Къурмэн хьид махуэ лъапIэмкIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм щыпсэухэм йохъуэхъу

Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэ­рым ис муслъымэнхэм сохъуэхъу Къурмэн махуэ лъа­пIэмкIэ.
А махуэщIыр гъэнщIащ цIыхупсэр зыгъэдахэ, зыгъэнэху гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ. Ислъам диным и псэкупсэ лъабжьэ быдэм и щыхьэту, абы дэтхэнэми и гупсысэхэр хуеунэтI цIыхур фIыуэ лъагъуным, гущIэгъур, дэхуэхам дэIэпыкъуныр, псапэр, захуагъэр, тэмакъкIыхьагъыр, зэгурыIуэныгъэр игъэнэхъапэу дунейм тетыным.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муслъымэнхэр ­дапщэщи хущIокъу цIыхум лъапIэныгъэу къилъытэхэр ­хъумэным, хэлъхьэныгъэ ин хуащI ди щIыналъэм щыпсэухэм я зэхуаку зэгурыIуэныгъэ, зэкъуэтыныгъэ, мамырыгъэ, шыIэныгъэ, пщIэрэ нэмысрэ дэлъыным, зы­щыщ лъэпкърэ зэрахьэ динрэ емылъытауэ. 
ПщIэшхуэрэ фIыщIэрэ яхуэфащэщ унагъуэр гъэ­бы­дэным, щIэблэр хэкупсэу къэгъэхъуным зи IуэхущIафэхэр хуэзыунэтI муслъымэн зэгухьэныгъэхэм. 
Нэхугъэ гуапэ зыпкърылъ нобэрей махуэшхуэм ди республикэм щыпсэухэм къыфхудрекIуэ узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ. Къурмэн хьидым дэтхэнэ унагъуэми фIы­гъуэ, гуфIэгъуэ, къэкIуэнум хуэгъэза фIэщхъуныгъэ дахэ къыфхуихьыну си гуапэщ. 

Поделиться: