Зы уэрэдым и хъыбар

«Уэрэ сэрэ» жыхуиIэ уэрэдыр жьыи щIэи яIурылъщ. Ар епшажьэмэ, къыбдемыжьууфынур мащIэщ… 
Мы уэрэдыр хэкIуэтауэ пхуэзусами,
Мы си щхьэцым уэс мыткIужыр къытесами,
Сэ къысфIощIыр уэрэ сэрэ
Япэу нобэ дызэхуэзэу.
Уэрэ сэрэ,
Уэрэ сэрэ
Япэу нобэ дызэхуэзэу.
Гум дыхьэ уэрэдыр зытха Къуэдзокъуэ Хьэсэн и гъащIэр къызэрекIуэкIам и хъыбар къэпщIа нэужьщ, а уэрэдым щIилъхьа мыхьэнэр къыщыбгурыIуэр. 

1943 гъэм Бахъсэн щIыналъэм дзэ плъыжьымрэ фашистхэмрэ мазищкIэ щызэхэуащ. Къуэдзокъуэхэ я пщIантIэм зэгуэр къыдэхуа топышэм и къутахуэ илъэсий ныбжьым ит Хьэсэн къытехуэри, дэIэпыкъуэгъуи хущхъуи ямыIэу, щIалэ цIыкIум и адэ къуэшхэм я щхьэгъусэхэр махуищкIэ къыкIэлъыплъащ. ИужькIэ сэлэтхэм мастэ къыхалъхьэщ, уIэгъэр хуагъэкъабзэщ, хущхъуэ кърагъафэри, плъыржьэрыр щхьэщыкIащ, и къарур щIихами, балигъхэр гугъу иримыгъэхьын папщIэ, къызэфIэувэжащ. Хьэсэн и тепIэн-щIэлъын тIэкIур и блэгущIэм щIэлъуу, и лъэр ерагъыу зэблихыурэ и адэ къуэшхэм я деж чэзу-чэзууэ кIуэрт, зым и деж куэдрэ зыщимыIэжьэу. ЩIалэ цIыкIум и адэ-анэр куэд щIат дунейм зэрехыжрэ. Адэ къуэшиплI иIэми, абыхэм ящыщу зыр быныншэми, зэкъуэшхэр зэчэнджэщщ, арэзы зэдэхъури, Хьэсэн сабий унэм иратащ. 
Абдеж сабийм и дунейр къытеункIыфIащ, фIыри, лъагъуныгъэри, хуабагъэри, нэхури дунейм текIуэдыкIыжауэ къыщыхъури. 
Апхуэдэ щIэдзапIэщ иIар къэбэрдей тхакIуэ, усакIуэ, журналист, критик Къуэдзокъуэ Хьэсэн. Имычэзууэ балигъыпIэ иува, зэманым и Iеигъуэм и закъуэ дыдэу дунейм къытена сабийм и цIэр зэгуэр ину игъэIуну, гъащIэ дахэм къыхэзышэжын лъагъуэр къигъуэтыжыну, фIымрэ лъагъуныгъэмрэ и гущIэм къыщыушыжыну зыми и гугъэнтэкъым. Къэралым апхуэдэ зеиншэхэр щыкуэдт, абыхэм я нэхъыбэр е мэжэщIалIэр, е узыр, е лагъым губгъуэр ажал яхуэхъурт, языныкъуэхэри езым хуэдэ зеиншэ гуэрым щIакхъуэ Iыхьэ щхьэкIэ къиукIырт. Ауэ Хэку зауэшхуэм и гуащIэмрэ и дыджымрэкIэ зызыгъэнщIа Хьэсэн а псоми къызэрелар, къел и закъуэ мыхъуу, цIыху къызэрыхэкIар гъэщIэгъуэнщ.
Сабий унэм ирата нэужь, Хьэсэн куэдрэ къыщIэпхъуэжурэ и адэ къуэшхэм деж игъэзэжащ. Игъэзэжыхуи, сабий зеиншэм и Iэпэр иIыгъыу а сабий унэм япэу зышауэ щыта и адэ къуэш дыдэм ишэжырти, яритыжырт: «Мыбыхэм тэмэму фащIыкIэлъымыплъыр сыт? Фи къалэнхэм фыпэлъэщыркъым!», - жиIэу ятекIиежу. Щалъхуа жылэмрэ зыдалъхухьа адэ лъапсэжьымрэ гъазэ зэримыIэр быдэу зыхищIа нэужь, сабий унэм и лэжьакIуэхэм Iуэху куэд яIэу, къыщытеплъэкъукIа махуэм ирыригъэлIэри, щIалэ цIыкIур аргуэру щIэпхъуэжри, и нэр здэплъэмкIэ иунэтIащ. Урысейм и лагъым губгъуэхэр куэдрэ зэхикIухьащ Хьэсэн, дзэ плъыжьым и сэлэтхэм яIущIэху. Абы ирихьэлIэу щIалэ цIыкIум и щыгъыныр фейцей дыдэ хъуат, апхуэдизкIэ мэжалIэрти, ерагъыу зэфIэту арат. Нэмыцэхэр икIуэтырт, советыдзэри абы кIэлъыпхъэрт. 
Хьэсэн щыгъыныщIэ къратщ, вакъэщIэ къылъатIагъэщ, и ныбэ изу ягъашхэри, сэлэтхэм ящIыгъуу здрашэжьащ. Дауи, ахэр гугъуехь, шынагъуэ куэд ирихьэлIэрти, сабийм лей къытемыхьэн папщIэ, сэлэтхэм Хьэсэн сабий унэм иратри, езыхэр я гъуэгу тоувэж. Ари хъуакъым – сабий унэм топышэ къытехуэри, зэтрикъутащ. 
ЩIалэм къыхуэнэжыр зыт – езым хуэдэу, къэзыущыхь зеиншэхэм яхыхьэнырт. Къэралым апхуэдэ сабий мин бжыгъэхэр итт, хэт дэтхэнэм игу щIэгъун, дэтхэнэм дэIэпыкъун, цIыхухэр езыхэр мэжалIэрт, ерагъыу я щхьэ зыхуей хуагъэзэжурат. Хьэсэн зыхэхуа зеиншэхэм езым нэхърэ нэхъыжь куэд яхэтт, ауэ зэрыIущым, зэрыжьакIуэм щхьэкIэ псори къедаIуэрт, къечэнджэщырт, пщIэ къыхуащIырт. Зэныбжьэгъу зэхуэхъуа щIалэ цIыкIухэр гъэмахуэм мафIэгум и щхьэм тесу здишэм кIуэрт, щIымахуэм деж и лъабжьэм кIэщIэгъуалъхьэрт. Псы щхьэкIэ лIэуэ, щIакхъуэ щыкъуей я джийм емыхауэ, дагъэмрэ кIэгъуасэмрэ игъэуфIыцIыжауэ, я лъакъуэр ундэрэбжьауэ махуэ бжыгъэкIэ замыгъэхъейуэ щыкIуэ щыIэт. ХэщI ямыIэу, къэхъукъащIэ щымыIэу зы щIыпIэ гуэрым нэсамэ, кхъэм щыжейуэ, къапэщIэхуэр яшхыу, къаIэрыхьэр я тепIэну зыкъомрэ псэуащ Хьэсэн. Бэзэрым зыгуэр къыщагъуэтамэ, къратамэ, къадыгъуамэ я хэщIапIэм екIуэлIэжырт, IуданэкIэ шхыныр зэпагъэжырти зэхуагуэшырт. Иныкъуэхэм деж езым нэхърэ нэхъыжьыIуэ зеиншэ гуп яхуэзамэ, къалъэIухуа тIэкIур трахырт, зэзауэрт, къэхъурт зыгуэрхэри щыхаукIыкI. Апхуэдэхэм деж щIалъхьэжым и цIи, унэцIи, адэцIи тратхэртэкъым кхъэщхьэдэсэм, атIэ гупым къыфIаща цIэр сэкIэ традзэу арат. Псалъэм папщIэ, Хьэсэн и цIэмкIэ зыри къеджэртэкъым. Абы къыфIащат Къэбэрдей цIэр. 
Хьэсэн щалъхуа щIыналъэмкIэ къэхъуапсэрт. ЛъэмыкIыжу, къигъэзэжыну хуейуэ и гурыщIэхэр къеныкъуэкъу щыхъум, пщIэ къыхуэзыщI, фIыуэ къэзылъагъу зеиншэ гупым якъуэлъ ахъшэ тIэкIур зэхадзэ, сэ кIэщI къыхуащэху, «Къэбэрдейм» тыгъэ худощI, Урысейм и фэеплъу» жиIэу тету саугъэт къыхуащIри, къаутIыпщыж. 
Апхуэдэу Хьэсэн и хэкужьым къигъэзэжащ. ЩIалэм гужьгъэжь иIэтэкъым, уеблэмэ нэхъри нэхъ цIыхуфI, нэхъ Iущ, нэхъ жан хъуат, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ хуэIэрыхуэт. Абы илъагъу хъуртэкъым бзэгузехьэхэр, кIэщIэлъадэ-кIэщIэжыжхэр, нэпсейхэр. Сабий унэм щылажьэ гъэсакIуэхэм абы и хьэлыр ящIэрт, ауэ зыми емыщхь, зи гур хуитыныгъэм, дахэм, фIым хуэпабгъэ щIалэ цIыкIур фIыуэ къалъыгъурт. Апхуэдэу къэгъуэгурыкIуащ иужькIэ тхакIуэ, усакIуэ гъуэзэджэ хъуну зи натIэ ит щIалэщIэр Налшык къалэ дэт школ-интернат №5-м и ебланэ классым щIэтIысхьэху. 
Школым Хьэсэн фIы дыдэу щеджащ, зыри къылъэщIэмыхьэу, егъэджакIуэхэр къыщытхъурт, адрейхэм щапхъэу къыхуахьырт. Езы Хьэсэни жиIэрейт и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ хуабэу игу къызэринар.
А псор Къуэдзокъуэм япэу зыжриIэжар и щхьэгъусэ Iэщнокъуэ Тамарэщ. Хьэсэн ар къицIыхуат 1953 гъэм ГИТИС-м щыщIэтIысхьам. 
Мы дунейм зы фIы гуэр, насып зэрытетым и щыхьэту, Тамарэ и адэ-анэхэр цIыхуфI дыдэу къыщIэкIри, Хьэсэн апхуэдизу зыщIэхъуэпсу щыта унагъуэ хуэхъуащ ахэр. Щхьэгъусэм и шыпхъухэмрэ дэлъхухэмрэ, езым къыдалъхуам хуэдэу, Хьэсэн фIыуэ ялъагъууи дунейм тетащ. 
Къуэдзокъуэ Хьэсэн псэу щIыкIэ къыдигъэкIар тхылъищщ. Арами, тхылъым купщIэ хэлъмэ, щIэджыкIакIуэхэм ягу дыхьэмэ, нэхъыби ухуейкъым. 
Хьэсэн ищIэрт и гур зэрыузыр, гъащIэшхуэ зэримыIэнур. Балигъым хуэмышэчын гугъуехь сабий щIыкIэ зи нэгу щIэкIа Къуэдзокъуэ Хьэсэн и ныбжьыр илъэс 60 иримыкъу щIыкIэ дунейм ехыжащ, цIыхум ягу къызэринэжын хъыбаррэ IэдакъэщIэкIрэ къызэринэкIри.
 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: