Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм зи гумрэ зи псэмрэ хуэзыгъэтIылъа дэтхэнэри и гъащIэ псокIэ а IэщIагъэм хуэпэжу къонэж, а IэнатIэм пэрытми абы пэIэщIэ хъуами емылъытауэ. Ар дапщэщи щIэблэм я ущиякIуэщ, щIэныгъэм и джакIуэщ. ЗыхэпсэукI зэманым декIуу, сыт и лъэныкъуэкIи и лэжьыгъэр иригъэфIакIуэрэ къызыхуэтыншэу къызэригъэпэщу егъэджакIуэ IэнатIэм илъэс 50-м нэскIэ пэрытащ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм щыпсэу Езий Тамарэ (Зое) Хьэсэнбий и пхъур.
«И IэщIагъэм къыхуалъхуащ» зыхужаIэ цIыхухэм ящыщщ Тамарэ. И сабиигъуэр зауэ илъэсхэм, зауэ нэужь зэман хьэлъэм хиубыдами, дунейр и щIэщыгъуэу, щIэныгъэм хуэпабгъэу къэхъуащ ар. АбыкIэ фIыщIэшхуэ ябгъэдэлъщ абы и адэ-анэ Чэртыхэ Хьэсэнбийрэ Хъанийрэ. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ зэрылъ унагъуэшхуэм щапIа сабиитхури адэ-анэм гъуэгу пэж трагъэувэфащ, гъэсэныгъэ, щIэныгъэ, IэщIагъэ ирату. Школыр къиуха нэужь, егъэджакIуэ IэщIагъэм щIэхъуэпс Тамарэ щIэтIысхьащ Налшык дэт педучилищэм. Бзылъхугъэ жыджэр цIыкIур занщIэу еджэным хуэIэижь хъуащ, училищэм щекIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэми щIэхыу хыхьащ. Япэ илъэсым къыщыщIэдзауэ Тамарэ хагъэхьащ еджапIэм и студсоветым, а лъэхъэнэм мыхьэнэшхуэ зиIэу щыта щIалэгъуалэ пэрытхэм я зэгухьэныгъэм, комсомолым училищэм щиIэ ячейкэм. Студенткэ пэрытыр зыхэт гупым фIыкIэ къахэщу, къыдеджэхэми езыгъаджэхэми пщIэ къыхуащIу педучилищэм щIэсащ.
Еджэныр къиуха нэужь, Тамарэ лэжьэн щыщIидзащ Нарткъалэ дэт курыт школ №4-м. Абы куэдрэ щымыIэу, егъэджакIуэ ныбжьыщIэр уващ Къэхъун къуажэм дэт курыт школ №I-м. ЕгъэджакIуэ гумызагъэу, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу, дерс хьэлэмэтхэр икIи купщIафIэхэр зыт лэжьакIуэу зыкъигъэлъэгъуащ Тамарэ. ПэщIэдзэ классхэр ебгъэджэныр мытыншми, абы зэрыжиIэмкIэ, къемыдаIуэ, хуэмыущий еджакIуэ зэи иIакъым. И гъэсэнхэр еджэным дригъэхьэхыфу, сыт хуэдэ дерсми щIэщыгъуагъ, щIэ гуэрхэр хилъхьэурэщ Езийр зэрылэжьар. Иригъаджэ сабийхэм ящыщ дэтхэнэми и гущIэм нэсыфу, абы и зэфIэкIыр зыхуэдэр къихутэрэ абы теухуауэ бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуигъуэтыфу IэнатIэм пэрытащ Тамарэ.
- Егъэджэныгъэр зэрызэхэлъ Iыхьэхэм ящыщу нэхъыщхьэу къалъытэ абы и пэщIэдзэ Iыхьэр. Сабийр школым щыкIуа япэ илъэсхэм абы еукъуэдий щIэныгъэм адэкIэ зэрыхуэкIуэну гъуэгур, егъэтIылъ еджэныгъэм, гъащIэм, дунейм и зэхэлъыкIэм ятеухуа и гупсысэхэм я лъабжьэр. Абы къыхэкIыу а лъэхъэнэр купщIафIэу, сабийм и къэухьым, гупсысэм зебгъэужьу, бгъэдэлъ зэфIэкIым теухуауэ абы къебгъэгъэсэбэпмэ, цIыкIум ехъулIэныгъэфIхэр иIэнущ, - егъэджакIуэм и лэжьыгъэм топсэлъыхь Езийр. – Ар сабийм къызэрехъулIэм (къызэребгъэхъулIэм) елъытащ абы адэкIэ иIэну текIуэныгъэхэм, здынэсыфыну лъагапIэхэм ящыщ куэд.
Иригъэдж предметхэм цIыкIухэр дригъэхьэхын щхьэкIэ, лэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэм и дерсхэр зэмылIэужьыгъуэурэ иухуэрт. Абы щIэх-щIэхыурэ иригъэкIуэкIырт дерс зэIухахэр, дерс-зэпеуэхэр, дерс-джэгухэр. Абыхэм сабийхэм езыхэм щIэныгъэр къаугъуеиным, зэдауэ-зэдэджэгукIэрэ пэжым хуэкIуэным щыхуигъасэрт, егъэджакIуэмрэ еджакIуэхэмрэ яку дзыхьрэ пщIэрэ дэлъу зэрызэдэлажьэр наIуэ хъууэ.
Еш имыщIэу, дэтхэнэ дерсми япэу щIыхьэ хуэдэу, фIыуэ зыхуигъэхьэзырауэщ лэжьыгъэ IэнатIэм зэрыпэрытар Тамарэ. Апхуэдэу псэ хьэлэлу къабгъэдэт я егъэджакIуэм и псалъэр тIу зэрамыщIыным хущIэкъурт еджакIуэ цIыкIухэри. Абы гу лъамытэу къанэртэкъым къыдэлажьэхэми адэ-анэхэми. Школым къэпщытакIуэ къэкIуамэ, дэтхэнэ зи дерсри зэIухауэ къэплъытэ хъуну егъэджакIуэ Iэзэм и деж япэу ирагъэблагъэрт икIи хьэщIэр сабийхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ арэзыуэ, я зэфIэкIхэм я лъагагъыр игъэщIагъуэу къыщIэкIыжырт.
Езийм и гъэсэнхэр дапщэщи жыджэру хэтащ куейм, республикэм предмет зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щекIуэкI олимпиадэхэм, нэгъуэщI зэпеуэхэм, увыпIэфIхэр къахьу, я егъэджакIуэм и лъэр нэхъри жан ящIу. Тамарэ зэрыжиIэмкIэ, сыт хуэдизрэ еджакIуэ гуп къищтами, дапщэщи сабиифIкIэ, зэхэщIыкI зиIэ адэ-анэкIэ Тхьэр къыхуэупсащ. ИлъэсиплIкIэ иригъэджа цIыкIухэр щиутIыпщкIэ, апхуэдэ гуп афIэкIа къыIэщIэмыхьэжын и гугъэу 5-нэ классым игъакIуэрт Тамарэ. АрщхьэкIэ, абы зэрыжиIэмкIэ, къыкIэлъыкIуэхэр нэхъыфIыжу, нэхъ Iущыцэжхэу къыщыхъурт абы, сыту жыпIэмэ и лэжьыгъэр фIыуэ илъагъурт, абы гурэ псэкIэ бгъэдэтт, илъэсхэр кIуэху, Iуэху зехьэкIэр нэхъри иригъэфIакIуэу.
ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэм хэкупсэ гъэсэныгъэм гулъытэ хэха щыхуищIу екIуэкIащ. Абы и фIэщ мэхъу зи Хэкур, щалъхуа щIыналъэр фIыуэ зылъагъуу къэхъу ныбжьыщIэхэм къэралым хуэпэжын, лъахэр, хабзэр зыхъумэфын, езыгъэфIэкIуэн цIыху къазэрищIыкIынур.
Жылагъуэм пщIэ щызиIэ бзылъхугъэ щыпкъэр, егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэр я гум илъщ иригъэджахэм, абы и лэжьэкIар ящIэж къыдэлэжьахэми. Аращ абы къыщIыхужаIэр: «Зи псэ хуабагъымкIэ ди сабийхэм ядэгуэша егъэджакIуэ нэс». Апхуэдэ пщIэ лейр Езийм къихьащ и псэ хьэлэл лэжьыгъэмкIэ, щIэблэр фIым хуиущийуэ, сабийм и акъылым, зэхэщIыкIым зиужьыным къаруушхуэ ирихьэлIэу дунейм зэрытетымкIэ. И лэжьыгъэфIым папщIэ Тамарэ къыхуагъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд, «ЕгъэджакIуэ-методист» цIэри къыфIащащ.
ЛэжьыгъэкIэ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр зиIа бзылъхугъэм унагъуэ дахи иухуащ. Абырэ и щхьэгъусэ Езий Хьэжысмелрэ (и ахърэтыр нэху ухъу) бынищ зэдапIащ: Людмилэ, Руслан, Рустам. Абыхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэ ирагъэгъуэтащ, унагъуэу ягъэтIысыжахэщ. Бынхэм къащIохъуэ щIэблэ узыншэ. Къуэрылъху-пхъурылъхухэм я ехъулIэныгъэхэм догуфIэ, догушхуэ анэ гумащIэм, анэшхуэ IэфIым и гур. И унагъуэ дахэм узыншэу щхьэщытыну, абы исхэм кърат дэрэжэгъуэм и лъэр жан ищIу иджыри куэдрэ псэуну ди гуапэщ Езий Тамарэ, бзылъхугъэ щыпкъэр, щIэблэм я ущиякIуэ нэсыр.