Дэтхэнэри арэзы ещIыфЗыпэрыт IэнатIэр гурэ псэкIэ къыхэзыха цIыхурщ лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьэфынур. Апхуэдэ цIыхухэм я къалэныр жэуаплыныгъэшхуэ яхэлъу ягъэзащIэ икIи я IэнатIэр сытым дежи зэрефIэкIуэным хущIэкъуу апхуэдэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ Нарткъалэ дэт, ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым гинекологиемкIэ и къудамэм и унафэщI Бро (Мысрокъуэ) Маритэ Пагуэ и пхъур. Илъэс 47-рэ хъуауэ ар дохутыру мэлажьэ, иджыпсту зыпэрыт къулыкъур илъэс 23-м нэблэгъауэ ирехьэкI.
Поделиться:
Читать также:
17.07.2026 - 17:03 →
ФIэщщIыгъуей хъыбархэр
17.07.2026 - 16:10 →
Революционер шыщхьэмыгъазэт
17.07.2026 - 16:01 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
17.07.2026 - 15:01 →
Быным епцIыжахэр
17.07.2026 - 14:30 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
| ||




