АдыгэлI Iущ

Илъэс куэд щIащ сэ МэшбащIэ Исхьэкъ ныбжьэгъу сызэрыхуэхъурэ. ЗекIуэ и вакъэ лажьэркъым жыхуаIэу, си напщIэм телъ а ныбжьэгъугъэр къыздисхауэ щытар КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щызэпысча гъуэгуанэхэрат: 1969 гъэм туристхэм срагъусэу Сириемрэ Ливанымрэ сыкIуат. Абы щыгъуэ сэ илъэс тIощIрэ щырэ сыхъуу арат, а зекIуэм и фIыгъэкIэ къэзгъуэта си ныбжьэгъур сэ нэхърэ илъэс 15-кIэ нэхъыжьт. Ауэ, нэхъыжьыфIти, сигъэныбжьэгъуу, сигъэгушхуэу сызригъэгъусащ. Апхуэдэу щIэхъуар зыкъомкIэ елъытагъэнт ди Iуэху еплъыкIэхэр зэрызэтехуэм, хэхэс гъащIэр натIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм ехьэлIауэ къыдэфыкI узхэмкIи дызэрызэщхьым.
Дэнэ щIыпIэ дыкъыщыхутами, дэ къэтлъыхъуэр 1763 - 1864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым и зэранкIэ зи лъахэр къэзыбгынэу хэхэс псэукIэ бзаджэр зыгъэва ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэхэрат. ИкIи къэдгъуэтырт апхуэдэхэр. Ауэ…
Адэжьхэм я хэкум ирамыгъэзэгъа ди лъэпкъэгъу насыпыншэхэм а хамэ щIыпIэхэми псэупIэ щратыртэкъым: 1967 гъэм израилыдзэхэр къызытеуа щIыпIэхэр адыгэхэм нэхъыбэу хэщIапIэ ящIа куейхэрати, мо тхьэмыщкIэ къомым, я щхьэр щIахьэри, адэ-мыдэкIэ егъэзыпIэ щащIат. Мис ахэр къэгъуэтыгъуафIэтэкъым. Ауэ абыхэм захуэдмыгъазэу ди гум тхутегъэхуэнутэкъыми, дымыщхьэхыу къэтлъыхъуэрт ахэр. Псом хуэмыдэу темыпыIэжыр, емызэшэжыр усакIуэ МэшбащIэ Исхьэкът. Адыгэхэм я щхьэм кърикIуа насыпыншагъым теухуауэ сэри ди гъусэхэми дымыщIэ куэдым щыгъуазэт ар. А хъыбар гуауэхэм дыщIигъэдэIуу сыхьэт бжы¬гъэкIэ дыщигъэст. Дызыхуэза ди лъэпкъэгъухэм къыджаIэхэр и дэфтэрым иритхэрт, ахэр зи тегъэщIапIэрэ гущIэм зыкъыдэзыгъазэ усэщIэхэм дригъэдаIуэрт нэхъ иужькIэ.
Сириемрэ Ливанымрэ дыкъикIыжа нэужь, МэшбащIэр куэдрэ ялъыгъуэзащ унафэщIышхуэхэм. Зыхуейр лIот? ХамэщIым щыпсэу адыгэхэм я дунейр зэрыкIыфIыр яжриIэу, абыхэм зыгуэркIэ защIэгъэкъуэн зэрыхуеймкIэ лъаIуэу арат. Ауэ «уи мыIуэху зумыхуэ», къыжраIэ мыхъумэ, къапих щыIэтэкъым. «Зи мыIуэху зезыхуэ» усакIуэм хузэфIэкI-рати, тIысырти, усэбзэкIэ и щхьэм хуэтхьэусыхэжырт, адыгэхэм я тхыдэр лъабжьэ зыхуищI усэ уахътыншэхэр итхырт. Абдежхэращ дунейм къыщытехьар нобэ ди лъэпкъэгъуу хъуам яIурылъ «Адыгэхэр» уэрэд цIэрыIуэр къызытращIыкIа усэр.
Илъэс щэныкъуэм щIигъуащ си ныбжьэгъу нэхъыжьымрэ сэрэ дызэрызэрыцIыхури, абы адыгагъэу, цIыхугъэу дэслъагъур сэркIэ щапхъэфIщ, ауэ Исхьэкъ ещхь хъугъуафIэкъым, псом япэрауэ, и талантышхуэмкIэ, итIанэ - и дуней тетыкIэ дахэмкIэ. Абыхэм щIэхъуэпсын, Исхьэкъ удэплъейуэ псэун хуейуэ аращи…
2006 гъэм Истамбыл щекIуэкIырт Дунейпсо Адыгэ Хасэм и VII Зэхуэсышхуэр. Дауи, МэшбащIэ Исхьэкъи абы кърихьэлIат. Гухэхъуэт а Лъэпкъ Хасэшхуэм литературэмкIэ игъэува саугъэт лъапIэр си ныбжьэгъу нэхъыжь МэшбащIэм и роман телъыджэхэм папщIэ къызэрыратыр плъагъуныр. Апхуэдэ гуфIэгъуэ куэд си нэгу щIигъэкIащ Адыгэ Республикэми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми я цIыхубэ тхакIуэ, РСФСР-ми СССР-ми я Къэрал саугъэтхэр зыхуагъэфэща си ныбжьэгъу нэхъыжь МэшбащIэ Исхьэкъ. Абыхэм я закъуэкъым Исхьэкъ адыгэхэр дызэригъэгуфIэр, дызэригъэгушхуэр - Хэку литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэ инхэм папщIэ, МэшбащIэм къратащ къэрал дамыгъэ лъапIэ куэд, Адыгэ Республикэми Краснодар куейми абы къыхуагъэфэщащ цIыхушхуэхэр зэрагъэпажэу яIэ дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэр.
Жылагъуэ лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтыр, ди къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр, мамырыгъэр гъэбыдэным псэемыблэжу зэрыбгъэдэтыр къалъытэри, МэшбащIэ Исхьэкъ къыхуагъэфэщащ «Мамырыгъэм щIэбэн» дыщэ медалыр, Урысей лъэпкъ фондым и «Обществэм зэригъэлъапIэ» дыщэ щIыхь нагъыщэр.
Дауи, мис а псори къалъытащ абы Мейкъуапэ къалэм щIыхь зиIэ и гражданин цIэр къыщыфIащми. 
Дунейпсо гражданин цIэр къыпфIащыну пхуэфащэщи, ари къыплъагъэсауэ Тхьэм дигъэлъагъу, си ныбжьэгъу нэхъыжьыфI Исхьэкъ!
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист.
Щыхьэт сытохъуэ
УсакIуэ псалъэр гупсысэ куу зыхэлъ Псалъэшхуэщ. Ар щIэбгъэщIэрэщIэни щыIэкъым. Ар уэри фIыуэ уощIэ, Исхьэкъ. Дауи, уэ езыми къыбгуроIуэж узэрыусакIуэр. Сэри абы щыхьэт сытохъуэ. Ауэ, сэ сыщынэхъыжькIэ, а Псалъэм щIызогъу: уэ уусакIуэшхуэщ, гу губзыгъэ зи бгъэм къыщеуэ уусакIуэ телъыджэщ. Кавказым и усакIуэ нэхъ ин дыдэхэм уащыщщ.
Кулиев Къайсын. 
1981 гъэ.

Къалэн лъапIэ
МэшбащIэ Исхьэкъ и усыгъэ тхылъхэм укъыщеджкIэ уи нэгу къыщIохьэ абы и къуажэгъу Iущхэм я дунейр, я псэукIэ – щыIэкIэхэр, я хьэл – щэнхэр. Къыпщохъу абыхэм урахьэщIэу, урапсэлъэгъуу. Усыгъэм и къалэн нэхъ лъапIэу хъуар гъэзэщIа щохъу Исхьэкъ и тхыгъэхэм – Iуэхур апхуэдэу щIыщытыр си ныбжьэгъу МэшбащIэр усакIуэ нэсщи аращ.
Рождественский Роберт. 
1981 гъэ.

АдыгэлI нэс
МэшбащIэм и усэхэр сыт щыгъуи узыгъэпIейтейщ. Ахэр зи IэдакъэщIэкIыр зи акъылыр тIыса, дунейм и пIалъэ зыщIэ адыгэлI нэсщ. УсакIуэшхуэщ. Куэдым зэрыжаIэщи, Исхьэкъ и усыгъэхэм я тегъэщIапIэр и лъэпкъ тхыдэращ. А тхыдэм и пэжырщ абы и усэхэр псэ быдэ, удэзыхьэх зыщIыр, езы усакIуэм пщIэрэ щIыхьрэ къыхуэзыхьыр. 
Дангулов Саввэ. 
1971 гъэ.

Зэбгъэдэпх хъунукъым
Кавказ Ищхъэрэм и усыгъэм Гамзатов Расул иIэмэ, МэшбащIэ Исхьэкъ зыхуэлажьэ абы и прозэри насыпыншэкъым. Расулрэ Исхьэкърэ зэбгъэдэпх хъунукъым – тIуми талантышхуэ ябгъэдэлъщ, къызыхэкIа лъэпкъхэри, Урысейм и литературэри зыгъэбжьыфIэ цIыху цIэрыIуэхэщ.
Исаев Егор.  
1981 гъэ. 

ЦIыхур зэхъуапсэм хуэдэщ
   МэшбащIэ Исхьэкъ адыгэлI Iущщ, укIытэ зыхэлъщ. Гу къабзэрэ псэ дахэкIэ зыхещIэ абы Урысейми езым и лъахэми щекIуэкI псори. Литературэми жылагъуэ гъащIэми щекIуэкIыу хъуам гудзакъэ иIэу якIэлъоплъ. И тхакIуэгъухэм къащхьэщыжу хуежьакъэ – зыкIи къыпхуикIуэтынукъым. Абы и дуней тетыкIэри и лэжьэкIри цIыхур зэхъуапсэм хуэдэщ.
    Литературэ нэсым пэлъэщыр вы бланитIщ: талантымрэ емышыжу лэжьэнымрэщи, а тIумкIи Алыхьыр къыхуэупсащ си ныбжьэгъу МэшбащIэ Исхьэкъ.
Бондарев Юрий. 

Апхуэдэу щIыщытыр
Сэ куэдрэ слъэгъуащ МэшбащIэ Исхьэкъ дэнэ щIыпIи, - Якутиеми, Краснодари, Смоленски, Налшыки, Ростов куейми, - цIыхухэр гуапэу къызэрыщыIущIэр. Апхуэдэу щIыщытыр гурыIуэгъуэщ: Исхьэкъ зи тхакIуэр адыгэхэм я закъуэкъым – ар лъэпкъыбэ урысей литературэр япэкIэ зыгъэкIуатэ шу пашэхэм ящыщщ.
 Сорокин Валентин.
1991 гъэ.

Тхыгъэр зейр НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: