ПсэзэпылъхьэпIэм икIуэда зэшхэр

НэщIэпыджэ зэкъуэшищым я зауэ лъагъуэхэр къыщахутэжым зрихьэлIахэр къуэрылъхухэм къыщаIуэтэж мы тхыгъэм. 
Къасым
Къасым иужьрейуэ 39-нэ гвардейскэ фочауэ дивизэм сэлэту хэтащ. Ар I944 гъэм гъатхэпэм и 22-м хэкIуэдащ икIи Украинэм хыхьэ Одесскэ областым и Каспаровкэ къуажэм дэт кхъэм щыщIалъхьащ. Абы и унэцIэр сайтым зэрилъу къэдгъуэтар Нашипиговщ. ИужькIэ псори зэдгъэзэхуэжащ. 
Къасым и щхьэгъусэ щыпкъэ Данизэт и лIыр зауапIэм яшэн и пэ Георгиевск зауэ хуэIухуэщIэхэм щыхуагъэхьэзыру щыIэу къыщищIам, иIэ мащIэр зэщIикъуэщ, мафIэгу гъуэгум теувэри, Георгиевск лъэсу кIуауэ щытауэ жаIэж. 
«ЦIыхухъу щIыхьым нэхъ лъагэ зыри щыIэкъым, ауэ сэ си щхьэр пхузогъэщхъ», - жиIауэ щытащ Къасым и щхьэгъусэ цIыхубз IэмащIэлъэмащIэм и лъэгум лъыр къыпыжу щIихауэ и пащхьэ щиувам. Бынищ ипIащ Данизэт, илъэси I00-м нэблагъэкIэ псэуащ. Абы и щхьэгъусэм и хъыбар ямыщIэу куэдрэ псэуащ, къалъыхъуэурэ и хьэдащхьэр зыщIэлъ кхъэр къагъуэта нэужь, бзылъхугъэм хъыбар «гуапэ» хуахьат, ауэ и нэгур зэхэуэри, и нэм нэпс къекIуат. «А дакъикъэм Данизэт и нэм щIэплъагъуэрт бзылъхугъэм и къару мыкIуэщIыр. Мис иджыри махэу зигъэлъэгъуэну хуейтэкъым абы! КъыжраIа хъыбарым къыхигъэщIэну хуейтэкъым, фIэкIыпIэ зэримыIэр къыгурыIуэ пэтми. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар иджыри къыздэсым гугъат, щыгугъат и лIым къигъэзэжыну! Мис аращ ди лъэпкъым ТекIуэныгъэр къыхуэзыхьар. ЦIыхухэр къикIуэтынутэкъым, иджыри ебгъэрыкIуэнут я къарур щIиха пэтми!», - игу къегъэкIыж а хъыбарыр Данизэт хуэзыхьа ди адэм. 
Жэмалдин
 Зэкъуэшхэм я нэхъыщIэ Жэмалдин хъыбарыншэу кIуэдахэм ящыщщ. Абы и письмохэмкIэ дыщыгъуазэщ, зауэм ираджа нэужь Грознэм зэрыщагъэсам, парашюткIэ къелъэнымкIэ ехъулIэныгъэхэр зэриIэм, сержант нэхъыщIэ цIэр къызэрыфIащам. ИужькIэ, I942 гъэм уIэгъэ хъури, Орджоникидзе щIэлъащ. Иужьрейуэ къитха письмом итт, узыншэ зэрыхъужар, зауапIэм зэригъэзэжыр, и къуэш Муса пхъу къыхуалъхумэ, Рая фIрагъэщыну зэрылъаIуэр, цIэфIэщджанэу сабийм хуадыну и портянкэр къызэрыригъэхьыр. Абы иужькIэ и хъыбарыншэу кIуэдащ. 
Жэмалдин и хъыбархэр къэдгъуэтыну иужь дыщихьэм, «Военно-медицинские архивы, г. Санкт-Петербург» сайтым, ди нэр зы дэфтэр гуэрым щытехуащ – НэщIэпыджэ Георгий Бакир (здырашар - Аруан РВК, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР, Аруан район , -- -- I924 гъэ) – сержант нэхъыщIэ, I943 гъэм мазаем и 4-м Грознэм щыIэ Кавказ Ищхъэрэ Дзэ гупым хэхуащ. Зауэм щраджа щIыпIэмрэ къыщалъхуа илъэсымрэ мо къэдгъуэтам зэрытехуэм къыхэкIыу, ди Iыхьлы полковникым хуигъэфэщащ, Жэмалдин ЖорэкIэ къеджэу зэрыщытагъэнум. Абы тепщIыхьмэ, лъагъуэм дытехьащ. 
 «Жэмалдин парашюткIэ къелъэным зэрыхуагъэсам тепщIыхьмэ, тIасхъэщIэххэм я ротэм хэхуагъэнущ. ТIасхъэщIэххэр бийм я деж щаутIыпщкIэ, документ яIыгътэкъым. Абы уIэгъэ къыщащIу госпиталым щIэхуамэ, и гъусэ зауэлIхэм я псалъэкIэ и цIэр ятхауэ аращ», - къыджиIащ полковник ХьэщIэмызым. Абы къыджиIахэр лэжьыгъэм къыщыдгъэсэбэпын щIэддзэри, Георгий къэтлъыхъуэу дыхуежьащ. Абы щыгъуэм мыпхуэдэ дэфтэр къытIэрохьэ: «сержант нэхъыщхьэ НэщIэпыджэ Георгий Бакир I943 гъэм мазаем и 24-м 2472-нэ госпиталым кърашри, къашащ». Аркъудейщ итыр дэфтэрым, а госпиталым зэрыщIэхуари, абы къыщIэкIыжа нэужь зыхэхуари иткъым. Дэ тщIэр госпиталым зэрызыщигъэхъужа къудейрщ. ИужькIэ, дзэ-медицинэ архивхэм дыхэплъэн щIыдодзэри, иджыри зы дэфтэр къытпэщIохуэ. Абы итщ: «НэщIэпыджэ Георгий Бакир I943 гъэм гъатхэпэм и I-м 2422-рэ госпиталым щIокIыжри, етIуанэ гвардейскэ дивизием яшэ». КъэтщIа псори зыпыдогъэувэжри, адэкIи лэжьыгъэм пыдощэ. 
Ди Iыхьлы полковникыр Iуэхум зэрыхуэIэзэм къыхэкIыу, адэкIи дыкIуэтэфащ. Юрий куэдым псэлъащ, тхыгъэкIэ захуигъэзащ, дэри пщэрылъ къытщищIхэр дгъэзэщIащ. 
    Куэд дэмыкIыу хъыбарыншэу кIуэдахэм я дэфтэрхэм къыщыдгъуэтащ сержант нэхъыщIэ Нашапилов Георгий Пакирович цIэр. Мыбдеж щыуагъэ зыхэтыр и унэцIэм и закъуэкъым, атIэ и цIэри, и адэцIэри пэжу тхакъым. Ауэ адрей псори зэрызэтехуэм тепщIыхьмэ, мыр цIэ-унэцIэр зэрытха хъэтIым и ныкъусану къэплъытэ хъунущ. Абдеж дыдэм итщ: «иужьрейуэ къулыкъу щищIа щIыпIэр – Кавказ Ищхъэрэ фронт I322 к., I943 гъэм и накъыгъэм фэбжь телъу 4I7-нэ Пересылочнэ Полевой Госпиталым щIэхуащ, абы I943 гъэм накъыгъэм и 23-м къыщIатхыкIыжри, Краснодар дэт ещанэ къалэ сымаджэщым щIэхуащ. Абы щIэлъу I943 гъэм накъыгъэм и 3I-м дунейм ехыжащ. Краснодар дэт Къуэшыкхъэм щыщIалъхьащ». Мы дэфтэрым и цIэ-унэцIэр зэритыр: Кашапилов Георгий Пакирович. Краснодар крайм къыщыдэкIа Фэеплъ тхылъым и езанэ томми итщ I943 гъэм и накъыгъэм зэрылIар, къалэ къуэшыкхъэм зэрыщыщIалъхьар.
Абы щыгъуэм абы и ныбжьыр илъэс I9 ирикъуа къудейт. Абы щхьэгъуси быни иIакъым. Жэмалдин и лъэIур ягъэзэщIащ и Iыхьлыхэм, и къуэш Муса и пхъум Рае цIэри фIащри, Жэмалдин и портянкэм къыхэщIыкIа бостеи хуадащ. 
Иджыпсту абы и цIэр зэрехьэ и къуэш Къасым и къуэм и къуэрылъху Жэмалдин. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: