Бзэр ехъумэ

Лъэпкъ узыншэм и нэщэнэщ щIэблэ дахэр, хэлъэт зиIэ, зи тхыдэм ириплъэж, лъэпкъ Iуэху зезыхуэ щIалэгъуалэр. Апхуэдэ щIалэгъуалэм уагъэгугъэ къэкIуэну дахэкIэ, уагъэгушхуэ зэфIэкIхэмкIэ. Нобэ ди лIыхъужьыр абыкIэ щапхъэщ. Адыгэ лъэпкъым и шыфэлIыфэр, и гупсысэкIэ-дуней тетыкIэр, и IуэхущIафэхэр тхыдэм къыхигъэбелджылыкIыурэ, ди зэманым екIуу кърепх. АбыкIэ сэбэп мэхъу и щIэныгъэр, и гурыхуагъэр, езыр зэманым зэрыдекIур. Нэхъыщхьэжращи, ар адыгэпсэщ. Къунаш Анзор и цIэр куэдрэ щызэхыдох интернет-напэкIуэцIхэм. Иджырей технологиехэм я Iэмалыр къигъэсэбэпурэ адыгэбзэр хъумэным, абы щIэблэм я гупэр хуегъэгъэзэным, бзэм и IэфIымрэ и купщIэмрэ къэгъэнэхуэным епхауэ IуэхуфIхэр елэжь. Ар IT-м йолэжь. Интернетым къыщызэригъэпэщащ «Zedzek» зыфIища адыгэбзэ псалъалъэр. Яндекс, Google интернет утыкушхуэхэм адыгэбзэр хегъэубыдэнми и зэфIэкI хелъхьэ.

Москва авиацэмкIэ институтым и аэрокосмическэ къудамэм щеджащ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэригъэгъуэта нэужь, IT IэнатIэм щылэжьэн щIидзащ. Мобильнэ Iэмэпсымэхэм папщIэ гуэдзэнхэр зэхегъэувэ. Дехьэх бзэхэр джыным, абыхэм я щэхухэр къэхутэным. «Google Translat» интернет зэдзэкIакIуэм хуэдэ адыгэбзэкIэ зэхигъэувэныр куэд щIауэ и хъуэпсапIэт.

Бжыгъэхэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэм, зэхэщIыкI IэрыщIым я Iэмалхэр куэд хъуа нэужь, щIалэм мурад ищIащ урысыбзэр адыгэбзэм хуэзыгъакIуэ интернет зэдзэкIакIуэ къигупсысыну. Иджыри илъэсипщI ипэкIэ, апхуэдэ мурадыр зы цIыхум хуэгъэзэщIэну Iэмал щыIэтэкъым. Иджырей технологиехэр къэунэхури, зепщытыгъуафIэ хъуащ абы.

«Zedzek» зыфIища интернет зэдзэкIакIуэр цIыхухэм къагъэсэбэп хъуащ, куэдым къацIыхуауэ ирогъуазэ. Ар зэпэщ ищIыным текIуэдащ зэмани гуащIи.

- ЯпэщIыкIэ къэзгъэсэбэпыну тхыгъэхэр зэхуэсхьэсащ. Тхыгъэхэр нейронзэрыхъэм иджыфу езгъэсащ. Пэжым ухуеймэ, къэбгъэсэбэпыну тхыгъэхэм я куэдагъми я фIагъми елъытащ псалъэхэр зэрызэбдзэкIым и пэжагъ-фIагъыр. Нобэм къэс къызэрыдбжымкIэ, зэхуэтхьэсыну тхузэфIэкIащ интернет программэм едгъэдж тхыгъэ мин 350-рэ. Псалъэхэр зэдзэкIыным, зэдзэкIа хъуахэм хэплъэжыным теухуа лэжьыгъэм я фIэфIыныгъэкIэ цIыху куэди къыхыхьащ. Iуэхум папщIэ www.zedzek.com. сайт щхьэхуэр къызэзгъэпэщащ. Си гуапэ зэрыхъущи, махуэ къэс а сайтыр цIыхухэм къагъэсэбэп, куэдым я Iэдэжщ, яцIыху. Псалъэхэм къикIым я мыхьэнэм еплъым е щIэныгъэкIэ загъэунэхужым нэмыщI, абы къихьэхэм Iэмали яIэщ сайтым щызэхуэхьэсахэм езыхэми халъхьэнIауэ - псалъэ зэдзэкIахэм я фIагъыр къапщытэфынущ, псалъэщIэхэри иратхэфынущ, - жеIэ Анзор.

Псалъэхэмрэ тхыгъэхэмкIэ къулей хъуа нэужь, интернет зэдзэкIакIуэр егъэфIэкIуауэ къагъэщIэрэщIэжащ. Къэбэрдейм, Адыгейм щыIэ къэпсэлъыкIэхэр зэхэгъэщхьэхукIауэ къыщыбогъуэт. Урысыбзэр адыгэбзэкIэ зэбдзэкI къудей мыхъуу, иджы адыгэбзэр урысыбзэкIэ зэбдзэкIи мэхъу.

Адыгэбзэ зэдзэкIакIуэм нэмыщI, нэгъуэщI Iуэхухэми яужь итщ щIалэр. Ар йолэжь и сайтым щызэхуэхьэсахэр Яндекс, Google технологие компаниехэм, нэгъуэщI гуэдзэнхэм хегъэубыдэным, адыгэбзэр абыхэм я зэдзэкIакIуэ сервисхэм хэгъэхьэным.

Псалъэхэр зэдзэкIыным нэмыщI, интернет моделхэр нэгъуэщI Iуэху лIэужьыгъуэхэми хуегъасэ. Апхуэдэщ ChatGPT бзэ моделыр, адыгэбзэм и макъхэр нэгъуэщIхэм къахэзыцIыхукI икIи къахэзыгъэбелджылыкI программэр, адыгэ Iуэхум хуэгъэпса сурэтхэр зэхэгъэувэныр, нэгъуэщIхэри. ЛIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщыкI а Iуэхур зэуIу ищIын мурадкIэ къызэригъэпэщащ adiga.ai платформэр. Иджырей технологиехэм я Iэмалхэм я фIыгъэкIэ ар сэбэп мэхъу адыгэбзэр, адыгэ щэнхабзэр, ди лъэпкъ тхыдэр хъумэнымкIэ.

- adiga.ai платформэм и япэ проектщ «Нарт» чат-ботыр. «Нарт» сытым теухуауи уепсалъэ мэхъу адыгэбзэкIэ. ДяпэкIэ си мурадхэм ящыщщ ар и лъабжьэу узыгъэгъуазэурэ къопсалъэ интернет дэIэпыкъуэгъу къэзгъэщIыну. ДэIэпыкъуэгъур хуэдэнущ Яндексым и «Алисэм», - жеIэ и мурадхэм тепсэлъыхьу.

- Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ долъагъу дунейм тет бзэ куэдыр, ди адыгэбзэри абы яхэту, зэрыдэхуэхыр. Убыхыбзэм и щхьэ кърикIуам хуэдэ адыгэбзэм къылъэмыIэсын папщIэ, ар тхъумэнымрэ къедгъэлынымрэ хуэныкъуэщ. Иджырей технологиехэм егъэлеяуэ щIэхыу зэрызаужьым и фIыгъэкIэ, бзэр хъумэным теухуауэ щыIэ Iэмалхэри нэхъыбэ мэхъу. Нэхъыщхьэжращи, дэ тщыщ дэтхэнэми Iэмал иIэщ Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуищIыну.

Адыгэбзэм теухуауэ сэри нэгъуэщIхэми тщIахэм куэд къызэрыхыхьэр, зэрыхэлэжьыхьыр, ар зэрафIэгъэщIэгъуэныр щыхьэт тохъуэ адыгэгу-адыгэпсэр, лъэпкъыбзэмрэ ди щэнхабзэмрэ зыхъумэну хуейхэр зэрымымащIэм. Си фIэщ мэхъу адыгэбзэр зэрытхуэхъумэнури зэрытхуэгъэлъэщэнури, - жеIэ адыгэбзэм нобэ иIэ щытыкIэм тепсэлъыхьу.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: