«ЗэманыщIэм хуэгъэпса гупсысэ лъэщхэр»Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ зэIущIэ ин Москва дэт «Урысей» лъэпкъ центрым мы махуэхэм щекIуэкIащ. Стратегие жэрдэмхэр пхыгъэкIынымкIэ агентствэмрэ «Урысей конгресс» фондымрэ къызэрагъэпэща зэхыхьэшхуэм хэтащ УФ-м и Президент Путин Владимир, къэралым хыхьэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, къулыкъу лъагэ пэрытхэр, жэрдэмыщIэхэр зи куэд щIалэгъуалэр. Форумым щыIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Къэрал Iэтащхьэм и унафэм тету, зэхуэсыр 2020 гъэ лъандэрэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ. Абы и къалэн нэхъыщхьэр Урысей Федерацэм и зыужьыныгъэм сэбэп хуэхъуну, хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIыну, гупсысэ лъэщхэр зи лъабжьэ проектыщIэхэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ хэплъэу, фIыхэм я фIыжхэр къыхэхынырщ, иужькIэ ахэр гъэзэщIэнырщ. Нэхъ пасэу къыхалъхьауэ екIуэкI а Iуэхугъуэм проектхэмрэ жэрдэмхэмрэ ягъэхьащ унэтIыныгъэу тхум тещIыхьауэ. Апхуэдэхэт социальнэ IэнатIэм, хьэрычэтыщIэ Iуэхухэм, IэщIагъэлIхэр къыхэхыным, технологие зыужьыныгъэм, щIыуэпсым и щытыкIэм ятеухуа унэтIыныгъэхэр. Псори зэхэту зэхуэсым кърахьэлIат жэрдэмыщIэрэ проектыщIэу мин 35-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ ди Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икIа лэжьыгъэщIэхэри. Нэгъабэрейм еплъытмэ, а проектыщIэхэм я бжыгъэм хуэдитIрэ ныкъуэкIэ хэхъуащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




