Ди лъэпкъым къыхэкIа лIыхъужь

 

Хэку зауэшхуэм ди къэралым текIуэныгъэ къызэрыщихьрэ мы гъэм илъэс 80 ирокъу. Дэтхэнэ зы лъэпкъми, унагъуэми яIэщ езыхэр зэрыгушхуэ лIыхъужьхэр. Адыгэхэр къапщтэмэ, щхьэмыгъазэу а зауэм хэтащ, икIи фашист зэрыпхъуакIуэхэр ди лъахэм ирахужащ къэбэрдей, адыгей, шапсыгъ, шэрджэс лIы хахуэхэм. Абыхэм ящыщщ хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ди лъэпкъэгъухэм къахэкIа Тхьэгъущэ Исмэхьил Хьэлэл и къуэр.

Ар 1920 гъэм гъатхэпэм и 17-м Псыущхъуэ ЦIыкIу жылэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэм нэхъыфIу щеджэхэм ящыщащ ар, щIыхь тхылъ куэди къыхуагъэфэщащ. 8-нэ классыр къиуха нэужь, щIалэ акъылыфIэ цIыкIур бухгалтер IэщIагъэм хуеджэну Лазаревскэ жылэм ягъэкIуащ, арат абы щыгъуэм Шапсыгъ лъэпкъ районым и администрацэ центрыр здэщыIэр. 

Бухгалтер курсхэр ехъулIэныгъэхэр иIэу къиуха нэужь, Исмэхьил и адэжь лъапсэм къигъэзэжащ гъащIэм мурадышхуэхэр хуиIэу: IэщIагъэ хъарзынэ зригъэгъуэтащ, колхозым лэжьыгъэ къыщратащ. Тхъэжу упсэунрат къэнэжыр. Бын унагъуэшхуэт къыщыхъуари, яхэкIыу, унагъуэ щхьэхуэу псэун зэрыхуейр къыгурыIуэрт. Арати къишэри, хьэгъуэлIыгъуи ящIащ. И чэзур къэсри, хъыджэбз цIыкIу къахэхъуащ, ауэ адэ-анэ щIалэм я гуфIэгъуэр кIыхь хъуакъым, а цIыкIур мазэ бжыгъэщ зэрыпсэуар.

1940 гъэм жэпуэгъуэм Тхьэгъущэр дзэм ираджэ.  Куэд мыщIэу къэхъеящ Хэку зауэшхуэр. Ар фронтым Iухьащ 1942 гъэм щIышылэм и 3-м. Кавказ Ищхъэрэ дзэ округым лейтенант нэхъыщIэхэм я курсыр къыщиухри, Ипщэ-КъухьэпIэ, Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ, Воронеж, Украинэ фронтхэм Iутащ.

Исмэхьил и Iыхьлыуэ Псыущхъуэ ЦIыкIу иджыри дэсхэм ягу къагъэкIыж зы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн. Зэгуэрым, ар фронтым уIэгъэ щыхъури, Сочэ щыIэ госпиталым щIагъэгъуэлъхьащ. И къуэш нэхъыжьыр Житомир и Iэгъуэблагъэм зэрыщыхэкIуэдар, адрей и къуэш Инус хъыбарыншэу зэрыкIуэдар ищIэрти, жэщым госпиталым къыщIэкIуэсыкIщ, къуршхэм ящхьэпрыкIри, и анэ Азгуащэ и псэм телъ хьэзабыр щигъэпсынщIэну, и унэгуащэр илъагъуну кIуэжат. Апхуэдэ насып кIэщIыр – къуэр зы жэщкIэ лъагъунлъагъу къызэрыкIуэжар – къызэхъулIа унагъуэм къуажэдэсыр щызэблэкIат а жэщым, сэлэтым и Iэр яубыдыну. 

Тхьэгъушэ Имэхьил и къуэш нэхъыщIэ Ахьмэд игу къигъэкIыжырт абы къыжриIауэ щытар. Ар еупщIат сэлэтым: «ЗэуапIэм биишэр къыптемыхуэу ущыIэфынукъэ?».

Исмэхьил, къыпыгуфIыкIри, жэуап къритыжат:

- Уэшхым ухиубыда нэужь, зы уэшх ткIуэпс къыптемыткIуэу укъыхэкIыжыфыну? Абы ещхьщ зауэ губгъуэри, биишэр уэшхым хуэдэу къолъэлъэх уэгум…

1943 гъэм фокIадэм и 25-м Воронеж фронтым и 47-нэ армэм и 23-нэ фочауэ дивизэм и 89-нэ фочауэ полкым и ротэм и командир лейтенант Тхьэгъущэ Исмэхьил зыхэт полкыр псом япэ Днепр псым зэпрыкIри, Студенец къуажэм  (иджыпсту Украинэм и Черкасскэ областым и Каневскэ районым щыщщ) зыщигъэбыдащ. Совет зауэлIхэр жыхьэнэмэм къыщыхута хуэдэт а жэщым: псышхуэ ежэхым кIуапIэ къаритыртэкъым, биишэр къателъалъэрт, шынагъуэт жыпIэныр мащIэт. Сэлэтхэм я ажалыр къэсауэ къащыхъуами, Исмэхьил куэдрэ зримылъэфыхьу, лъэпощхьэпо къахуэхъуа Днепр псы мылым зэпрыкIыну мурад ищIащ. Ар псом япэ хэпкIащ псым икIи IэщIэлъ Iэщэр лъагэу иIэтри, «Вперед! Только вперед!» жиIэри псым зэпрыкIын щIидзащ. Шынэ зымыщIэ лейтенант хахуэм иужь иуващ ротэ псор, итIанэ - полкыр зэрыщыту. Днепр къызэзынэкIа зауэлIхэм занщIэу бийм хэуэн щIадзащ. Тхьэгъущэм къыгурыIуэрт, еужьэрэкIыу емыбгъэрыкIуэмэ, бийм зэрызыкъищIэжынур. Ротэр абы и унафэм щIэту ипэкIэ кIуэтащ.

ЩытыкIэм нэхъри къигъэIэла бийм артиллерие хьэлъэхэмкIэ къыхэуэн щIидзащ лейтенант Тхьэгъущэ Исмэхьил и ротэм. Жэщ-махуитIкIэ екIуэкIащ а зэпэщIэтыныгъэр. Псом хуэмыдэу хьэлъэт фокIадэм и 29-р, генерал-майор Королевыр щыхэкIуэда махуэр. Жэпуэгъуэм и 2-м фашистхэр танк 30 хъууэ, штурм Iэщэу 15 яIыгъыу, лъэсыдзэ батальонитI ящIыгъуу къапэщIэкIуэтащ дыдейхэм. АрщхьэкIэ къыпэщIэува лейзехьэхэм зы Iэмали къыхуамыгъанэу зэтрикъутащ адыгэ щIалэм и дзэм. Бийр икIуэтыжащ, и сэлэтхэмкIи техникэмкIи хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтауэ: танк 11-р ягъэсащ, техники 3 икъутащ, сэлэтрэ офицеру 1000 зэтраукIащ. Бийм и «куэщI» зэрихьа лъагъуэр километр 11-кIэ ягъэкъабзэри, совет армэр ипэкIэ кIуэтауэ щытащ.

1943 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м командир щхьэмыгъазэм «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ. Абы щIыгъуу къратащ Ленин, Вагъуэ Плъыжь орденхэр.

Киев хуит къищIыжа нэужь, Тхьэгъущэр, и дивизэр и гъусэу, житомирыщIым ирикIуащ зы жылэм адрейр къыпыту фашист зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIихыжу. Ауэ зы мазэ нэхъ дэмыкIыу, щэкIуэгъуэм и 15-м, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа лIы хахуэр щыхэкIуэдащ Житомир и гъунэгъуу щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэм.

Совет Союзым и ЛIыхъужь Тхьэгъущэ Исмэхьил и хъыбарым лъабжьэ хуэхъуащ илъэсищкIэ зэрыта зауэ губгъуэр, ар фронтитхум щызэуащ, сэлэт къызэрыгуэкIыу Iухьэри, фочауэ ротэм, миномет взводым я командир хъуащ.

И ныбжьыр илъэс 23-рэ фIэкIа мыхъуауэ хэкIуэдащ Исмэхьил икIи лIы хахуэу Хэкум хуэпэжащ. Аращ абы и зауэ гъуэгуанэр щIэблэм щIащымыгъупщэр. 

Абы и цIэр зэрехьэ ТIуапсы районым и Георгиевскэ къуажэм дэт курыт еджапIэм, апхуэдэуи Сочэ хыхьэ Хьэджыкъуэ къуажэм дэт школым фIащащ Тхьэгъущэ Исмэхьил и цIэр.

Зи гугъу тщIы лIы хахуэм и хьэдэр зыщIэлъыр зыкъомрэ ямыщIэу къекIуэкIащ. Ар зэрыхэкIуадэрэ илъэс 40 дэкIыжа нэужькIэщ, ар щыщIалъхьа щIыпIэр къыщахутэфар. 1978 гъэм Житомир дзэ-щIэныгъэ зэгухьэныгъэр иужь ихьащ Совет Союзым и ЛIыхъужьым, хы ФIыцэ Iуфэм ус шапсыгъхэм ящыщ зауэлIым и хъыбарыр зэхуихьэсыжыну. Ахэр куэдрэ елэжьащ а Iуэхум икIи Исмэхьил и зауэ гъуэгуанэр зэфIагъэвэжын ялъэкIащ. Лещин деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэр къахутэжащ, абы хэтахэр ягъэбелджылащ, зауэр зи нэгу щIэкIахэм къаIуэтэжахэмрэ архив дэфтэрхэмрэ къагъэсэбэпри, Совет Союзым и ЛIыхъужь Тхьэгъущэ Исмэхьил здыщIэлъ щIыпIэр къащIащ. Ар Лещин къуажэрат.

Мы гъэм гъатхэпэм и 17-м ягъэлъэпIащ Тхьэгъущэр къызэралъхурэ илъэси 115-рэ зэрырикъур. Абы и цIэр зытет дапхъэр иджы ТIуапсы дэт ЛIыхъужьхэм я аллеем хэтщ. Псыущхъуэ ЦIыкIу и уэрамхэм ящыщ зым зэрехьэ Тхьэгъущэм и цIэр. Апхуэдэуи ЩэнхабзэмкIэ унэм и пщIантIэм дагъэуващ ЛIыхъужьым и фэеплъ. Псыущхъуэ ЦIыкIу и гъунэгъу жылэ Георгиевскэм илъэс къэс щокIуэкI ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэм и фэеплъу къызэрагъэпэщ боксымкIэ, дзюдомкIэ зэхьэзэхуэхэр.

1980 гъэхэм я пэщIэдзэм Тхьэгъущэ Ахьмэд и адэ къуэш бынхэр и гъусэу Украинэм кIуэгъащ икIи Исмэхьил и кхъащхьэр къагъуэтри, ар къыщалъхуа шапсыгъ щIыналъэм ираха щIы IэмыщIэр тракIутауэ щытащ.

Абы и Iыхьлыхэм гуапэу ягу къагъэкIыж Житомир областым зэкъуэшхэр зэрыкIуар, икIи ирогузавэ я къуэшыр, абы къыдэзэуахэр зыщIэлъ щIыпIэм иджыпсту иIэ хъуа щытыкIэм…

НэщIэпыджэ Замирэ.

 

 

Поделиться:

Читать также: