Нэхъыбэу цIэрыIуэ зыщIар

Ди планетэм турист IуэхущIапIэ япэ дыдэу къыщызэIузыхауэ къалъытэр 1808 - 1892 гъэхэм псэуа инджылыз хьэрычэтыщIэ Кук Томасщ.
XIX лIэщIыгъуэм икухэм ирихьэлIэу Инджылыз къэралыгъуэм куэду щыхэхъуат фадэ зи нэрыгъхэм я бжыгъэм. Кук Томас а зэманым хуэзэу фадэ ефэныр зыгъэхьэрэму чыристэн диным и зы къудамэ баптист унэтIыныгъэм и телъхьэ хъуати, еш жыхуаIэр имыщIэу, а Iуэху мыдахэм цIыхухэр къызэрыхишыным яужь ихьат.  
ИкIи, абыкIэ Iэмал щхьэпэу а щIалэм къилъытар зыщыщ къэралым турист IуэхущIапIэ къыщызэIухынырщ. Ар зэрызригъэхъулIэуи, Кук Томас щIыпIаплъэхэр гупышхуэу зэщIигъэуIуэурэ иришажьэу къиублащ. Уеблэмэ, аращ хьэрычэтыщIэр ди нобэми нэхъыбэу цIэрыIуэ зыщIар. 
И пщэ дилъхьэжа къалэныр зэригъэзэщIэным хущIэкъу зэпытти, 1840 гъэм Кукым запищIащ езыр къыщыхъуа Дербишир щIыналъэм (Мельбурн къалэ) щаутIыпщагъащIэ гъущI гъуэгур зейхэм. Ахэр здигъэIэпыкъукIэрэ, фадэм защызыдзейхэм я зэгухьэныгъэу къызэригъэпэщам хэтхэр Лафборо къалэ цIыкIум езым щригъэкIуэкIа зэхуэсым иришэлIауэ щытащ. А зекIуэ цIыкIум техьахэм иужьым зэрыжаIэжамкIэ, ар абыхэм я дежкIэ гукъинэж дыдэу къыщIэкIащ. Сыту жытIэмэ, фадэр IэщIыб зыщIахэм ящыщу гъусэ зыкъыхуэзыщIахэм къызэгъэпэщакIуэм гъуэгум гулъытэшхуэ щахуищIат. Уеблэмэ, езым и ахъшэ тIэкIумкIэ къахуигъэхьэрычэта гъуэмылэри, гуапагъэ ин пылъу, ятригуэшат. 
1841 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м (Турист IуэхущIапIэхэм я махуэр зытрагъэхуари аращ) зи ныбжьыр илъэс 33-м нэблэгъа Кук Томас Инджылызым щызэхишащ ди планетэм щыяпэ дыдэу къыщабжа турист зекIуэу цIыху куэд дыдэ зыхэтар. 
Томас и лъэIукIэ, Midland Counties Railway зи фIэщыгъэ гъущI гъуэгу компанием къахуигъэхьэрычэтащ езым зэщIигъэуIуа цIыху 570-р зекIуэ зэрыришэжьэн вагон зэкIэрыщIахэр. МафIэгур ирижащ Инджылызым и курыхым щыIэ Лейстершир графствэм ит Лейстер, Лафборо къалэхэм я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэ нэгузыужьым.
Иужьым, а къэралым и гъущI гъуэгу зэгухьэныгъэхэм ящыщу адрейхэми къаублащ (езыхэм я цIэхэри фIыкIэ зэрагъэIун IэмалыфIу зэрыщытыр къагурыIуати) уасэ нэхъ зэгъ зытрагъахуэ зекIуапщIэхэр (билетхэр) Кук Томас и турист IуэхущIапIэм иращэныр. Абы къыхэкIыуи, щIыпIаплъэхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэж хъууэ хуежьат.
Кук тхылъхэр къыдэгъэкIыным пыщIа IэщIагъэми хуэIэзэти, «Фадэр IэщIыб зыщIахэм я зэхэзекIуэкIэ» зыфIища и журналри дунейм къытригъэхьащ. Абы къыдэкIуэуи, 1847 гъэм къызэIуиха «Турист жылагъуэ» зэгухьэныгъэм и цIэкIэ гъуэгуанэ тхылъ зэгъэпэщахэр ярищэу хуежьащ Инджылызым и мызакъуэу нэгъуэщI къэралхэм къыщызыкIухьыну хуейхэми.  
Тхыдэ мыжыжьэм иригъуазэхэм зэрыжаIэмкIэ, къэралхэр зэлъэзыгъэIэс туризмэри апхуэдэ щIыкIэм тетущ ди планетэм къызэрыщыунэхуар. Къэдгъэлъагъуэмэ, 1850 гъэхэм ирихьэлIэу Европэм куэду щыпхашат къалэу итхэм я нэхъыбэр зэпызыщIэ турист гъуэгуанэхэр. ТIэкIу иужьыIуэкIи, «туризмэм и менеджер» зыфIаща IэнатIэу хэгъэгу жыжьэхэр зэлъэзыгъэIэсри япэ дыдэу къэзыгупсысауэ щытар Кук Томасщ.   

 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться:

Читать также: