Мылъкур хабзэм тету зегъэкIуапхъэщ![]() УФ-м и Президентым и полномочнэ лIы-кIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий хабзэм къемызэгъыу щIыналъэм мылъку щызэзыгъэкIуэкIхэм япэщIэтыным зи лэжьыгъэр хуэунэтIа гупым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ видеоконференц IэмалкIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Гулъытэ нэхъыбэ зэIущIэм щыхуащIащ цIыхухэм я мылъкум гъэпцIагъэкIэ хэIэбэхэм, къинэмыщIауэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм ахъшэ къахуэзыутIыпщ IуэхущIапIэхэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексымрэ щызекIуэ хабзэншагъэхэмрэ. А къудамэхэм щызэрахьэ мыхъумыщIагъэр лIэужьыгъуэ куэд мэхъу - дэфтэр нэпцIхэр зэгъэпэщы- ным, лэжьыгъэм текIуэдапхъэ мылъкур пцIыуэ къэгъэлъэгъуэным щегъэжьауэ, коммуналь-нэ Iуэхутхьэбзэхэр уасэ нэхъ мащIэкIэ къыIэрагъэхьэну къэзыгъэгугъэ IуэхущIапIэ нэпцIхэр къызэрызэрагъэпэщым деж щиухыжу. ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ псэупIэ-комунальнэ хозяйствэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексымрэ зэфIагъэкI Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм Iэрагъэхьэн хуэдэу зыкъэзыгъэлъагъуэ IуэхущIапIэ псоми якIэлъыплъын зэрыхуейр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





