Берлин нэсыхукIэ

ТекIуэныгъэ-80

Шэрэдж аузым зыщызыукъуэдия Зэрэгъыж адыгэ жылэ Iумахуэм зи лъэпкъ къуэпсыр щыIэ, Налшык дэт курыт школ №6-м и 8-нэ классым щIэс Нэчо Идар «Адыгэ псалъэ» газетым тхыгъэ хьэлэмэт иджыблагъэ къытхуигъэхьащ. Ар теухуащ Идар и дадэшхуэ, 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэта Къардэн Къасым Мыштыкъ и къуэм. 
«Ди Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэр дахэщ, къабзэщ, и щIыуэпсри и цIыхухэри телъыджэщ. Псом хуэдэжкъым дахагъэрэ хьэуам и къабзагъэкIэ Шэрэдж щIыпIэр. Ауз хуитым зи лъабжьэр щызыгъэтIылъа Зэрэгъыж щыпсэу адыгэ лъэпкъхэм ящыщщ си анэ Нэчо Ленэ къызыхэкIа Къардэнхэ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 40 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ зэрахьэу бийм щапэщIэувахэм ящыщащ а лъэпкъышхуэм къыхэкIахэри. Апхуэдэт си анэм и адэшхуэ Къардэн Къасым МыштIыкъ и къуэр. Зэрэгъыж лъагъунлъагъу дыщыкIуэж зэзэмызэм Къардэнхэ я унагъуэм ис ди Iыхьлыхэм куэдрэ яIуатэ си дадэшхуэр щхьэмыгъазэу зауэжьым зэрыхэтам и хъыбар. Ахэр сфIэхьэлэмэту, сэри гупсэхуу щыгъуазэ зыхуэсщIащ. 
Къардэн Къасым, адрейхэми хуэдэу, лажьэрэ шхэжу, и къалэнхэр дагъуэншэу зэфIихыу щылажьэрт Сталиным и цIэр зэрихьэу Зэрэгъыж жылэм щызэхэт хозяйствэм. «Полуторка»-кIэ зэджэу щыта хьэлъэзешэ машинэм дэст ар, гъавэ Iухыжыгъуэм и гуащIэгъуэу хэту. Апхуэдэу ар ирихьэлIащ 1941 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 22-м. Си адэшхуэм жиIэжу зэрыщытамкIэ, а махуэм и шэджагъуэм жылэдэсхэр псори къуажэ клубым щызэхуэсат, къэралым и Правительствэм къыбгъэдэкIыу радиомкIэ къатынум пэплъэу. Абдежым псоми къащIэIуащ Германиер ди къэралым къызэрытеуам теухуа хъыбар гуауэр. 
Колхозхэтхэм я зэхуэсыр иухатэкъым, си адэшхуэм и адэр Хэкум и хъумакIуэ хъуну хьэзыру къыщыувам. Хьэлъэзешэ машинэм зэрису, ар фронтым ираджащ. Къардэн Къасым хуэдэу зи автомашинэ ису 1941 гъэм Хэку зауэшхуэм дэкIыу ар дыдэм ису 1945 гъэм къэзыгъэзэжа куэд щыIэу къыщIэкIынкъым. Зэрэгъыж къыщыщIэдзауэ Берлин нэсащ зи гугъу тщIы, «Полуторка» машинэр. ИужькIи куэдрэ колхоз губгъуэхэм итащ, езы Къасым дэсу. 
Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейуэ фронтым ираджахэм, къэралым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи гъащIэр зытахэм ящыщащ Къасым и къуэш нэхъыжь Барэсбий. И шынэхъыжьыр зэрыдашрэ куэд дэмыкIауэ, дзэм ираджащ 1912 гъэм Псыгуэнсу къыщалъхуа Къасыми. Гвардием и сержант нэхъыжь Къардэным и машинэ шэрхъыр зауэшхуэм и илъэсхэм щIыналъэ куэдым щыджэрэзащ. ЗэуапIэм Iутхэм шэхэр, лагъымхэр, ерыскъы яхуIушэнырат Къасым и къалэн нэхъыщхьэр. А пщэрылъыр абы игъэзэщIэн хуейт дапщэщи: уэшх къешхми, уэс къесми, дыгъэ пэзазэ уафэгум щитми, пшагъуэ Iувым щIылъэр щиуфэбгъуами. Тхьэм фIыуэ къилъэгъуа, «джанэ щыгъыу къалъхуа» жыхуаIэм хуэдэ адыгэ щIалэм хузэфIэкIащ а къалэн мытыншыр къызыхуэтыншэу, ныкъусаныгъэншэу икIи и чэзум сыт щыгъуи игъэзэщIэн. Куэдрэ къэхъурт биишэ къытелъалъэм зыпыIуидзурэ зэуапIэм щынэс.
ЗауэлIхэм ерыскъы щахуишэкIи апхуэдэ дыдэт: дыгъуасэ зыщагъэбыда щIыпIэм нобэ ахэр щыщумыгъуэтыжи щыIэт, арщхьэкIэ щIалэ губзыгъэм, набдзэгубдзаплъэм хузэфIэкIырт ди дзэхэр щитIысыкIа щIыпIэщIэр къигъуэтын. Зыхэт дзэм я гъусэу, и «Полуторка»-м ису Къасым нэсащ Германием, дыхьащ абы и щыхьэр Берлин. ТекIуэныгъэ Иныр цIыхубэм къахуэзыхьахэм ящIыгъуу щалъхуа щIыналъэми къигъэзэжащ. Хэку зауэшхуэм щхьэмыгъазэу хэта Къардэным бгъэдэлъа зэфIэкIхэм къапэкIуащ къэрал дамыгъэ куэд. Абыхэм ящыщщ Хэку зауэ орденым и етIуанэ, ещанэ нагъыщэхэр, Жуковым и цIэкIэ ягъэува орденыр, «Хахуагъэм папщIэ», «Германием дызэрытекIуам папщIэ», «Берлин къызэращтам папщIэ», «Зауэ зэфIэкIхэм папщIэ» медалхэр. 
Къардэн Къасым къыщалъхуа щIыналъэм къыщыкIуэжар 1946 гъэм и бжьыхьэращ. Зауэ нэужьми ар хьэлэлу хуэлэжьащ къэралым. ЯпэщIыкIэ ар исащ зауэшхуэм и гъуэгуанэ кIыхьыр и гъусэу къызэпызыча и машинэм. ИужькIэ «ЗиЛ» хьэлъэзешэ машинэ къратри, абы дэсу иджыри куэдрэ IэнатIэр ирихьэкIащ. Абы къыхуагъэфэщауэ щыта гуащIэдэкI дамыгъэхэмрэ щытхъу, фIыщIэ тхылъхэмрэ и щыхьэтщ си дадэшхуэр и къалэнхэм хъарзынэу пэлъэщу, пэжу лажьэу зэрыщытам. Адэм и щапхъэм тетщ абы къыщIэна и бынхэу Наусбий, Олег, Хьэбас, Лизэ сымэ, абыхэм я щIэблэр. 
ЗэрыжаIэу, лIы и хьэлу, унэ лъапсэ иухуащ, быниплI ипIащ, жыг хадэшхуэ хисащ Къардэн Къасым. Зэрэгъыждэсхэр ноби ирогушхуэ си адэшхуэм и адэ лIыхъужьым. Апхуэдэу жылэм яхуэфащэ дыдэу я напщIэ телъщ и куэщI къихъукIа адыгэлI цIэрыIуэхэу Темыркъан Юрэ Хьэту и къуэр, ди лъахэм щыщ, си адэшхуэм и адэ Къасым и япэ къуэрылъху, Олимп джэгухэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я чемпион Къардэн Мурат Наусбий и къуэр. 
Дэри, Къардэн Къасым и къуэрылъху-пхъурылъхухэр, абыхэм къащIэхъуа щIэблэхэр, дрогушхуэ ди адэжьхэм я гъащIэмрэ дуней тетыкIэу яIамрэ. Абыхэм я фэеплхэр дохъумэ, цIыхугъэ лъагэ зыхэлъа, хэкупсэу зи дунейр зыхьа а нэхъыжьыфIхэр щапхъэ тхуэхъуу».
 

Зыгъэхьэзырар КЪАРДЭН Маритэщ.
Поделиться: