ЛIэщIыгъуэхэр зи ныбжь

Зи гугъу фхуэсщIынур испыхэм къащIэна унэхэрщ. Ахэр мывэ джей абрагъуэхэм къыхащIыкIыу щытащ.
ЩIэныгъэр абыхэм мегалиткIэ йоджэ, литературэм нэхъыбэу дыщызрихьэлIэр дольмен цIэр иIэущ. Адыгэхэм «испы унэ» жыдоIэ.
IуэрыIуатэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, лъэпкъ испы цIыкIужьейм иныжьхэр шынагъэрэ залымыгъэкIэ ирахулIэурэ я унэхэр ирагъэщIу щытащ. Абы лъандэрэ лIэщIыгъуэ куэд дэкIащ, цIыкIужьейхэри иныжьхэри щыIэжкъым, ауэ испы унэхэр а лъэхъэнэм и фэеплъу къэнащ. 
 Нэхъыбэу мывэ джейхэр хъума щыхъуар тенджыз Iуфэхэрщ. ЩIэныгъэлIхэм гу зэрылъатащи, КъухьэпIэ Кавказым щыIэ испы унэхэм я нэхъыбэр адыгэхэм я псэупIэхэм нэхъ пэгъунэгъуу щытащ. Кавказым нэмыщI, апхуэдэ унэхэм уащыхуозэ КъухьэпIэ Европэми, Африкэ Ищхъэрэми. 

Испы унэхэм ещхь мегалитхэр къыщагъуэтащ Атлантикэ хым и щIагъми, Богамы хытIыгухэм япэгъунэгъуу. Абыхэм я нэхъыжь дыдэу ябжхэм я ныбжьыр илъэс минипщIым щIегъу.
Псыжьрэ тенджыз ФIыцIэмрэ я Iэшэлъашэхэм къыщахута испы унэхэм я бжыгъэр 2300-м фIокI. КъухьэпIэ Кавказым миниблым нэс щыIауэ къалъытэ.
Франджым щыIэ Бретанв щIыпIэми зи гугъу тщIы мывэ джей унэхэм хуэдэу минищ хуэдиз къыщагъуэтащ. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэм я хьэлъагъщ тонн 200-м щIигъу. Абыхэм тетхахэм къикIыр убзыхуа хъуакъым нобэр къыздэсым.
А унэхэр къыхэщIыкIащ псы зыщIэзымыф, жьыбгъэм имыпхъэх мывэ лIэужьыгъуэхэм.
МывиплIыр дзакIэкIэ ягъэувырт, етхуанэр хуэегъэзыхыгъуэу блыныщхьэм къытралъхьэрт, еханэр лъэгум иралъхьэрт. Мывэ джей къэскIэ тоннитхум нэблагъэ я хьэлъагът. МетритIи нэхъыбэжи я лъагагът, я кIыхьагъыр метритхум нэсырт. Языныкъуэ унэхэм сантиметр 120-160-рэ фIэкIа щамыгъэлъагагъи щыIэт, IуплъапIэ блыным нэхъ ехьэхауэ бжэ хуащIырт. 
Куэд щIауэ топсэлъыхьэ испы унэхэр къызэрагъэсэбэпу щыта щIыкIэхэми. Ауэ а Iуэхум ехьэлIа бгъэдыхьэкIэр зэтехуэркъым. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ахэр кхъэлэгъунэу щытащ. Испы унэхэм яIа мыхьэнэр къэзыхутахэм гу зэрылъатащи, ахэр нэхъыбэу щаухуэу щытар щIыр нэхъ щызэгуэч, щыблэуапIэ щIыпIэхэрт.
 

 

Зыгъэхьэзырар АСЛЪЭН Каринэщ.
Поделиться: