Зи лъагъукIэр утыку къизыхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хэт галереем щокIуэкI «Ах, мой Чегем…» гъэ­лъэгъуэныгъэр. Ар къы­зэрагъэпэщащ УФ-м и Су­рэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт скульптор Черкесов Тахир къызэралъхурэ илъэс 65-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.

КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къа­ныкъуэ Жаннэ зи махуэр зыгъэлъапIэ Черкесов Тахир ­ехъуэхъуа нэужь, жиIащ илъэс зэхуэмыдэхэм абы и Iэдакъэ къыщIэкIа скульптурэхэр мыбдеж зэрыщигъэлъагъуэр, Iуэ­ры­Iуатэр лъабжьэ зыхуэхъуахэр абыхэм куэду зэрахэтыр, и дэтхэнэ зы лэжьыгъэри зэрыгъэщIэгъуэныр, гупсысэ зэ­ры­щIэлъыр, кIуэ пэтми зи щIэныгъэм хэзыгъахъуэ скульпторым и лэжьыгъэфIхэм дяпэкIи ды­пэплъэ зэрыхъунур.  
Зэхыхьэм къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ скульпторым и IэдакъэщIэкIхэм узэрыдахьэ­хыр, цIыхумрэ щIыуэпсымрэ зэ­рызэпыщIа къуэпсхэр гъэ­щIэгъуэныщэу къызэригъэлъагъуэр, Кавказым щыпсэу цIыху къызэрыгуэкIхэр, и щIыналъэм хуиIэ лъагъуныгъэр - а псори дэтхэнэми зыхищIэфын хуэдэу зэригъэпсыр. 
ЗэIущIэм хэтахэр скульпторым ехъуэхъуащ узыншагъэрэ ехъулIэныгъэрэ иIэу дя­пэкIи дахагъэ къигъэщIыну, ­гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуи­щIыну, и лэжьыгъэхэр зигу ды­хьэхэр игъэгуфIэну. 
Лермонтовым и цIэр зезыхьэ комитетым и унафэщIхэм ящыщ Додуев Аскэр бгъэхэIу медалыр (Кулиев Къайсын къы­зэралъхурэ илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ) Черкесов Тахир иритащ.  
Скульпторым фIыщIэ яхуи­щIащ гъэлъэгъуэныгъэм зы­кърезыгъэхьэлIахэмрэ псалъэ гуапэ къыхужызыIахэмрэ. Абы жиIащ и лэжьыгъэхэр ягу дыхьэмэ, къыпэ­джэж­мэ на­сыпышхуэу къызэрилъытэ-            нур. 
Пхъэм, гипсым ирилажьэ ­скульпторыр 1960 гъэм Шэ­джэм Ищхъэрэ къуажэм къы­щалъхуащ. Пензэ къалэм и художественнэ училищэр къиухащ 1987 гъэм. 

Сурэтхэр  Къарей  Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: