Хэку зауэшхуэм и орденым и етIуанэ нагъыщэр Сыринэ Хьэжмусэ Мэзракъ и къуэм (1910 - 25.07.1944 гъ.) зэрыхуагъэфащэрэ илъэс 80-м нэблагъэ дэкIыжауэ, дамыгъэм и тхылъыр къыIэрагъэхьэжащ лIыхъужьым и пхъум.
Мэзракъ и къуитIри хэкIуэдат а зауэм. Лейтенант Хьэжмусэ и зауэ гъуэгуанэр къызэрекIуэкIар къэхутэжыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ Урысейм и ФНС-м и управленэу КъБР-м щыIэм и къэрал налог инспектор нэхъыщхьэ, УФ-м и къэрал граждан IэнатIэм езанэ класс зиIэ и чэнджэщэгъу Нэхущ Ахьмэдрэ Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и управлением и къудамэм и IэщIагъэлI пажэ Нэхущ Дианэрэ. Абыхэм зэхуахьэсыжахэр ди тегъэщIапIэу мы тхыгъэр дгъэхьэзыращ.
Сыринэ Хьэжмусэ Мэзракъ и къуэр 1910 гъэм Тэрч областым и Налшык округым хыхьэ Къармэ къуажэм (иджы КъБР-м и Дзэлыкъуэ районым и Каменномост къуажэм) къыщалъхуащ, адыгэщ. Абы и щхьэгъусэу щытащ Къагъырмэс ФатIимэт Бэчыр и пхъур. 1941 гъэм гъатхэпэм и 15-м абыхэм зэдагъуэтащ хъыджэбз цIыкIу, Алевтинэ фIащащ. Хьэжмусэ 1941 гъэм шыщхьэуIум и 24-м Пятигорск дзэ комиссариатым къулыкъу ищIэну ириджэри, Дзэ Плъыжьым хагъэхьащ.
Къулыкъу щищIа япэ мазэхэм теухуауэ мащIэщ хъыбару щыIэр. И дамыгъэхэр зэрыт тхылъым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, 1942 гъэм и накъыгъэм Ипщэ зэуапIэм Iутащ, 1943 гъэм гъатхэпэм и 3-м Ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэу уIэгъэ щыхъуащ.
ИужькIэ ар ебланэ фочауэ батальон щхьэхуэм хэхуащ. Апхуэдэ ебгъэрыкIуэ гупхэр зэуапIэм и гуащIэгъуэхэм хэтт. Къагъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ орден къратыхункIэ е уIэгъэ хъухункIэ а къалэныр ягъэзащIэрт. ЗэфIэкI ин къэзыгъэлъэгъуахэр иужькIэ лъэсыдзэхэм ягъакIуэрт, унафэщI къулыкъухэр яIыгъыу. Сыринэ Хьэжмуси Хэкум зэрыхуэпэжыр наIуэ ищIат. Ленинград фронтым и 109-нэ фочауэ корпусым и унафэщIым 1944 гъэм гъатхэпэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №011/н-м тету, ебланэ фочауэ офицер батальоным и топгъауэ, 2-нэ ранг зиIэ, дзэхэр зыхуейхэмкIэ къызэзыгъэпэщ Сыринэ Хьэжмусэ Мэзракъ и къуэм къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь орденыр.
Дамыгъэр зэрыхуагъэфэщам щыхьэт техъуэ дэфтэрым, 1944 гъэм мазаем и 21-м ятхам, итщ: «2-нэ ранг зиIэ техник-интендант Сыринэ Хь. М. топгъауэ гупым хэту Нарвэ къалэм и Ипщэ-къухьэпIэр зыубыда (1944 гъэм мазаем и 12-м) нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щебгъэрыкIуэм, бийм хэщIыныгъэ яритри, икIуэтхэм я гъуэгури зэхуищIащ. Мазаем и 13-м топышэкIэ нэмыцэр мэзым къыщIихури, зэхэуэм ехъулIэныгъэ щаIащ».
1944 гъэм и гъэмахуэм гуп унафэщIу ар яхэтащ Латвиер щхьэхуит къэзыщIыжахэм. Ещанэ Прибалтикэ зэуапIэм и 54-нэ дзэм и 123-нэ фочауэ гупым и унафэщIым 1944 гъэм фокIадэм и 1-м къыдигъэкIа унафэ № 066/н-м тету, 285-нэ фочауэ дивизэм и 1017-нэ фочауэ полкым и топгъауэ гупым и унафэщI лейтенант, ВКП (б)-м хэт Сыринэ Хьэжмусэ Мэзракъ и къуэм Хэку зауэм и орденым и етIуанэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ (езыр мыпсэужу).
Дамыгъэр зэрыратым теухуауэ 1944 гъэм шыщхьэуIум и 8-м ятха тхылъымпIэм итщ: «1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м щегъэжьауэ 30 пщIондэ Латвие ССР-м хыхьэ Куправэ къуажэм и Iэгъуэблагъэм щекIуэкIа зэхэуэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыщигъэлъэгъуащ Сыринэ Хьэжмусэ. Зы махуэм къриубыдэу абы лIыхъужьыгъэ хэлъу къигъэувыIащ бийм я ебгъэрыкIуэу 4, нэмыцэ сэлэтрэ офицеру 30-м нэс иукIащ. Бийр икIуэтыжащ. 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м зэрыпхъуакIуэхэр аргуэру къатезэрыгуащ. Я бжыгъэкIэ къазэрефIэкIым емылъытауэ, Сыринэр зауэм хыхьэри, бийр хигъэщIащ, я техникэр зэтрикъутащ. И Хэкур лIыгъэ хэлъу ихъумэу, а зэхэуэ гуащIэм Сыринэр хэкIуэдащ».
285-нэ фочауэ дивизэм игъуэта хэщIыныгъэхэм теухуауэ хъыбар зэрырагъащIэ тхылъымпIэм (1944 гъэм шыщхьэуIум и 11-м ятхам - № 030039) зэритымкIэ, 1017-нэ фочауэ полкым и топгъауэ гупым и унафэщI лейтенант Сыринэ Хьэжмусэ зауэм хэкIуэдащ 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м. ЛIыхъужьыр япэу щыщIалъхьэжар Латвие ССР-м и Куправэ станицэм метр 450-кIэ и ищхъэрэкIэщ.
Абы и дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуащ и щхьэгъусэ Сыринэ ФатIимэт Бэчыр и пхъур - КъБАССР-м и Нагорнэ районым хыхьэ Каменномост къуажэм щыпсэуар. Гуп унафэщIхэм бзылъхугъэм 1944 гъэм шыщхьэуIум и 1-м хъыбарегъащIэ къыIэрагъэхьат: «Уи щхьэгъусэ, топгъауэ гупым и унафэщI, Къэбэрдей АССР-м и Нагорнэ районым хыхьэ Каменно-Матскэ къуажэм къыщалъхуа Сыринэ Хьэжмусэ 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м лIыгъэ хэлъу, и дзэ щIыхьым пщIэ хуищIу зауэм хэкIуэдащ. Латвие ССР-м и Купровэ станицэм ищхъэрэкIэ метр 450-кIэ пыIухауэ ар щыщIалъхьэжащ».
ЩIалъхьэжахэм я цIэ-унэцIэхэр зэрыт тхылъымпIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, лейтенант Сыринэ Хьэжмусэ Латвием и Балвскэ районым хыхьэ Куправэ къуажэм къулыкъу ящIэу щыхэкIуэдахэм я кхъэу щыIэм етIуанэу щыщIалъхьэжащ. Абы и цIэр сыным тетхэжащ.
СССР-м и НКО-м кадрхэмкIэ и управленэ нэхъыщхьэм 1944 гъэм фокIадэм и 12-м къыдигъэкIа унафэ №02990-м итщ лейтенант Сыринэ Хьэжмусэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэту 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м зэрыхэкIуэдам къыхэкIыу, Дзэ Плъыжьым зэрыхатхъыкIыжар.
Къыхэгъэщын хуейщ Сыринэм зауэм къыдыхэтахэм я зы IуэхущIафэ. Военкоматым зы акт щыхъумащ, 1945 гъэм накъыгъэм и 21-м ятхауэ. Ар 1017-нэ фочауэ гупым и унафэщIхэм 1945 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м Сыринэ Хьэжмусэ Вагъуэ Плъыжь орденыр къызэрыратынум теухуауэ военкоматым зэрызыхуагъэзарт. Дамыгъэр щхьэгъусэм иратыжащ.
Сыринэ Хьэжмусэ и цIэр Каменномостскэ къуажэм дэт фэеплъым тетщ. Апхуэдэуи дыщэ хьэрфкIэ и унэцIэр зэмыщхьу къытеIущIыкIащ Дзэлыкъуэкъуажэ щыIэ Фэеплъ блыным - «Сарынов Хажмуса Мурзаканович», «Сиринов Хажмуса Музракович», «Соринов Хажмуса Мурзаканович».
КъБР-м и Фэеплъ тхылъым (2015 гъэм къыдэкIам, 2-нэ том) 302-нэ и напэкIуэцIым итщ: «Сыринэ Хьэжмусэ Мырзэкъан и къуэр 1914 гъэм къалъхуащ, адыгэщ, Каменномост къуажэм къыщалъхуащ. Нагорнэ щIыналъэ военкоматым ар Совет Армэм ириджащ 1941 гъэм шыщхьэуIум и 24-м. Лейтенантщ. 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м хэкIуэдащ. ЩыщIалъхьэжар Латвие ССР-м и Куправэ станицэрщ».
Абы мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэжыпхъэу къагъэлъагъуэ: «Сыринэ Хьэжмусэ Мэзракъ и къуэр 1910 гъэм къалъхуащ, адыгэщ, Каменномост къуажэм щыщщ. Пятигорск дзэ комиссариатым Совет Армэм ириджащ 1941 гъэм шыщхьэуIум и 24-м. Лейтенантщ. ХэкIуэдащ 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м. ЩыщIалъхьэжар Латвием и Вилякскэ щIыналъэм хыхьэ Куправэ къуажэм зауэлIхэм я кхъэу щыIэрщ».
Мы хъыбархэр къыщIэзыгъэщыжахэм Хьэжмусэ ипхъу Шакъ Алевтинэ къагъуэтащ. АбыкIэ сэбэп къахуэхъуащ Хьэжмусэ и къуэш нэхъыщIэ Билал и пхъурылъху Кумыщ Арсен. 2023 гъэм накъыгъэм и 24-м Хьэжмусэ и пхъум къыбгъэдэкI тхыгъэ ягъэхьэзырри, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм кадрхэмкIэ и управленэ нэхъыщхьэм зыхуагъэзауэ щытащ лIыхъужьым СССР-м къыхуигъэфэщауэ къаIэрымыхьэжа къэрал дамыгъэхэм я тхылъыр къратыжыну елъэIуу.
Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и архив нэхъыщхьэм и дэфтэрхэр къапщыта нэужь, жэуап къатхыжащ, 109-нэ фочауэ корпусым и унафэщIым 1944 гъэм гъатхэпэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ № 011/н-м тету, Вагъуэ Плъыжь орденыр Сыринэм къызэрыхуагъэфэщар иту. «Дамыгъэм щыхьэт техъуэ и тхылъыр (№770331-р) 1997 гъэм гъатхэпэм и 12-м Налшык къалэм и дзэ комиссарым иритыжащ лIыхъужьым ипхъу Сыринэ Аллэ. КъищынэмыщIауэ, 123-нэ фочауэ корпусым и унафэщIым 1944 гъэм фокIадэм и 1-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Сыринэ Хьэжмусэ къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр. Ауэ ар лIыхъужьым и Iыхьлыхэм Iэрагъэхьэжауэ зыщIыпIи къыщыдгъуэтакъым. Хэку зауэм и орденым и етIуанэ нагъыщэм и тхылъыр къыфIэрыдгъэхьэжынущ, УФ-м и Президентым къэрал дамыгъэхэмкIэ и Управленэм хабзэм тету хуит дищIа нэужь».