КъарууфIэ цIыкIухэр

ХъумпIэцIэджхэм яIэщ гуащэ
ХъумпIэцIэджхэм псэупIэ ящI щIыр, мывэ лъабжьэхэр, пхъэ зэхуакухэр. Зы хъумпIэцIэджыгъуэм хъумпIэцIэдж мелуан хуэдиз щыпсэункIэ хъунущ. Абыхэм яхэтщ зэи гъуэр зымыбгынэ хъумпIэцIэдж гуащэ. ХъумпIэцIэдж гуащэр илъэс 30 хуэдиз псэуфынущ, мыдрейхэм я пIалъэр илъэсищщ. 
КъарууфIэхэщ
ЦIыкIу щхьэкIэ хъумпIэцIэджхэр егъэлеяуэ къарууфIэхэщ - езыхэм нэхърэ хуэдитхукIэ нэхъ хьэлъэ къаIэтыф, гъуэм яхьыф. ЛэжьакIуэшхуэхэщ, щхьэх ящIэркъым. ГъэщIэгъуэнщ: хъумпIэцIэджхэми IэщIагъэ яIэщ – зэхуэгуэшауэ щхьэж и къалэн егъэзащIэ. Хэт зигу къыдэмыжым йоIэзэ, хэт ухуакIуэщ, хэт шхын кърехьэлIэ, хэт псэупIэр ехъумэ.
ЗэрызэрыщIэ бзэр
Зы хъумпIэцIэджыгъуэм щыпсэухэм езым я мэ яIэжщ – загъэгъуащэркъым, хъумпIэцIэдж хами зыхагъэхьэркъым. Жыжьэ IукIами, тыншу къыщIагъэзэжыфыр аращ. ХъумпIэцIэджхэр тэрмэшкIэ зэрощIэ: я пащIэр е я Iэ я лъэр зэжьэхагъауэ. ХъумпIэцIэджыр бгъэпIейтея нэужь, пхэ лъакъуэкIэ мэуври, и ныбэр кърегъэпщ – абы зэрыгузавэр къокI. 
ЛIэужьыгъуэ куэд мэхъу
Дунейм хъумпIэцIэдж лIэужьыгъуэу мин I3 хуэдиз тетщ. Абыхэм ящыщу лIэужьыгъуэ 300-м Урысейм ущрохьэлIэ. 
ЗэфIэкI телъыджэхэр яIэщ
Нэхъ хьэпщхупщ губзыгъэхэм хабжэ: и щхьэ куцIыр клеткэ 250 000 – у зэхэтщ. Махуэ бжыгъэкIэ псы щIагъым щыпсэуфынущ, Iэпсэулъэпсэууи къыхэкIыжынущ.
Зэрысэбэпыр
ХъумпIэцIэджхэр икIи сэбэпщ: щIыр ягъэпшэр. ХъумпIэцIэдж куэду ущрихьэлIэ щIыпIэм гъавэр бэв щохъу. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: