Сабийхэм ирагъащIэ, балигъхэм ягу къагъэкIыж

Налшык ЩIалэгъуалэм я унэм ще-­ к­IуэкIащ «Шынагъуэншагъэр егъэ­фIэ­кIуэн» социальнэ Iуэху убгъуар зэ­ры­рагъажьэм теухуа зэIущIэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ Урысей МВД-м и Къэрал автоинспекцэм къыхилъхьа, мыхьэнэшхуэ зиIэ а лэжьыгъэр япэу дэзыIыгъахэм. 
Ар хуэгъэпсащ федеральнэ IэнатIэхэм, экспертхэмрэ гъуэгум тетхэмрэ я къарур зэгъэуIуным, шынагъуэн­ша­гъэм­рэ хабзэм тету зекIуэнымрэ егъэ­фIэ­кIуэным. Дызэрыт илъэсым и щэ­кIуэгъуэ мазэр хиубыдэу екIуэкIыну проектым къэралым и щIыналъэ 40 къы­зэщIиу­быдэнущ лъэсы­рызекIуэхэм гъуэ­­гум фэбжь щагъуэтыныр гъэ­мэ­щIэным пыщIауэ. 
Пресс-конференцым хэтахэр тепсэ­лъыхьащ гъуэгухэм шынагъуэнагъэр къыщызэгъэпэщыным хуэгъэзауэ къыхалъхьэхэр сэбэп зэрыхъунум.
КъБР-м щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм и управленэм и унафэщIым и ­къуэдзэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и подполковник Лыджыдэ Рэмэзан къыхигъэщащ «Шынагъуэншагъэр егъэфIэкIуэн» проектым мыхьэ­нэш­хуэ зэриIэр.
– ЛъэсырызекIуэхэм къафIэмыIуэхуу ­гъуэгу хабзэм зэребакъуэр нэхъыбэу пы­щIащ зыхэхуэнкIэ хъуну шынагъуэр нэсу къазэрыгурымыIуэм. Гъуэгухэм ехьэлIа хабзэхэм тэмэму тетхэм езыхэм я шына­гъуэншагъэр къызэрагъэпэщ къудейкъым, атIэ ­гъуэгурыкIуэ щIэблэщIэр зэрызекIуапхъэми щапхъэ хуохъу. Мы кампанием сабийхэр иригъэсэнущ гъуэгухэм зэ­рыщызе­кIуэн хуей щIыкIэм, балигъхэм ягу къигъэ­кIыжынущ а хабзэр. Си фIэщ мэхъу мы проектыр щIыналъэ псоми къагъэ­сэбэп профилактикэ Iуэхухэм я зы Iыхьэ зэры­хъунур, ди цIыхухэм я гъащIэрэ узыншагъэу нэхъыбэ зэрытхъумэфынур. Рес­пуб­ликэм и къэрал автоинспекцэм хузэ­фIэкI псори ищIэнущ, абы теухуа я мурадхэр пхыгъэкIыным ехьэлIауэ. 
КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт жиIащ къытщIэхъуэ щIэблэр зэрыдгъасэм гъуэгум шынагъуэн­шэу щызекIуэнри и лъабжьэу зэры­щытыр. 
– Дэ къызэдгъэпэщащ щIалэгъуалэ центр­хэр зыхэт гуп. Зэтеублауэ абыхэм щыдогъэкIуэкI гъуэгухэм зэрызыщаIыгъыпхъэм хуэзыгъасэ Iуэхухэр. Гъэмахуэм  жыджэру дадолажьэ сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ лагерхэм. Мы гъэ зыгъэпсэхугъуэм абы къызэщIиубыдэнущ сабий мини 8,5-м нэблагъэ. Сменэ къэс вожатэ гупхэр къахуокIуэри, гъуэгухэм зэрыщызекIуапхъэм теухуа программэ зыубгъуахэр драгъэкIуэкI. Дин лэжьа­кIуэхэми а унэтIыныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэ драгъэкIуэкI къахуэ­кIуэхэм. Мыхьэ­нэшхуэ зиIэщ ныбжьыщIэхэм къагуры­Iуэн, дихьэхын хуэдэу а лэжьыгъэр къы­зэгъэ­пэщыным. Къапщтэмэ, Къэрал ав­тоинспекцэм щIыгъуу дгъэхьэзыра роликым соцсетхэм щеплъащ мин 20-м ­щIигъу. Муниципальнэ щIалэгъуалэ центрхэр къыддоIэпыкъу гъэсэныгъэ Iуэхухэр парк­хэмрэ цIыху куэд щызэхуэс нэгъуэщI щIыпIэхэмрэ къыщызэгъэпэщынымкIэ.
КъытщIэхъуэ щIэблэр гъэсэным теухуа псалъэмакъым къыпищащ КъБР-м сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Бэдракъ Iэминэ. 
– Мыхьэнэшхуэ иIэщ шынагъуэншагъэм и хабзэхэм тетыныр сабийхэм пасэу яхэлъхьэным, ахэр къызэпаудмэ зыхэхуэнкIэ хъунур зыхащIэныр икIи абы гъуэгу-транспорт щIэщхъуу къэхъур игъэмэщIэнущ. Нобэ ди дежкIэ мы­хьэнэшхуэ иIэщ гъуэгум зэрыщызекIуапхъэмрэ абы зэры­зыщыIыгъын хуеймрэ дытепсэ­лъы­хьы­ным. Ар ехьэ­лIащ адэ-анэхэм, егъэджа-­ к­Iуэхэм, тренерхэм - ныбжьыщIэхэр зи нэIэ щIэт псоми. 
Псалъэмакъым къыхыхьащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и ми­нистр Езауэ Анзор.
– Захъуэжащ сабийхэм, унагъуэм илъ хабзэхэм. ЦIыхум и хьэл-щэныр зэтеувэныр, ар зыхуэдэнур елъытащ щапхъэ зытрихым. Иджырей щIэблэм лъэныкъуэ гуэрхэмкIэ я адэ-анэхэм нэхърэ нэхъ зау­жьащ, ауэ абыхэм нэхъыжьхэм къыж­раIэхэр я фIэщ зыщIын хуейщ. Абы къыхэкIыу егъэджэныгъэр зэре­кIуэкIыр, яхэтлъхьэну дызыхущIэкъур зэтхъуэкIын хуейщ. ЩытыкIэр гугъущ жысIэнкъым. Ди сабийхэр нэхъыбэм хабзэм тетщ, нэхъыжьхэм елъытауэ икIи гъуэгухэми ахэр къыщызэпамыу­ды­ным яужь итщ. Аращи, гъуэгухэм зэ­ры­щысакъыпхъэр сабийм щыхалъхьэн ­хуейщ школым ипэ ит IуэхущIапIэхэм. АдэкIэ а лэжьыгъэм школым щыпыщапхъэщ. Мыбдежым ехъулIэныгъэ иIэу зыкъыщагъэлъагъуэ инспектор ныбжьы­щIэхэм я зэщIэхъееныгъэм. 
Шынагъуэншагъэм и гугъу пщIын папщIэ утепсэлъыхьын хуейщ гъуэгухэм я щытыкIэр зыхуэдэм. Абы и лъэны­къуэкIэ зэфIагъэкIам, адэкIэ я мурадхэм триу­хуащ КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрым и ­къуэдзэ ­Ахъуэхъу Алий и къэпсэлъэныгъэр. 
– Дэ абы теухуауэ лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI, лъэныкъуэ куэд къызэщIиубы­дэу: гъуэгушхуэхэр зэпэщ дощI, ахэр къыдогъэнэху, лъэс зекIуапIэхэм долэжь, дамыгъэхэр догъэув, сыт и лъэныкъуэкIи псори зэIузэпэщ зэрытщIыным яужь дитщ. Иджырей мардэм къриубы­дэу зы­хуей хуэдгъэзащ лъэс зэпрыкIыпIэ 1400-м щIигъу, абыхэм ящыщу 394-р еджапIэхэм хуозэ. Къыхэзгъэщынщи, дэ яужь дитщ проекционнэ лъэс зэп­рыкIыпIэхэр диIэ­ным. Апхуэдэхэр жэщым щыплъагъунущ метри 100-150-кIэ уапэ­жы­жьэми, къы­зэрыгуэкIым метр 50 иIэжу гу лъыптэу аращ. 
Зэтеублауэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэм фIыуэ кърикIуэри нэрылъагъущ. Хэп­щIы­кIыу нэхъ мащIэ хъуащ блэкIа мази 5-м лъэс зэпрыкIыпIэхэм деж къыщы­хъуа зэ­жьэхэуэхэр. Илъэс кIуам и апхуэдэ зэма­ным еплъытмэ, хэкIуадэхэр процент 70-кIэ ехащ.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам пищащ а псалъэмакъым. 
- Гъуэгу-транспорт зэжьэхэуэм я гугъу пщIымэ, ди IэнатIэр зрихьэлIэр абы ­къри­кIуахэрщ. Абыхэм хэхуауэ хэкIуэдахэм я процент 50-м щIигъур сымэджэщым нэмысу дунейм йохыж. Апхуэдэ щытыкIэ хьэлъэ ихуа плIым щыщу зыр къебгъэ­лыфынущ, авариер къыщыхъуам деж япэ дэIэпыкъуныгъэр и чэзум щыпхует­мэ. Абы и лъэныкъуэкIэ Узыншагъэр хъу­мэ­нымкIэ министерст­вэм мыхьэ­нэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ ирегъэкIуэкI. Къапщтэмэ, ­МЧС-р дэщIыгъуу курсхэр ирагъэ­кIуэкI хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьа­кIуэхэм, егъэджакIуэхэм, инструкторхэм къызэрыгуэкI цIыхухэм папщIэ. КъинэмыщIауэ, 2021 гъэм щегъэжьауэ ди перинатальнэ центрым щагъэзащIэ анэ хъунухэм папщIэ программэ щхьэпэ. Ахэр хуагъасэ цIыхур транспортым щисым деж зэримыдзэу зыIыгъ Iэмэп­сымэхэр къы­зэра­гъэ­сэ­бэпым, ягу къагъэкIыж сабийр гъуэгухэм зэрыщызекIуапхъэмрэ уэрамхэм зэры­зэпрыкIыпхъэ хабзэ­хэмрэ. Илъэс кIуам щыщIэдзауэ дэ ды­хэтщ япэ дэIэпыкъуныгъэ зэрырат щIы­кIэр къэ­зыпщытэ икIи ар езыгъэ­фIа­кIуэ, ведомствэхэм я зэдай лэжьакIуэ гупым. 
Iуэху щхьэпэм и кIэухыу къэпсэлъащ «Шынагъуэншагъэр егъэфIэкIуэн» социальнэ кампание» проектым и эксперт Корецкий Александр. 
– Псоми къывгуроIуэ гъуэгухэм шына­гъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным ­гу­гъуехьхэр зэрыпыщIар икIи ар зэфIэтхын ­хуейщ дызэщIыгъуу. Мыпхуэдэ щы­тыкIэм иту проектыр зэредгъэкIуэкI илъэси 10-м тепщIыхьмэ, авариехэмрэ абыхэм хэ-­ к­Iуадэхэмрэ я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу. Дызэрыт илъэсым мы Iуэхум нэхъри зиубгъунущ. Абы къызэщIиубыдэнущ цIыху мин 300-м щIигъу - ахэр нэху зыдз хьэпшыпхэр зратынухэм я закъуэщ икIи апхуэдэхэр зыIэрыхьэхэм ди чэнджэщэгъухэм зыпащIэфынущ. Апхуэдэуи СМИ-м къытехуэну тхыгъэхэм, радиом ­къитынухэм куэд къызэщIаубыдэнущ. Гъуэ­гум хуиту щызекIуэхэм я нэхъыбэр лъэ­сы­зекIуэрщ. Пэжыр жысIэнщи, абы­хэм уазэреущиен, зэрыщытын хуейр зэ­рагу­рыбгъэIуэн Iэмалхэр куэд хъуркъым. Аращи, мыпхуэдэ социальнэ Iуэху­хэр Iэ­мэпсымэ нэхъыфIщ сакъыным къы­хуебджэнымкIэ. 

Зыгъэхьэзырар УАРДЭ Жантинэщ.
Поделиться:

Читать также: