Минищым нэблагъэм

Соцфондым и къудамэу Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыIэм ды­зэрыт илъэсым зэрыщIи­дзэрэ адэ-анэ 2917-м сабий ­къазэрыхэхъуам щхьэкIэ зэуэ ират ахъшэ пособиеу псори зэхэту сом мелуан 76-м щIигъу яхуиутIыпщащ. 

Зэ тыгъуэ ахъшэ пособиер ­адэ-анэхэм хухах абыхэм я псэу­кIэми, хэхъуэу яIэм и куэдагъми емылъытауэ. Ар ират IэнатIэ пэ­рытхэми лэжьапIэншэу щысхэми. ЩыIэ хабзэм къызэры­щыгъэлъэгъуамкIэ, ахъшэр ира­тынущ сабийм кIэлъыплъу ­бгъэ­дэсхэм, зеиншэхэр зэзы­шэ­лIэжахэм, абыхэм адэ-анэ яхуэхъуахэм. Пособием и куэдагъыр зэрыхъур сом 26941,71-рэщ икIи сабий къэс апхуэдиз ират. 
ЛэжьапIэ пэрыт адэ-анэхэм абы щхьэкIэ лъэIухэр Соцфондым щIамылъхьэми хъунущ, сы­ту жыпIэмэ, абыхэм къаIэрохьэ сабийхэм ятеухуауэ ЗАГС-м къахуигъэхь хъыбархэр. Пособиер зратынухэм япэ ирагъэщ хабзэр анэхэрщ. 
ЛэжьапIэншэу щысхэм лъэIу­хэр щIалъхьэ хъунущ МФЦ-м, ­Соцфондым е «Госуслуги» пор­талым къыщызэIуаха «кабинетхэм», ауэ сабийр дунейм къы­зэрытехьэрэ илъэс ныкъуэм щIимыгъу щIыкIэ. ЛъэIухэм хэп­лъэнущ махуипщI пIалъэм къриу­быдэу. Лэжьэгъуэ махуитхум къриубыдэуи ахъшэр я счетым ягъэкIуэнущ. 
 

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:

Читать также: