Хэхэсхэм я хъыбарым щыщ

ЛIэщыгъуэрэ ныкъуэм щIигъуащ адыгэхэм я нэхъыбэм адэ хэкужьыр зэрабгынэрэ. Щалъхуа щIыналъэр ди лъэпкъэгъухэм IэщIыб ящIын папщIэ лъэкI къагъэнакъым Урысейм и пащтыхьымрэ Тыркум и сулътIанымрэ. Илъэс куэдкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэр щиухам адыгэхэм я нэхъыбапIэр къарукIэ ирахуат е гъэпцIагъэкIэ хэхэс хъуат. Ди лъэпкъэгъухэм нобэ уащыхуэзэнущ къэрал куэдым. Абыхэм псом нэхърэ нэхъыфIу яхэзыщIыкI, КъБР-м, АР-м, КъШР-м я щIыхь зиIэ журналист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэритхыжамкIэ, Тыркум адыгэу мелуанищым щIигъу щопсэу, ауэ зи анэдэлъхубзэр зыщIэжыр а бжыгъэм и Iыхьэ щанэрщ. Сириемрэ Иорданиемрэ минищэрэ тIощIым щIигъу щыIэщ. Адыгэхэм уащыхуэзэнущ Алыджым, Югославием, Ливием, Болгарием, Франджым, Албанием, Голландием, Румынием, Израилым, США-м, Канадэм, Мысырым, Ливием, ФРГ-м, Суданым, Иракым, нэгъуэщI къэралхэми.
Дэнэ щIыпIэ щыпсэухэми, абыхэми зэрахузэфIэкIкIэ я бзэр, хабзэр, нэмысыр яхъумэж. Ар къайхъулIэнымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу Хасэхэр. Пэжу, Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэр зэхуащIыж, илъэс бжыгъэ докIри къызэIуахыж. Нэхъ тэрэзу ахэр щылажьэр Сирие, Иордание, США, Израиль, Германие къэралхэрщ.
Сирием и щыхьэр Дамаск (адыгэхэр абы ЩамкIэ йоджэ) дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэр I947 гъэм къызэрагъэпэщащ. Абы къудамищ иIэжщ. Ахэр Хьэмус, Хьэлэб къалэхэм, Мэрдж-СулътIан къуажэм щолажьэ. Нэхъыбэу Хасэр зи ужь итыр хуэмыщIахэм ядэIэпыкъунырщ. Лъэпкъ хабзэр, бзэр хъумэнымкIи мыбы яхузэфIэкI щащIэ. Хасэм иIэщ езым и адыгэ къэфакIуэ гупи, абы и зэфIэкIыр куэдрэ хьэрып къэрал зыбжанэм щигъэлъэгъуащ. Хасэм хэтхэр сымаджэхэм ядоIэпыкъу, пщIэншэу дохутыр ирагъэIэзэ, хущхъуэхэр къыхуагъуэт, хьэщIэ къахуэкIуамэ, емыкIу къызэрамыхьыным пылъщ.
Щам дэт университетым и профессор Лаш Адыл зэрыжиIэмкIэ, Сирием ис адыгэхэр къызытехъукIыжахэр я адэжь Хэкум иIэпхъукIа нэужь Тыркум, Балканым исащ. Илъэс тIощIым нэскIэ Югославием, Алыджым, Болгарием щыпсэухэри, хэхэсхэм КъуэкIыпIэ ГъунэгъумкIэ яунэтIащ.
Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр къызэрыгуэкI гуащIэрыпсэухэщ. I967 гъэм екIуэкIа «махуих зауэр» зэриухыу Щам Iэпхъуащ Джулан лъагапIэхэм щыIа адыгэ къуажэ I2-м дэсахэр. I948, I956, I967, I973 гъэхэм екIуэкIа журт-хьэрып зауэхэм адыгэхэм лIыхъужьыгъэшхуэ щызэрахьащ. Хьет жригъэIэу, къикIуэт имыщIэу бийм пэщIэтащ Анзор Джэуад. Абы и цIэр дыщэпскIэ Сирием и тхыдэм итхащ. Джэуад зи унафэщI адыгэ шуудзэм I948 гъэм лIыгъэшхуэ зэрихьащ.
«Эль-Къунейтрэ и анэ» цIэ лъапIэр фIащащ Уджыхъу Iэминэ. Ар бийм иубыда къалэм къахудэмыкIыу илъэсийкIэ дэсащ.
Сирием щыпсэу адыгэхэм, абазэхэм щIэныгъэлI, тхакIуэ зыбжанэ, дзэзешэ куэд къахэкIащ: Блэныкъуэ Хьэрун, Сэмгугъу Iэмин, профессор Лаш Адыл, тхакIуэхэу Къумыкъу Мамдухь, Дыгъужь ФуIэд, ДжэшкIэр Фадыл, Стащ Издин, генерал-лейтенантхэу Абазэ Мамдухьрэ Багъ Ауадрэ, генерал-майорхэу Шэрджэс Абдул-Хьэзиз, Бэрэтэр Рэмэдан, нэгъуэщI куэди.
КъуэкIыпIэ Гъунэгъум куэдрэ и цIэр щыжаIэ Абазэ (Маршэн) Хьэмдий и къуэ Мамдухь. Ар Мумсие къуажэ цIыкIум I932 гъэм къыщалъхуащ. Адыгэ щIалэ хъыжьэм хэкум, лъэпкъым хуэлэжьэным и гъащIэр триухуат.
Абазэр илъэс тIощIрэ зырэ щыхъуам уэгум итт, кхъухьлъатэ псынщIэхэр зэрихуэу. I957 – I958 гъэхэм абы и щIэныгъэм щыхегъахъуэ Къыргъызым. А зэманым Мамдухь къыдеджащ икIи ныбжьэгъуфI къыхуэхъуащ иужькIэ Сирием и президенту хаха Хафез Асад. Кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыру Фрунзе дэт еджапIэ нэхъыщхьэр Абазэ Мамдухь фIы дыдэу къиухащ икIи абы къратащ дыщэ медалыр.
I978 гъэм Абазэр генерал-майор мэхъу. А зэманым ирихьэлIэу абы бийм и кхъухьлъатэу зыбжанэ къриудыхат икIи къэралым и цIэ нэхъ лъапIэ дыдэр – Сирие Хьэрып Республикэм и ЛIыхъужьыр – къыфIащат.
Сэ мызэ-мытIэу сыхуэзащ Мамдухь, хъыбар гъэщIэгъуэн куэди къызжиIэжащ абы Сирием щыпсэу адыгэхэм, абазэхэм ятеухуауэ. Кавказым, адэжь лъахэм Абазэм къыхуиIэ лъагъуныгъэр инт, ныбжьэгъу куэд щиIэт Налшык, Черкесск, Мейкъуапэ, Сыхъум. Ахэр мащIэу фIэкIа зэримылъагъуфыр игу къеуэрт. Езым хуэдэу ХэкумкIэ гумащIэщ абы и къуэшитIри – Щам дэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Сирием и Парламентым и депутат Шэрэфрэ, дзэм хэт, генерал-лейтенант Уэлидрэ.
Абазэ Мамдухьщ Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу япэ генерал-лейтенант цIэр зыфIащар. Илъэс зыбжанэкIэ ар къэралым и уэгу къарухэм я унафэщIу щытащ. I982 гъэм фокIадэм и 3-м Мамдухь «Муслъымэн зэкъуэшхэр» партым хэт экстремист гупым яукIащ.
Иорданием щыпсэу адыгэхэр Амман, аз-Заркъэ, Уадисир, Сыуелыхь къалэхэм, Нэхьур, Русейфэ, Джэрэш къуажэхэм дэсщ. Къэбэрдейхэмрэ шапсыгъхэмрэ Амман псэупIэ ящIащ. Бжьэдыгъухэр Нэхьуррэ Уадисиррэ дэсщ. Илъэсищэ ипэкIэ къэбэрдей къуажэхэу къэплъытэ хъунут Джэрэш, Сыуелыхь, Русейфэ. Нобэ а жылэхэм хьэрыпхэр щынэхъыбэщ.
Амман и уэрам, хьэблэ зыбжанэм адыгэцIэ зэрахьэ. «МухьэджринкIэ» йоджэ иужьрей истамбылакIуэхэр здэтIыса щIыпIэм («Iэпхъуахэм я хьэблэ»).
Иорданием адыгэ мин 60-м щIигъу щопсэу. I932 гъэм ди лъэпкъэгъухэм къызэIуахащ Адыгэ ФIыщIэ Хасэ. Абы и къудамэхэр щолажьэ Сыуелыхь, Русейфэ, Нэхьур, Уадисир, аз-Заркъэ.
НэгъуэщI хасэхэри щыIэщ. Ахэр пылъщ спортым, ныбжьыщIэ, цIыхубз Iуэхухэм. Амман дэт Хасащхьэм илъэс куэд щIауэ «Iэл-Уахьэ», «Нарт» журналхэр къыдегъэкI. Абы и лъабжьэр зыгъэтIылъахэр Бырмамыт Фэуазрэ ЛIыщIэ Зухьдирэщ. Журналым тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэд къытохуэ хэхэсхэм я тхыдэм, Кавказым ятеухуауэ. Ахэр я IэдакъэщIэкIщ ди лъэпкъэгъу щэджащэхэу Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд-Хъер, Хьэвжокъуэ Шэукэт, КъуэщIысокъуэ Уэлид, Хъунэгу Надие, Бырмамыт Фэуаз, Архъагъэ Хьисэ сымэ, нэгъуэщIхэми.

 

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться:

Читать также: