Напэр япэ ирегъэщ

Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщ Мэзыхьэ Рустам Заурбий и къуэр Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтащ. ЩIалэщIэм зэрыцIыкIурэ армэм къу­лыкъу щищIэныр и гуращэт. Пасэу зи адэр зыIэщIэкIа ныбжьыщIэр анэм и жы­Iэм щIэту къэхъуащ. Школым щыщIэса лъэхъэнэм ар тхыдэм теухуа тхылъхэм дихьэхырт. Рустам и ныбжьыр илъэс 18 щыхъум дзэм ираджащ. 

Мэзыхьэр хагъэхьащ Хабаровск крайм хиубыдэ Сахалин хытIыгум щыIэ лъэсыдзэм къегъэщIылIа ракетэ частым, илъэ­ситкIэ и къулыкъур абы щрихьэкIри, унэм къэкIуэжащ. 
Мэзыхьэ Рустам и анэ Мэ­зыхьэ (Альборэ) Таисэ фызабэу къэнат, ауэ и къуэ закъуэр абы сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпы­къуэгъу хуэ­хъуащ, и шыпхъуи­щыр къэIэтынымкIи уна­гъуэр зыхуей хуэгъэзэнымкIи. 
Дзэ комиссариатым деж зыщ­ригъэт­хыжарэ запасми щыIэу, шэшэн зауэр къэ­хъеяти, М­эзыхьэр зэухылIэныгъэкIэ дзэм хы­хьэжащ. Абы здыхэтым, Урысейм и дзэм щыщхэр Куржымрэ Осетиемрэ Ипщэ я зэ­хуаку къыдэхъуа зэпэщIэувэныгъэм зэра­гъакIуэм теухуа уна­фэр къаIэрыхьащ. Мэзы­хьэр зыхиубыда гупыр абы яшащ 2008 гъэм шыщхьэуIум и 8-нэ махуэм. 
Адыгэ щIалэр зэрыхахуэр абдежми къыщигъэлъэгъуащ, зыбгъэдагъэува IэнатIэм къикIуэт жыхуаIэр имыщIэу пэрытащ, сыт хуэдэ Iуэху и пщэ къыдалъхьэми ар зэри­гъэзэ­щIэным, и гъусэхэр губгъуэм къы­зэрыримынэным ерыщу яужь итащ. 
- ЗэуапIэм Iут щIалэхэр дызэ­дэIэпыкъурт, зыр адрейм ды­хуасакъырт. УIэгъэ хъуахэри яукIахэри губгъуэм къитхырти, зыхуей хуэдгъазэрт. Хэт сыт къытщыщIми дызэдэIэпы­къурт. Апхуэдэу узэкъуэмытмэ, ем утекIуэнукъым. Сызыхэтахэм ящыщ зэуапIэ губгъуэм зэи зыри къиднакъым. Сэри, зэуа­пIэм уIэгъэ хьэлъэ сыщыхъури, си жьэпкъыр Iыхьищу къутауэ щытащ, операцэ сащIри гъущI ­халъхьащ. Дзэм сыхэтыну есщIылIа зэгуры­Iуэныгъэр щызухым, си лъахэм къэзгъэзэжащ, - игу къегъэкIыж Мэзыхьэ Рустам. 
2012 гъэм Мэзыхьэр заочнэу щIотIысхьэ Налшык дэт «Строитель» колледжым. ИкIи ар 2016 гъэм къеух, ухуэныгъэм пыщIа IэнатIэхэм къыщагъэ­сэбэп машинэхэр зэгъэ­пэщыжынымкIэ IэщIагъэ зригъэгъуэтауэ. 
2010 гъэм къыщыщIэдзауэ 2016 гъэ пщIондэ Мэзыхьэр щылэжьащ «Страж» ООО ­хъумакIуэ IуэхущIапIэм. 2018 гъэм ар хэтащ дзэм дежкIэ стратегие мыхьэнэ зиIэ, «Вос­ток - 2018» зыфIаща команднэ-штабной гъэсэныгъэхэм, жы­джэру зэрыхэтам папщIи щIыхь тхылъ къыщратащ. Къигъэзэжа иужькIи, республикэм и Шэджэм район дзэ комисса­риатым къыбгъэдэкIыу. щIыхь тхылъ къыхуа­гъэфэщащ. 
- Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхами илъэ­сым нэблагъэкIэ сыхэтащ, - и псалъэм къыпещэ Мэзыхьэ Рустам. - Си анэм дэIэ­пы­къуэгъу зэримыIэм къы­хэкIкIэ, дзэм кIыхьу сыхэт ­хъуакъым. Сызыхэхуа частым лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIауэ хэт щIалэгъуалэр дгъэсэну ди пщэ къралъхьэрт. Абыхэм едгъащIэрт топ гъэ­уэкIэ, фоч IыгъыкIэ. Iуэхум хэзыщIыкI нэхъыжьхэр частым кърашалIэхэм сыт ищIыскIи дадэIэпыкъурт, ямыщIэр ед­гъащIэрт, щапхъэ дахуэхъурт. Дэнэ сыщыIами, адыгэ гуп дызэрыгъэхъурти, ди лъэпкъым и напэ зэрытедмыхыным дыхущIэкъурт, нэгъуэщIхэри ди зэ­хэты­кIэфIым, ди хабзэм щыдгъэгъуазэрт, губгъэн къызэрыдмыхьыным яужь дитт, ди ­гъусэхэм зэрытхузэфIэкIкIэ да­дэIэпыкъурт. Сызыхэта гупым зауэ губгъуэм зэи зыри ­къиднакъым. 
Мэзыхьэр шэшэн зауэм щыщыIам уIэгъэ щыхъуати, абы щигъуэта фэбжьыр къы­щыхъеижат Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам илъэс хэта иужь. ИкIи и узыншагъэр зэрыхуэ­мыкIуэм къыхэкIыу, дзэм къыхагъэкIыжащ. 
- ЩIалэ хахуэ куэд си гъусэт, къикIуэт жыхуа­Iэр ямыщIэу, къалэн къытщащIым я нэхъ гугъу дыдэм дыпэщIэувэрт. Украинэм сыщыщыIа илъэсым нэхъ гукъутэу сигу къи­нэжахэм ящыщщ зауэ губгъуэм къитхыжа щIалэщIэхэр. Апхуэдэщ и ныбжьыр илъэс 21-рэ фIэкIа мыхъуу хэкIуэда лейтенант нэхъыщIэ Кудрявцов Иван урыс щIалэмрэ адыгэ щIалэ ахъыр­зэман, Тэрч районым хыхьэ Урожайнэ къуажэм къыщалъ­хуа ­Хъущт Ахьмэдрэ. Ахэр ящыщщ зэуапIэ губгъуэм лIыгъэ щызэрахьэу, Хэкум папщIэ зи псэр зытахэм. Шэр къызэ­рыттелъалъэу, зауэ щIыпIэм зыри къиднэртэкъым. Гум тегъэхуэгъуейт, нобэ уи гъуса щIалэр хьэIуцыдзхэм я шхыныгъуэу губгъуэм къибнэн жы­хуэпIэр. «Псэм и пэ напэ» жы­хуиIэ псалъэжьыр ди ­гъуазэт. Дзэм, зэрытлъэкIкIэ, щапхъэгъэ­лъагъуэу дахэтащ гъусэ схуэхъуа адыгэ щIалэхэмрэ сэрэ. АдэкIэ я цIэр къыхэзгъэщыну сыхуейт зауэ губгъуэм си гъусэу ита ди лъэпкъуэгъу щIалэхэу Бэбыгуей Резуан, МэчрэIил и къуэр, Къетыкъуэ Алим, Хьэмид и къуэр, Пекъу Мурат, Юрэ и къуэр. Дэ гупыр, иджыри урыс щIалитI ди ­гъусэу, зауэ губ­гъуэм куэдрэ дитащ, сыт ищIыскIи щапхъэ къэдгъэлъагъуэу, къикIуэт димыIэу, бийм дыпэщIэтащ, - игу къегъэкIыж ныбжьышхуэ имыIэми, куэд зи нэгу щIэкIа Рустам. 
ТхужыIэнущ Мэзыхьэр, дэнэ къыщыщIи­дзами, къы­зыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу, и Хэкум пщIэ дзэм зэрыхуищIыр къыщигъэ­лъагъуэу зэрыщыIар. Абы медаль зыбжанэрэ щытхъу тхылъхэмрэ къыхуагъэфэщащ, дзэм щыхэтам зэрихьа лIыгъэм папщIэ. Иджыблагъэ абы къратащ «ТекIуэныгъэ - 80», «Донбасс - 80» зытет медалхэри. 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также: