IэмалыщIэхэмкIэ догуашэ

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм щыIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэм и дохутырхэр Астрэхъэн онкодиспансерым кIуэри, IэмалыщIэхэм щагъэгъуэзащ абы щылажьэхэр. 
Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, щIыфэ, къупщхьэ, бгъэ лышхымкIэ Ростов онкологием и дохутыр Аушевэ Татьянэ тепсэлъыхьащ икIи игъэлъэгъуащ лышхым иубыда бгъэр зэрыщIахымрэ эндопротез зэрыхагъэувэмрэ. Ар зы операцэкIэ зэфIэкI Iуэхугъуэщ, сымаджэм тригъэзэжу операцэ ящIын хуэмейуэ. 
- Апхуэдэ операцэхэр дохутырми сымаджэми я дежкIэ тыншщ. Сыту жыпIэмэ, лышх шыкъырыр зэрыхахыу е бгъэр зэрыщIахыу, сэкъат иIауэ умыщIэну эндопротез хагъэувэ. Нэхъапэм бгъэр щIаха нэужь, уIэгъэр кIыжыху уежьэн хуейт, зэман дэкIа нэужьт бзылъхугъэм и гур хэзыгъэщI а ныкъусаныгъэр щыпхуэгъэзэкIуэжри. Иджыпсту сымаджэм и Iуэхур куэдкIэ щыдогъэпсынщIэ мы IэмалыщIэмкIэ, - жеIэ дохутырым.
ЕтIуанэ операцэ лIэужьыгъуэр зыщIар медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, рентгенохирургие IэмалхэмкIэ дохутыр Мезенцев Станиславщ. Абы игъэлъэгъуащ УЗИ-кIэ еплъурэ кIуэцI лышхым щыщ биопсие ящIыну къызэрыхахыр. 
- Мы IэмалымкIэ лыпцIэ налъэ псо къыпхуэщтэнущ. Лышхыр зищIысыр, зи лIэужьыгъуэр, къызыхэкIар пхузэпкърыхынущ абы и фIыгъэкIэ. КъищынэмыщIауэ, къахута уз лIэужьыгъуэр сэкъатыншэу гъэхъужынымкIэ сэбэп мэхъу мы Iэмалыр. Узыр къызыхэкIар пщIэмэ, уеIэзэнуи нэхъ тыншщ, - къыхегъэщ Мезенцевым. 
Дызытепсэлъыхь анализ лIэужьыгъуэр щIыпIэ сымаджэщхэм къыщагъэсэбэпыркъым. Абы папщIэ Iэмэпсымэ хэха, а Iэмэпсымэм Iэрыхуэу ирилажьэ, хуеджа дохутыр уиIэн хуейщ. 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: