Адыгэ жылэхэр

 Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей) къуажэм  пасэми ноби зэрихьэ цIэхэр тохуэ Къэбэрдейм щыIэ Зеикъуэм (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм). Къуажэр мыбдеж зыгъэтIысар ХьэтIохъущокъуэ Бэчмырзэщ. ХIХ лIэщIыгъуэм и пэ илъэсхэм ХьэтIохъущыкъуейм ихъуэжащ щIыпIэ зыбжанэ: Бичесын бгыщхьэр, Марэ псыхъуэр (иджы къэрэшей къуажитI дэсщ), Тебэрды псыхъуэр (иджы къэрэшей къуажэ Нижняя Теберда щысщ), Пхъэмыфыкъуэ (абазэ къуажэ Елбыргъэн къыпэщылъ бжьэпэм). Зеикъуэр тхыдэ кIыхь зиIэ къуажэжьщ, нобэ цIыху минищ хуэдизщ дэсыр, ауэ мыбы хэIэпхъукIащ Куэшхьэблэр. 1865 гъэм ХьэтIохъущыкъуейм дэсащ цIыху 923-рэ (абыхэм яIыгъащ мэл мин 11-м нэс, Iэщ минитI, шыуэ 600 хуэдиз). 1866 гъэм ХьэтIохъущыкъуейм дэсыр 1354-рэ хъуат.

  ХьэтIохъущокъуэ Бэчмырзэ и гъусэу Къэбэрдейм къикIахэм псом япэ зи цIэ къраIуэр Абыдокъуэхэ, ДыщэкIхэ, Балэхэ (япэм Таухэу щытащ), Аргунхэ (Щэрмэту щытащ), КIытIэхэ, Щауэхэ (Къэрабэхэ), нэхъ иужьыIуэкIэ къахэтIысхьащ абазэ лIакъуэлIэш ЦIыкIыщхэ, лIакъуэлIэшхэу Къэрабэ Бэчмырзэ, Ботэщ Къамбот, Тамбий Исмэхьил, Ашабэхэ Адэлджэрийрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ, абазэ, абазэхэ, беслъэней уэркъ унагъуэ зыбжанэ.

  Адрей хьэжрэт къуажэхэм еплъытмэ, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым ХьэтIохъущыкъуейм диным хуеджа, хуэлажьэхэм я бжыгъэр зэрыщынэхъыбэм. Куржым щыIэ архивхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, 1865 - 1867 гъэхэм дин щIэныгъэ зиIахэр къуажэкIэ тещIыхьауэ мыпхуэдизт: ХьэтIохъущыкъуей - 16, Алъэсчырей - 3, Хьэгъундыкъуей - 2, Къэсейхьэблэ - 7, Тэзэртыкъуей - 3, Дохъушыкъуей - 5, Шэджырей - 1.

  Диным и мызакъуэу, пасэ зэманым ХьэтIохъущыкъуейм щIэныгъэм зезыта цIыху къахэкIыу щытащ. Апхуэдэщ узэщIакIуэ пашэхэм хабжэ Тамбий Пагуэ Исмэхьил и къуэр (1873 - 1928). Пагуэ къиухащ Гори къалэм дэт егъэджакIуэ семинариер, Мейкъуапэ дэт училищэр, зэхуихьэсащ адыгэ IуэрыIуатэр, дэIэпыкъуэгъу хуэхъуащ Лопатинскэм, адыгэбзэм елэжьам, 1904 гъэм Ригэ къыщиухащ политехникэ институт. Азербайджан миллионер Тагиевым и деж (Нобель и нэIэм щIэта щIыдагъэ къыщIэзышхэм) щылэжьащ, и IэщIагъэм Германием щыхигъэхъуащ.

  Совет зэманми Зеикъуэ къыдэкIащ щIэныгъэшхуэ зиIэ цIыхухэр: тхакIуэхэу ДыщэкI Мухьэмэд, Хьэбэчыр БетIал, Амирокъуэ Ибрэхьим, Хьэнфэн Алим сымэ, психологие щIэныгъэхэмкIэ доктор КIытIэ Ахьмэд, бэнэнымкIэ тренер ПIапIшу Мухьэмэд, спортсмен цIэрыIуэхэр, шахмат джэгунымкIэ Iэзэхэр.

  Зеикъуэдэсхэм унэцIэу мыхэр зэрахьэ: Абидокъуэ, Аджыр, Ажий, Алборэ, Аргун, Багъ, Балэ, Бэв, Бэдракъ, Бэрдыкъуэ, Бэчыр, Биикъуэ, Борэныкъуэ, Борей, Будыщ, Выкхъэ, Гуэдзэ, Гуэнгъэпщ, Гундэхъу (Къандэхъу), Гъуэжь, Гъуэзджэш, Гъуэт, ГъукIэмыхъу, Джатауэ, Дыгъужь, ДыщэкI, Думэныщ, ДжэдыгущIэ, Джылэш, Есэней, Ещрокъуэ, Жэмзар, Жамбэч, Зэубыд, КIэм, КIытIэ, Къалмыкъ, Къантемыр, Къардэн, Къэрмокъуэ, Къэзэнокъуэ, Къэнэмэт, Къэрабэ, Къэрэшей, Къэргъей, Късал, Къумыкъу, Кхъуэнэ, Лахъу, Лэмокъуэ, Мамхэгъ, Мамыжь, Мэкъуауэ, Мэкъушэ, Мэлей, Мэлэрыч, Мэремкъул, Молэ, Мыжей, Мыхьэмэт, Мыщхъуэжь, Мысрокъуэ, Мусэ, ПащIэ, ПщыIэжь, ПIапIшу, Разэ, Сэкий, Тэтэрщауэ, Туаршы, Тхыгъуэ, ТIымыжь, Уэз, Уэйокъуэ, Уэтэр, Уэрзэлы, Урым, Хутэ, Хьэбэч, Хьэгъундокъуэ, ХьэпэнцIыв, Хъубий, Чыкэ, Чыржын, Шорэ, ШкIахъуэ, ШкIэжь, Чэнджэщауэ, Шурдым, Шэпар, Шыгъушэ, Щауэ, Щынахъуэ, Iэгуей.

  Зеикъуэ ищхъэрэкIэ Инжыдж и адрей Iуфэм Iусщ мыбы 1924 гъэм хэIэпхъукIа Куэшхьэблэ къуажэр (Черкесск километр 23-кIэ пэжыжьэщ). УнагъуэцIэ щызекIуэхэри Зеикъуэм куэдкIэ къыщхьэщыкIыркъым. Куэшхьэблэ къыдэкIащ «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, илъэс 46-кIэ зи колхозыр Къэрэшей-Шэрджэсым щыпашэу зыгъэлэжьа Аргун Iэбубэчыр (ПIатIэ), абы и къуэхэу Юрэ - Урысейм щыцIэрыIуэу щыта бэнакIуэр, Олег - къэрал лэжьакIуэр, хьэрычэтыщIэ Iэзэр, нэгъуэщIхэри.

  Мы къуажэм щопсэу пщIэ зиIэ куэд: Аброкъуэхэ, Аджырхэ, АкIэжьхэ, Алэшхэ, Алборэхэ, Амирокъуэхэ, Аргунхэ, Арчэлхэ, Ахъмэтхэ, Ашабэхэ, Багъхэ, Бэдракъхэ, Балэхэ, Бэчырхэ, Бетыгъуэнхэ, Биикъуэхэ, Борэныкъуэхэ, Будыщхэ, Булжатхэ, Выкхъэхэ, Гундэхъухэ, ДыщэкIхэ, Думэныщхэ, Жамырзэхэ, Жантемырхэ, Жухэ, Иуанхэ, Къычэхэ, Куэщбийхэ, Къэнэмэтхэ, Къантемырхэ, Къардэнхэ, Къэзэнокъуэхэ, Къэргъейхэ, Къуршэхэ, Лийхэ, Лъэбышэхэ, Лъэиныгъэхэ, Лъостэнхэ, Мамхэгъхэ, Мамыжьхэ, Мэкъуауэхэ, Мэлахъухэ, Мэлыхъуэжьхэ, Мэремхэ, Мэрчэнхэ, Мусэхэ, ПщыхьэщIэхэ, ПIапIшухэ, Сэкийхэ, Сидакъхэ, Уэзхэ, Уэзрокъуэхэ, Уэтэрхэ, Чэнджэщауэхэ, Чыржынхэ, ШкIэжьхэ, ЩакIуэхэ, Щауэхэ, Iэгуейхэ.

КъыкIэлъыкIуэ къуажэм и цIэр урысыбзэкIэ ятх мыпхуэдэу: «Малэ Зеленчук». Пасэм Ботэщей фIэщыгъэцIэ дахэ иIащ. 1917 гъэм екIуэкIа большевик зэщIэхъееныгъэ нэужьым жылэм щыщ революционер Къалмыкъ Аслъэнбэч (бандэм яукIащ) и цIэр зэрихьэрт, ар 1937 гъэм «лъэпкъым и бийуэ» къыщыщIрагъэдзым, къуажэм фIащащ Малэ Зеленчук. Ботэщейм тхыдэшхуэ иIэкъым. Ар Зеикъуэ и кIэм деж щысащ зыкъомрэ, 1925 гъэм Куэшхьэблэ ищхъэрэкIэ Iэпхъуащ. Иужьрей илъэсхэм Куэшхьэблэмрэ Ботэщеймрэ зэпыхьэжащ, ауэ къуажэ щхьэхуэу ябжхэр. Дэфтэр дызэплъахэм япэ дыдэу «Поселок Боташева» жиIэу урохьэлIэ.

  Нобэ Ботэщейм дэсщ цIыху 1300-рэ хуэдиз, абыхэм мы унэцIэхэр зэрахьэ: Айсэн, Барэ, Брат, Ботэщ, Бырмамыт, Дзыбэ, Къалмыкъ, Къардэн, Кхъуэнэ, Лъхукъуэщауэ, Мамбэт, Уэз, Уэйокъуэ, Хьэбэч, Хьэнфэн, Хьэткъуэ, Чэнджэщауэ, Шыбзыхъуэ, ЩакIуэ, Щэхъий.

  Ботэщей цIыху цIэрыIуэ зыбжанэ къыдэкIащ: Совет Союзым и ЛIыхъужь, зи фэеплъ Венэ къалэм дащIыхьа Хьэбэч Умар, бзэщIэныгъэм, IуэрыIуатэм хуэлэжьа щIэныгъэлI, «Си къэшэн», «Уэгум ит тхьэрыкъуэ» уэрэд дахэхэр зытха ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр, КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Брат Хьэбас, нэгъуэщIхэри.

Дохъушокъуэ Синэ.

 

Поделиться:

Читать также: