Налшык щыIэнущ журналист зэхуэсышхуэ![]() ШыщхьэуIу мазэм и 7 - 8-хэм ди республикэм и къалащхьэ Налшык щызэхэтынущ Урысей Федерацэм и журналистхэм я «Инфорум» зэхуэсыш-хуэр. Абы теухуа хъыбар КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Жыласэ Заурбэч бадзэуэгъуэм и 3-м щигъэIуащ а жылагъуэ зэгухьэныгъэм и правленэм хэтхэм я зэIущIэм. Жыласэ Заурбэч зэрыжиIамкIэ, Урысейм и журналистхэм я «Инфорум» зэхуэс иныр федеральнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Абы хэтынущ УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIхэр, къэралым и хъыбарегъащIэ IэнатIэ нэхъ инхэм, медиаплатформэхэм я пашэхэр, зэгухьэныгъэм щIыналъэхэм щиIэ къудамэхэм я тхьэмадэхэр, журналист цIэрыIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм зэхуэсым и утыкухэм щатынущ мастер-классхэр, щагъэлъэгъуэнущ хъыбарегъащIэ IэнатIэм зэрызиужьыпхъэм ехьэлIа я проектыщIэхэр, журналист Iэзэхэм а IэщIагъэм ди- хьэххэр щагъэгъуэзэнущ хэлъ щхьэхуэныгъэхэм, чэнджэщ щхьэпэхэмкIи ядэгуэшэнущ. «Инфорум»-м и къалэн нэхъыщхьэр епхащ щIыналъэ медиазэгухьэныгъэхэм, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэм я зэфIэкIым, Iэзагъым нэхъри хэгъэхъуэным.
Поделиться:
Читать также:
13.02.2026 - 16:35 →
ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым
13.02.2026 - 12:55 →
ГъащIэ щыIамэ арат
12.02.2026 - 18:39 →
Гъуэгу лэжьыгъэхэр
12.02.2026 - 12:26 →
Радиом и Iэмалхэр
12.02.2026 - 11:11 →
ЗэгурыIуэныгъэр япэ ирагъэщу
| ||





