. Къэрал хабзэхэм, ахэр зэпхьэлIэфыну щапхъэхэм дыщыгъуазэу декIуэкI пэтми, щIэщыгъуэнэкIэ ущыхэплъэм деж гупсысэм лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым урашалIэ, ахэр иджыри къыздэсым убзыхуа зэрымыхъуар бгъэщIэгъуэжу. Мы зэпеуэм кърихьэлIат щIэныгъэлI, хабзэубзыху, жылагъуэ лэжьакIуэ куэд. Абыхэм ящыщ куэд КъэпщытакIуэ гупым хэтт. Псоми ягъэщIагъуэрт ди щIалэгъуалэм я гулъытэр зэрыжаныр, щыIэ къэрал хабзэхэм зытIэкIукIи къыщылъыта мыхъуа Iуэхугъуэхэм гу лъатэм къыщымынэу, абыхэм я мардэхэри, зэблэгъэкIыкIэ хъуну Iэмалхэри къызэраIуэтам. ЩIалэгъуалэ дахэ диIэщ, ар нэхъри си фIэщ ящIащ мы зэпеуэм хэта ди ныбжьыщIэхэм», - жиIащ Сатушы Любовь.
Къыхэгъэщын хуейщ зэхьэзэхуэр УФ-м и Къэрал Думэмрэ Федеральнэ Зэхуэсымрэ я жэрдэмкIэ зэрекIуэкIыр.

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: