Къэрал IуэхущIапIэхэм жэрдэмыфIхэр щыпхагъэкIКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыIэу яхуэзащ ди республикэм и лIыкIуэхэу ФедерацэмкIэ Советым хэт, УФ-м и сенаторхэу Къанокъуэ Арсенрэ Ульбашев Мухьэрбийрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм и зыужьыны- гъэм. ЗэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, республикэм Iэмалхэр иIэщ къэрал федеральнэ программэхэм, лъэпкъ проект зэмылIэужьыгъуэхэм хэтыну, узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм епха IэнатIэхэм нэхъыфIу заужьын папщIэ. КъинэмыщIауэ, абы къыщаIэтащ ди щIыналъэр мылъку хэлъхьэпIэ хъуным адэкIи хэкIыпIэхэр къыхузэгъэпэщын зэрыхуейм хуэгъэза Iуэхугъуэхэм, псом хуэмыдэу социальнэ IэнатIэхэм епхахэм. Ар ехьэлIащ спортым, туризмэм, Налшык и зыгъэпсэхупIэхэм, социальнэ унэтIыныгъэ зиIэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми адэкIи зегъэужьыным.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 16:30 →
Ди Пщызэбий
16.12.2025 - 16:15 →
И зэран къомыкIмэ…
16.12.2025 - 13:02 →
ЩIыналъэхэр ягъэдахэ
16.12.2025 - 09:00 →
Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъэужь
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
| ||




