ЦIыхумрэ абы и зэIузэпэщыныгъэмрэ япэ ирагъэщу лэжьыгъэ зэтеубла щокIуэкI ди республикэм. IэнатIэхэм къыщалэжьхэм уакIэлъыплъмэ, блэкIа илъэсым ВРП-р сом мелард 325,5-рэ хъуащ, ерыскъыпхъэу къыщIагъэкIым и индексыр зэи хуэмыдэу хэхъуащ – проценти 121,4-рэ. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Урысейм етIуанэ увыпIэр щиIыгъщ.
Экономикэ зыужьыныгъэм и къару нэхъыщхьэщ мэкъумэш IэнатIэр. Абы къыщыщIагъэкIащ сом меларди 110,7-рэ и уасэ. 2024 гъэм кърикIуахэм тепщIыхьмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэ зэмылIэужьыгъуэу къыщрахьэлIэжащ тонн мелуан 1,027-рэ. КъыжыIапхъэщ а лъэныкъуэмкIэ Урысейм и хэгъуэгухэм процент 30-кIэ дазэрефIэкIыр, япэ итхэм ящыщу дыкъызэралъытэр.
Пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ щахъумэхэр нэхъыбэ мэхъу, Iэщ гъэхъуным къыпэкIуэ хъерым хохъуэ. Нэгъабэ гъавэ зытрасэ, псы зыщIагъэлъадэ гъавэщIапIэу иджыри гектар 5100-рэ цIыхухэм къагъэсэбэпын щIадзащ, псори зэхэту апхуэдэ гъавэщIапIэу гектар мин 35-рэ къыщагъэсэбэп республикэм.
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэр къащтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр япэ итщ мэкъумэш IэнатIэм къыщалэжьхэмрэ абы къыхащIыкI ерыскъыпхъэхэмкIэ. ГъавэщIапIэ гектари 100-м КъБР-м къыщытрахыр хуэдитI-щыкIэ нэхъыбэщ КИФЩI-м и адрей хэгъэгухэм нэхърэ, Урысейм хиубыдэ щIыналъэхэм ебгъапщэмэ, хуэдиплIкIэ нэхъыбэ къыщытрахи щыIэщ.
Ухуэныгъэ IэнатIэм лэжьыгъэу щекIуэкIар бжыгъэхэмкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, нэгъабэ абы сом мелард 43-рэ хухахащ. Зэи къэмыхъуауэ псэупIэ унэу метр зэбгъузэнатIэ мин 610-рэ хьэзыр ящIащ, ар проценти 9,2-кIэ нэхъыбэщ блэкIа илъэсым еплъытмэ.
Республикэм и мылъку нэхъыщхьэм инвестицэу къыхалъхьащ сом мелард 79,4-рэ (проценти 110,4-рэ).
2024 гъэм ди щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуащ цIыху мелуан 1,8-рэ. А IэнатIэм Iуэхутхьэбзэу щащIащ сом мелард 19,4-рэ и уасэ. Илъэситху ипэ диIа бжыгъэм нэхърэ иджы къэдгъэлъагъуэр хуэди 4,5-кIэ нэхъыбэми, нэхъыбэж къытхуегъэблэгъэнущ. Абы ипкъ иткIэ, КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ министерствэмрэ налог IуэхущIапIэхэмрэ щIыпIэ самоуправленэхэр я гъусэу IэнатIэр «жьэуапIэм» къыщIашыну я пщэрылъщ. Абы папщIэ щIэуэ яубзыхуа унафэхэр сэбэп хъунущ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, муниципалитетхэм турист налогыр къагъэсэбэп, жылэ 92-м гъэзэщIэн щыщIадзащ а унафэр.
2024 гъэм сатум республикэм къыхуихьа хэхъуэр сом мелард 325,6-рэ мэхъу, цIыхухэр гъэшхэным – сом мелард 16, цIыхухэм пщIэкIэ хуащIа Iуэхутхьэбзэм къыпэкIуащ сом мелард 65,8-рэ. ЦIыхухэм къагъэсэбэп апхуэдэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ къащэхухэмрэ къагъэлъагъуэ абыхэм я зэIузэпэщыныгъэр зэрефIакIуэр.
ЦIыхухэм лэжьыгъэ IэнатIэ яIэнымкIэ республикэм и Iуэхур зытетыр хэпщIыкIыу ефIэкIуащ. Хэгъэгум и экономикэм Iуэху щызыщIэхэм я бжыгъэр проценти 4,4-кIэ нэхъыбэ хъуащ, цIыху мин 419,8-рэ IэнатIэ пэрытщ, лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр процент 0,5 хъужу аращ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ику иту къыщалэжь улахуэр сом 46 507-м нэсащ, ар процент 16,3-кIэ хэхъуащ иужьрей илъэсхэм. БлэкIа илъэсииплIым уриплъэжмэ, республикэм щыпсэухэм я хэхъуэр процент 55,3-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Ар Урысейм ику иту къыщагъэлъагъуэ бжыгъэм нэхърэ тIукIэ нэхъыбэщ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэм япэ дитщ. ЩытыкIэр езыгъэфIэкIуар къэралым цIыхухэм зэрызащIигъакъуэрщ, сабий зэрыс унагъуэхэмрэ бынунагъуэшхуэхэмрэ ахъшэ зэрахухихырщ, иужьрей зэманым илъэс къэс бюджет IэнатIэм пэрытхэм я улахуэр проценти 10-кIэ зэрыхэхъуэрщ. Апхуэдэуи ди щIыналъэр япэ итщ къулейсызхэм я бжыгъэр гъэмэщIэнымкIэ.
Хьэрычэт Iуэху цIыкIумрэ ику итымрэ я лэжьэкIэм я гугъу пщIымэ, нэхъыщхьэхэм ящыщщ ди хьэрычэтыщIэхэр хамэ къэралхэм екIурэ-ещхьу зэрадэлэжьар, ди ныбжьэгъу къэралхэм зэрызыпапщIар. 2023 гъэм еплъытмэ, ди къэралым ирашам и бжыгъэр хуэди 2 - 3-кIэ нэхъыбэщ 2024 гъэм. Республикэр сату IуэхукIэ япыщIащ къэрал 68-м.
Демографие щытыкIэм уеплъмэ, 2025 гъэм и пэщIэдзэм ди республикэм щыпсэухэм я бжыгъэр мин 908,2-рэ ирикъуащ. Зы илъэсым къриубыдэу, цIыху мини 2,8-рэ къытхэхъуащ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, Урысейм и хэгъэгухэм ящыщу зи цIыхухэр нэхъыбэ хъухэм хабжэ Къэбэрдей-Балъкъэрри. Абы и лъэныкъуэкIэ, Урысей Федерацэм щыебланэщ КъБР-р.
Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм цIыхухэм медицинэ Iуэхутхьэбзэу щыхуащIэфыр йофIакIуэ. Лъыр тэмэму зэрыземыкIуэм илIыкIхэм я бжыгъэр процент 0,6-м нэхърэ нэхъ мащIэ хъуащ, лышхым илIыкIхэм я бжыгъэри проценти 4,3-кIэ ягъэмэщIащ, къалъхуагъащIэу лIэхэр нэхъ мащIэ хъуащ.
Апхуэдэ щытыкIэр къызыпэкIуар цIыхухэм я узыншагъэр къызэрапщытэрщ (диспансеризацэ), IэщIагъэлIхэр къызэращтэрщ, «Земский доктор/Земский фельдшер» программэхэр зыхуей хуэзэу зэрагъэзащIэрщ, сымаджэщхэр зэраухуэрщ, иджырей IэмэпсымэхэмкIэ зэраузэдырщ, автотранспортхэр IэнатIэм къызэрыхуащэхурщ. «КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр егъэфIэкIуэн» къэрал программэр гъэзэщIэным нэгъабэ хухахащ сом меларди 10,5-рэ.
Республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм хуабжьу зеужь, еджапIэхэр ящI, щIалэгъуалэм я къэухьыр зэрыхагъэхъуэн Iэмал куэд къызэрагъэпэщ. Нэгъабэ мы унэтIыныгъэм хухахащ сом мелард 16.
ЩэнхабзэмкIэ унэхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ яузэд, библиотекэхэр иджырей мардэм тету ирагъэфIакIуэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и тхыдэ-щэнхабзэ щIэиныр хъумэныр къэрал политикэм и Iыхьэ ину зэрыщытыр къыхэгъэщыпхъэщ. Апхуэдэ щIыпIэу ди республикэм иIэщ 450-рэ.
2024 гъэм ди хэгъэгум ехъулIэныгъэхэр къыпэкIуэу щагъэзэщIащ «Регион для молодых» программэр. Абы ипкъ иткIэ, щIалэгъуалэ зэхуэсыпIэу 5 къызэIуахащ, ныбжьыщIэхэм ядэлэжьэн IэщIагъэлI 550-м я Iэзагъым хагъэхъуащ.
ПсэукIэ и лъэныкъуэкIэ цIыхухэм ядэIэпыкъун Iуэхум республикэм щыщу къызэщIиубыдащ мин 204,7-рэ. Сабий мини 174-рэ щапI унагъуэ мини 110-м ахъшэу иратащ сом мелард 36-рэ, дзэм къулыкъу щызыщIэхэм хухахащ сом меларди 2,5-рэ, унагъуэщIэ 56-м унэ къызэращэхуну тхылъхэр иратащ, ныкъуэдыкъуэ 11-м субсидие къызэрыратын хуей щыхьэт тхылъ Iэрагъэхьэжащ, кхъахэ хъуа унэхэм къыщIагъэIэпхъукIащ цIыху 587-рэ.
Iуэхухэр щофIакIуэ гъуэгу IэнатIэм, къэрал Iуэхутхьэбзэхэр къызэгъэпэща зэрыхъум, бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэм, республикэ мылъкур зэрызэрагъэзахуэ щIыкIэм, нэгъуэщIхэми. КъБР-м и бюджет зэхэлъыр 2024 гъэм сом мелард 70,5-м нэсащ, налогхэмрэ налогым щымыщ хэхъуэхэмрэ процент 18-кIэ нэхъыбэ хъуащ, ар сом мелард 29,2-рэ мэхъу.
Къэбгъэлъагъуэмэ, лъэпкъ проект 33-м хыхьэу республикэм щагъэзащIэ щIыналъэ проект 47-рэ. Нэхъыщхьэращи, а Iуэхур процент 99,31-кIэ зэфIагъэкIащ. Мы гъэм лъэпкъ проект 12-мкIэ къалэн куэд зэфIагъэкIыну я мурадщ, абы папщIэ ди хэгъэгум къыхуаутIыпщынущ сом меларди 10,5-рэ.
2025 - 2027 гъэхэм республикэ унафэщIхэр нэхъыщхьэу зэлэжьынухэм я гугъу пщIымэ, щIэуэ тралъхьэжынущ гъуэгу 17, зыхуей хуагъэзэжынущ гъуэгу Iыхьэ 59-рэ, жылагъуэ зэхуэсыпIэу 37-рэ къагъэщIэрэщIэнущ. 2025 гъэм республикэр хэхуащ «Разработка, стандартизация и серийное производство БАС и комплектующих» лъэпкъ проектыр щагъэзэщIэну хэгъэгуи 7-м.