Хьэцэпэцэм щIадзэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прохладнэ, Май щIыналъэхэм я мэкъумэшыщIэхэр хьэцэпэцэ Iухыжыгъуэм псом япэу республикэм щыпэрыхьащ. ЖыпIэнурамэ, бжьыхьэсэ хьэр жыджэру нобэ кърахьэлIэж икIи гектар мини I00-м щIигъум ар къытрахыжащ зэкIэ. МэкъумэшыщIэхэм мыгувэу гуэдзым щIадзэнущ. 
Мы гъэм кърахьэлIэжыну гъавэщIэр щагъэтIылъыну хъумапIэхэр, элеваторхэр ирикъуу щыIэщ икIи ахэр лэжьыгъэм хуэхьэзырщ. 
Апхуэдэуи губгъуэм къыщагъэкIа хадэхэкIхэри мы махуэхэм жыджэру зэщIакъуэж. Иджыпсту зыпэрытыр джэш хъуейрщ икIи КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм зэрыщыжаIамкIэ, гектар 300-м щIигъум ар къытрахыжащ. 
Губгъуэ лэжьыгъэхэм хыхьэу гъатхасэр зытращIэ гектар мин 2I6-м щIигъур ягъэкъабзэ, удзхэр ягъэкIуэд. 
ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:

Читать также: