Зи усэхэр зэIэпахМечиев Кязим и цIэр зезы-хьэм НыбжьыщIэхэм я библиотекэм накъыгъэм и 14-м щыщIэдзауэ щекIуэкIащ художественнэ творчествэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм я VIII фестивалыр. Ар Ныкъуэдыкъуэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм (ВОИ) къызэригъэпэщащ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ.Iуэхур ирагъэкIуэкIащ Ныкъуэдыкъуэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI ВэрылI Владимиррэ Бэрэгъун Розэрэ. Фестивалым зэхуишэсащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Дагъыстэн, Ингуш, Къалмыкъ, Шэшэн, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Астрахъань, Волгоград областхэм щыщ, Ныкъуэдыкъуэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм хэт зэфIэкI зиIэ артистхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ. Апхуэдэу, зыкърагъэхьэлIащ щIыналъэ къэс щыIэ ВОИ-м я унафэщIхэми. Зэхыхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ. КъыжыIапхъэщ, фестивалыр гъэ къэс щIыналъэ хэхам чэзууэ зэрыщрагъэкIуэкIыр.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




