Зи гупсысэкIэр куэдым къащхьэщыкI

Психологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, педагогикэ щIэныгъэ­хэмкIэ доктор, профессор, ­КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIы­хь зиIэ и лэжьакIуэ Хъурей Леоренэ мэкъуауэгъуэм и 25-м илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур КъБКъУ-м и социально-гума­нитар институтым инджылы­зыб­зэмкIэ и кафедрэм щагъэ­лъэпIащ. Абы ирихьэлIэу, ­пе­дагогикэ щIэныгъэхэмкIэ ­кан­дидат Борэн Мадинэ къы­зэ­ригъэпэща икIи иригъэкIуэкIа   пшыхьым ирагъэблэгъащ университетым и егъэджакIуэхэр, студентхэр, аспирантхэр. 

Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м инджылызыбзэмкIэ и егъэджакIуэ Чым Рашад къыхигъэщащ зыдеджа икIи и лэжьэгъу Леоренэ сыт хуэдэ ­къулыкъу пэрытами пагагъэр зэи къызэрытемыкIуар, Кавказ Ищхъэрэм и диссертацэ советхэмрэ экзаменхэр къэзыпщытэхэмрэ зэ­пымыууэ зэрахэтар, абы и пщIэр езым и цIыхугъэкIэ къы­зэрилэжьыжар, зи щIэныгъэкIи, теплъэкIи, хьэл-щэнкIи, дуней тетыкIэкIи удэзыхьэх цIыхубзым и гъащIэр щIалэгъуалэм, бзылъхугъэхэм зэращапхъэр, ар шыпхъу нэхъыжьу фIэкIа къызэримы­лъытэр.
Хъурей Леоренэ итхащ щIэныгъэ, егъэджэныгъэ, методикэ лэ­жьыгъи 132-м щIигъу. Абы щыщу къыдигъэкIащ и щIэныгъэ къэху­тэныгъэ лэжьыгъи 100-м нэблагъэ. Инджылызыбзэр иригъэджми, и Iэдакъэ къыщIэкIащ лъэп­къыбзэхэм я мыхьэнэм, ахэр зэ­рырагъэджынум теухуа тхыгъэ зыбжанэ, хамэбзэ зрагъэщIэн папщIэ цIыхухэр зэрыгупсысэ я анэдэлъхубзэр фIыуэ ящIэн, нэгъуэщI лъэпкъхэм яхэшыпсыхьы­жынкIэ зэрыхъунум пэщIэтын зэрыхуейр къилъытэу.
И студентхэмрэ аспирантхэмрэ бгъэдыхьэкIэ къахуэзыгъуэтыф унэтIакIуэу, чэнджэщэгъу Iущу зыкъэзыгъэлъэгъуа егъэджа­кIуэр абыхэм я щапхъэщ. ЩIэныгъэ къэхутэныгъэхэм я унафэщI Леоренэ зыпэрыт лэжьыгъэм зэ­ры­хуэпэжым, а IэнатIэм къы­зэрыхуигъэщIам и щыхьэтщ абы и унафэм щIэту аспирантиблым я кандидат лэжьыгъэхэр зэрыпхагъэкIар. Ар къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу, и гъащIэмрэ гуа­щIэмрэ теухуа, 1980 - 2025 гъэхэм и Iэдакъэ къыщIэкIа щIэ­ныгъэ лэжьыгъэхэр, и гукъэкIыж­хэр щызэхуэхьэса тхылъ КъБКъУ-м и библиотекэм и лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Жаннэ къыдигъэкIыжащ. 
Къэралым и щIэныгъэ, егъэ­джэныгъэ, гъэсэныгъэ IэнатIэ­хэм илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщI профессорым и лэжьэгъухэмрэ и сту­дентхэмрэ я пщIэ къилэжьащ. Леоренэ ахэр къехъуэхъуащ нобэ хуэдэу дунейр фIэщIэщыгъуэу, узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ иIэу псэуну. КъинэмыщIауэ, ­Леоренэ и лэжьэгъухэм, и ныб­жьэ­гъу­хэм, иригъэджахэм къы­хуа­гъэ­хьащ хъуэхъу гуапэхэр.
- Нэхъыщхьэу Леоренэ зытелажьэр инджылызыбзэр зэрырагъэдж методикэрщ, психолингвистикэрщ. Адыгэбзэр джыным, анэдэлъхубзэр хъума хъуным теухуа лэжьыгъэ зыбжани итхащ. И гупсысэкIэкIи, и Iуэху еплъыкIэкIи ар нэгъуэщIхэм къазэрыщ­хьэщыкIым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. ЩIэныгъэм, гъэсэныгъэм, бзэр хъумэным теухуа и дерсхэр сыт щыгъуи щIэщы­гъуэщ. Иджыблагъэ Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Диалог с собой и с другими» и тхылъри купщIафIэщ. Абы дыкъыхуреджэ пэжыгъэм, ди гум къабзагъэрэ дахагъэрэ илъу дып­сэуну. Леоренэ и псалъэри, и IуэхущIафэхэри зэтохуэ. И лэжьэгъу­хэмрэ аспирантхэмрэ къабгъэдэкIыу си егъэджакIуэу щыта Леоренэ зыхузогъазэ гуп­сэху­гъуэрэ дэрэжэгъуэрэ щы­мыщIэу, насыпрэ дахагъэкIэ гъэн­щIауэ, узыншагъэ и бэу илъэсищэ гъащIэ къигъэщIэну! - жеIэ Борэн Мадинэ. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ филологие щIэныгъэхэмкIэ докторхэу, профессорхэу Аликаев Рашидрэ Кучуковэ Зухрарэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидатхэу Муриазовэ Зурьят, Дзасэжь Ларисэ, Ахъуэхъу Еленэ, СГИ-м и унафэщIым егъэджэныгъэмкIэ и къуэдзэ Геграев Хьэким, ЦIы­пIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ ­щэнхабзэ центрым и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ ­кандидат Езауэ Мадинэ, ­КъБКъУ-м и Ветеранхэм я советым и унафэщI Шурдым Хьэсэн сымэ.
Леоренэрэ и дэлъху Хъурей Феликсрэ фIыщIэ хуащIащ пшы­хьыр къызэзыгъэпэщахэмрэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ, псалъэ гуапэхэмрэ хъуэхъухэмрэ къыхужызыIахэм. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: