Совет лъэхъэнэм къыкIэлъыкIуа зэхъуэкIыныгъэ ткIийхэр зыхуэфIа куэд щыIэкъым, ар IэнатIэ е цIыху щхьэхуэ ирехъу. ЗэхъуэкIыныгъэхэр зылъэмыIэса унэтIыныгъи къыщыгъуэтыгъуейщ ди гъащIэм: экономики политики, щIэныгъи щэнхабзи, нэгъуэщI-къинэмыщIи. псом нэхърэ ар нэхъ къызытехьэлъахэм ящыщщ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыту Хэкум, къэралым цIыху нэс, пэж хуэгъэсэныр зи къалэну щытахэрщ. А лъэхъэнэм Iэпэдэгъэлэл хъуахэм халъытэ хэкупсэ гъэсэныгъэр. АтIэми иужьрей зэманым абы и Iуэхур къаIэтыжащ, щIэблэм егъэгъуэтыпхъэ дуней еплъыкIэмрэ гупсысэмрэ гулъыти нэхъ хуащI хъуащ. Абы и хъер мащIэхэм ящыщщ ныбжьыщIэ зыбжанэм я гупсысэу фи пащхьэ итлъхьэхэр. Абыхэм жэуап зратыр зы упщIэщ: «Сыт уи дежкIэ Хэкур?»
Борыкъуей Ислъам: «Хэкур - фIыгъуэ куэдым я щIэдзапIэщ. Сыт щыIэ Хэкум нэхърэ нэхъ лъапIэрэ, нэхъ IэфIрэ, нэхъ лъэщрэ? Мы упщIэхэм ягъуэтыну жэуапыр, дауи, щхьэж и Iуэху еплъыкIэм елъытащ. Сэ сыкъапщтэмэ, Хэкурщ псом нэхърэ нэхъ хэсIэтыкIыр!
Дэнэ деж къыщыщIидзэр Хэкум? - Унагъуэрщ! Хэт и деж къыщыщIидзэр Хэкум? - Анэрщ! Сытым и деж къыщыщIидзэр Хэкум? - УзрапIыкIа гущэрщ… Дэтхэнэр къыжыпIэн, дэтхэнэр япэ ибгъэщын?!
Унагъуэм цIыхущIэ къызэрыхэхъуэным щыгуфIыкIыу гущапхъэ хихыну мэзым кIуа адэшхуэрщ си Хэкум и къежьапIэр. Япэ лъэбакъуэр ичащ жиIэу хьэлыуэ Iэнэ схуэзыуба анэшхуэрщ си Хэкум и къежьапIэр. Ущиемрэ гъэсэныгъэмрэ къызбгъэдэзылъхьа адэрщ си Хэкум и къежьапIэр… Дэтхэнэр къыжыпIэн, дэтхэнэр япэ ибгъэщын?!
Гущэкъур иIыгъыу анэшхуэм къыбжиIа уэрэдхэр. Жей IэфIхэм ухилъэфэхукIэ анэр къызыпхуеджа таурыхъхэр. Уи бзэр къиутIыпщу япэу къыупсэлъа анэдэлъхубзэр. Уи япэ егъэджакIуэм уигъэцIыхуа хьэрфхэр. Дэтхэнэр къыжыпIэн, дэтхэнэр япэ ибгъэщын?! Ауэ шэч зыхэмылъыжыр Хэкум и къежьапIэр цIыхум и унагъуэрауэ зэрыщытырщ.
Анэмрэ Хэкумрэ хуабжьу зызогъэщхь. Анэр зыщIэс унэм, анэм и щIакхъуэ хуабэм, анэм и Iэ щабитIым, и нэ гуапитIым, гуамащIагъэкIэ гъэнщIа и псалъэмакъым си гъащIэм къысхупащэ.
Хэкум и хьэуа къабзэм, Хэкум щежэх псыIэрышэхэм, Хэкум къыщыкI кхъужьIэрысейхэм, Хэкум къыщыхъу мэш бэвхэм, си Хэкум щыпсэу цIыхухэм си гъащIэр ирагъэфIакIуэ.
Сыхуейщ си Хэкур ефIэкIуэну, зы адэ-ани бынкIэ мыгузэвэну, мамырыгъэр си Хэкум щытепщэну, щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэну, Хэкум епцIыж къытхэмыкIыну, си лъэпкъыр куэдрэ щыIэну!»
Дохъушыкъуэ Камиллэ: «Си Хэкур – си дунейщ. Дэнэ деж абы къыщыщIидзэр? Мыбы и жэуапыр цIыхуу дуней псом тетым зэмыщхьу къыуатыфынущ. Iуащхьэмахуэ телъ уэс зэнзэныпсу къабзэм, гъавэ къызыщыкI губгъуэшхуэ щхъуантIабзэм, къуршыпс уэрхэм я даущ макъым, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ щытепщэ щIыналъэм изопх сэ Хэкум и щIэдзапIэр.
Сэ си дежкIэ ар си анэм и ныбэм силъу зэхэсха псалъэ дахэхэрщ, абы и ужькIэ гущэкъу уэрэдхэрщ, япэ лъэбакъуэр щысча пщIантIэрщ, зэхэсха хъуэхъухэрщ, анэдэлъхубзэм и япэ псалъэр щызэхэсха жыхафэрщ. Си сабиигъуэм и гущэр щыщIаупскIа жылэжьыр, лъапцIэрыщэу ди пщIантIэшхуэм къыщыщызжыхьар, згъэгуфIэныр бзухэр си гуращэу – бжэндэхъу абгъуи ахэм щахуэсщIар. Нанэ и гъусэу щIым хэтлъхьа жылэхэр, си унэ дэкIуеипIэр. Си анэшхуэр абы тесу игъажэу щыгъэр махуэр зи кIыхьагъыр зыгъэкIуар. Нанэ и псалъэ дахэхэм пщэдджыжь къэс сыкъыдэушу зэрыщытар. Абы и бзэ гуапэр щабэу къызэдэхащIэурэ етхьэкIа си махуэхэр, си унагъуэр. Абы нэхъ лъапIэ сиIэнкIэ зэрымыхъунум шэч лъэпкъ къытесхьэркъым, сыту жыпIэмэ, а псом Хэкум и къыщIэдзапIэкIэ соджэри.
Анэр, Хэкур, бзэр къуэпс быдэкIэ зэпхащ. Си гум лъагъуныгъэу илъым я нэхъ IэфIыр, я нэхъ къабзэр, я нэхъ гуащIэр абыхэм яхузиIэ гурыщIэу зэрыщытым шэч лъэпкъ хэлъкъым. Хэку… Сыту псалъэ IэфI, сыту дахэ! ЦIыхур цIыху зыщIыжыр, лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр абы Хэкум хуиIэ щытыкIэрщ, къыдэгъуэгурыкIуэ лъагъуныгъэрщ: «Хэкум емыкIур къылъысмэ, псэр умылъытэу къыщыж». Зы лъэпкъи щыIэкъым езым и Хэку имыIэжу, абы иримыпагэу, иримыгушхуэу, имыгъэлъапIэу. Дэнэ щIыпIэ ущымыIами, дэнэ укъыщыщIимыдзами, уи Хэкур пщыгъупщэ хъунукъым, ар сытым щыгъуи уи гум илъын хуейщ.
ЩыIэкъым Хэку Iей. Хэкур, ущалъхуа щIыпIэр уэ зэрыбгъэдахэщ, зэрыбгъэлъапIэщ, хэплъхьэ къарумрэ лэжьыгъэмрэщ! Сыщалъхуа, сыщапIа, зэи зызыщызмыгъэнщI си щIыпIэрщ, си унагъуэрщ Хэкум къыщыщIидзэр».
Жылау Динарэ: «Псоми зэрытщIэщи, дэтхэнэ зы цIыхуми Хэку иIэщ. Хэкум и гурыIуэныгъэр цIыхум иджыри сабийуэ зрегъащIэ. А псалъэм, дауи, купщIэшхуэ иIэщ. Сыт-тIэ а Хэкур зищIысыр, сыт абы къикIыр? Псом япэ Хэкур ар цIыхур къыщалъхуа, къыщыхъуа щIыпIэращ. Сабийм а гурыIуэныгъэр адэ-анэм халъхьэ. А ныбжьым щитым деж сабийм ар зыхимылъхьэмэ, гугъу ехьынущ иужькIэ.
Адыгэ лъэпкъышхуэр тенджызитIым яку дэсу щытащ. Адыгэ куэд икIащ я Хэкум Кавказ зауэм и зэманым. ИтIани, адыгэхэр дунейм сыт хуэдэу щызэбгрымыдзами, абыхэм ящIэ дэнэ щыIэми я Хэку дыдэр.
Псом япэрауэ, уи Хэкум и тхыдэр пщIэн, абы хуэфащэ цIыхуу узэрыщытыным иужь уитын хуейщ. Адыгэхэми яIэщ зы псалъэжь: «Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ – си Хэкужь сыщылIэ». Абы дытетын хуейщ хэкупсэу зызылъытэж дэтхэнэри».