Тэрч щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыщ Щомахуэ Дусэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм илъэс куэд лъандэрэ псэ хьэлэлу пэрытщ. Абы адыгэбзэмрэ литературэмрэ щрегъэдж Тамбовскэ жылэм дэт курыт школым, жыджэру, ныкъусаныгъэншэу, куэдым щапхъэ яхуэхъуу и лэжьыгъэр ирихьэкIыу.
Мы гъэм илъэс 45-рэ мэхъу Щомахуэр и IэнатIэм зэрыпэрыувэрэ. Абы къриубыдэу зэи къэхъуакъым а егъэджакIуэ Iэзэр, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэр икIи гумызагъэр и щIалэгъуэм къыхиха IэщIагъэм щыхущIегъуэжа, щытезэша. Зыхэт гупми, иригъаджэ сабийхэми, адэ-анэхэми пщIэшхуэрэ нэмыс лъагэрэ къыхуащI Щомахуэм. Зэрихабзэщи, Дусэ езыри и гъэсэнхэри дапщэщи жыджэру хэтщ Тэрч щIыналъэм, республикэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щекIуэкI зэпеуэхэм, зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм, еплъыныгъэхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм, пэрыт увыпIэхэр къахьу. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Щомахуэми и нэIэм щIэт еджакIуэхэми текIуэныгъэ инхэр къыщахьа КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, «Адыгэ псалъэ» газетым ирагъэкIуэкI «Си бзэ - си псэ, си дуней», ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщ «Тхылъаджэ», «Джэгурэш» республикэпсо зэпеуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Апхуэдэ лэжьыгъэфIым къыпэкIуа фIыщIэ куэд бгъэдэлъщ Щомахуэ Дусэ. Ди республикэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я нэхъыфIхэм халъытэ Щомахуэр УФ-м и егъэджэныгъэ IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Апхуэдэу Дусэ мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ министерствэхэм, IуэхущIапIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
Хэкупсэу зи дунейр езыхьэкI адыгэ бзылъхугъэр дапщэщи жыджэру хэтщ щалъхуа, щылажьэ жылэхэм щекIуэкI жылагъуэ гъащIэм. Ныбэжь Альберт зи унафэщIу Инарыкъуей ЦIыкIу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, къуажэм къыдэхъуэ сыт хуэдэ Iуэхуми жыджэру, ар иIэту хэтщ Щомахуэр. Зи анэдэлъхубзэр дахэ икIи шэрыуэ Дусэ апхуэдэуи хуэIэкIуэлъакIуэщ усэ тхыным.
И гуапагъэкIэ, псэ къабзагъэкIэ и бынунагъуэми, абы исхэм япримыдзых и гъэсэнхэми яхуэупсэ а бзылъхугъэ щыпкъэр. Абы и гу хуабагъэр зылъэIэс дэтхэнэри езы егъэджакIуэми къыхуоупсэж гумащIагъэкIэ, пщIэрэ нэмыскIэ. Дэри ди гуапэу дохъуэхъу апхуэдиз илъэс хъуауэ зи IэнатIэм и щIэщыгъуэу пэрыт, Iуэху зехьэкIэщIэхэр хиухуанэу езыхьэкI а лэжьакIуэ гуащIафIэм, псэ къабзэрэ гу зэIухарэ зиIэм.
Фи пащхьэ идолъхьэ Щомахуэ Дусэ и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэм ящыщхэр.
Псэм хэлъ си жылэ
Сэ сокIуэжыр Ислъэмей,
Сыщалъхуа си къуажэ лъапIэм.
Теткъым жылэ мы дунейм
Си къуажэжьым згъэнэхъапэ.
Сэ сокIуэжыр Ислъэмей,
Дыгъэр лыду къыздыкъуэкIым,
Хеубыдэр ар Тэрч куейм,
ЩIыналъищыр щызэхэкIым.
Пщышхуэм и цIэм къытекIауэ
Си къуажэфIу Ислъэмей,
ЦIыхухэр гуапэу къыспежьамэ,
IэфIу си гур мэпIейтей.
Мо мэз лъапэм щIэс си къуажэр
ЖэщкIэ мазэм къегъэнэху.
КъихъукIащ уи куэщI цIыху пэжхэр,
Ислъэмей – си дуней нэху.
Ислъэмейр си дежкIэ лъапIэщ,
Си адэ дыщэр щыпсэуащ.
Анэр щытт куэбжэпэм, къаплъэу,
Бынхэм гуфIэу къапежьат…
Гум щызгъафIэ а теплъэгъуэр
Нэгум куэдрэ щIрырет.
Зыми пэзмыщI си жылагъуэм
Мамырыгъэр щхьэщрет.
ЦIыхубэм я гупсэ
Ди къуажэм и клубу Щэнхабзэм и унэм
ДокIуалIэ цIыхубэр, ар ди нэрэ ди псэу.
Нэхъ бжьыфIи нэхъ екIуи щыбгъуэткъым Тэрч куейм,
Уалъагъур, уалъытэр щIыналъэм и цIыхухэм.
Щэнгъасэ IэнатIэщи, ди уардэунэм
Къатищу зэтету еджапIэ гъунэгъум
ЩIэс щIэблэр къытхуокIуэ, гухэхъуэ ягъуэту.
КъыщIохьэ ди клубым, ар пащIу я унэм.
ЯгъэIу уэрэдыфIхэр, къэфэнуи загъасэ,
Аращ ди гуфIэгъуэр – ди щIэблэу дахащэрщ.
КъэхъукъащIэ къыкъуэкIмэ, зэгъусэу дохасэ,
Нэхъыжьым и псалъэм пщIэ хуэтщIу ди хабзэщ.
НысащIи къыщIашэ, хьэлыуи щаубэ,
Нэхъ быдэ бгъуэтынкъым нэчых ьу щатхам.
Хъуэхъу махуэ щагъэIуу зэхуосыр цIыхубэр,
ПщIэ лей лъыдогъэсыр дэ хьэщIэу къэкIуам.
Iэпкълъэпкъым зыхищIэу гуапащэщ ди гъатхэр,
Мэушэ псынэпсыр, бзу цIыкIури мэджэгу.
ГуфIэгъуэр щыкуэду щрет жылэ дахэр,
Феблагъэ ди клубым, щIэвгъаплъэ фи лъэгу!
Адыгэ нып
ЩIэщыгъуэщ сыт щыгъуи уи теплъэр, си Лъахэ!
Бэракъыр яIыгъыу шууейхэр ежьащ.
ГъащIэщIэм и плъыфэу удзыфэу нып дахэр
Лъэпкъ лIакъуэ пщыкIутIым дамыгъэ хуэхъуащ.
Нартыжьхэм я лIыгъэм ди Хэкурт щыщIидзэр,
Ди лъэпкъым и мафIэр Сосрыкъуэ къехьыж.
ВагъуэщIэ пщыкIутIым шабзищыр дэлыду,
Ди ныпым къыдетыр гуфIэгъуэ мыухыж.
Адыгэу лъэпкъ уардэм иIащ зэманыгъуэ,
Хуиусырт лIыхъужьхэм уэрэд мыкIуэдыж.
Адыгэу си лъэпкъым иIащ къэралыгъуэ,
Ди нып удзыфэшхур дамыгъэу иIэжт.
Зигъэщэнауэурэ бгыщхьэм щыуфафэу
Адыгэ бэракъыр лъагапIэм щхьэщытщ.
Лъэпкъ фащэу дахащэм псэ хелъхьэ ди къафэм,
Махуэшхуэр яIэту ди щIалэхэр щытщ.
КъытщIэхъуэ щIэблэщIэм яIыгъщ загъэщIагъуэу
Шабзищыр зытету адыгэ нып цIыкIу.
Ныпыщхьэм докIуэкIыр лъэпкъ къэскIэ и вагъуэр,
ЯгъэIур анэбзэр, къыщоIу усэ цIыкIу.
Зехъуэжыр ди гъащIэм, зэблэкIыу илъэсхэр,
Лъэпкъ ныпым и щэкIым имыщI фэзэхъуэкI.
Бэракъыр яIыгъыу бийм хуэкIуэрт зауэлIхэр,
Ар хуарзэу щхьэщыту текIуау къагъэзэжт.
Ди Хэку и пшыналъэр адыгэм мыбгъунлъэу,
Мы щIыр лъапсэ быдэу дэр щхьэкIэ щрырет!
«Шэрджэс» къытхужаIэу, къэкIуэнум дыхуэплъэу
Бэракъым и жьауэм лъэпкъ уардэр дыщIрет!