Шэр сэбэп, хьэмэрэ зэран?

Шэр цIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ ерыскъыпхъэщ икIи ар къупщхьэмкIэ хуабжьу сэбэпу жаIэ. Псалъэм папщIэ, дохутыр цIэрыIуэу тхыдэм къыхэщыж Боткин Сергей I9-нэ лIэщIыгъуэм шэкIэ игъэхъужу щытащ узыфэ зыбжанэ. Абы зэрыжиIэу щытамкIэ, тхьэмщIыгъу (псалъэм папщIэ, цирроз), тхьэмбыл (жьэн), лъатэ уз зиIэ, зи къупщхьэхэр мыщIагъуэхэм дежкIэ шэр хущхъуэшхуэщ. Ауэ, Гарвард щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, шэмрэ гъэшхэкIхэмрэ щхъухь гуащIэ хэлъщ.
Псом хуэмыдэу иджыпсту, щIыуэпсым и Iеигъуэм, шэм хэлъынкIэ хъунущ гыну ябж бдзапцIэ (свинецыр), дзыгъуэгъалIэ (мышьякыр), антибиотикхэмрэ щхъухь пкъыгъуэ цIыкIухэмрэ. КъищынэмыщIауэ, шэм куэду хэлъщ эстроген жыхуаIэ, цIыхубзым и Iэпкълъэпкъым къигъэщI гормоныр. Эстрогеныр гъэшым хэлъу цIыхухъу Iэпкълъэпкъым куэду къылъысмэ – бзылъхугъэ  теплъэ мэхъу: и бгъэмрэ шхужьымрэ нэхъ ин, и макъыр псыгъуэ лъагэ мэхъу, мылъхуэ къыхокI. 
КъищынэмыщIауэ, Iэщыр узыншэу щытын, псынщIэу хэхъуэн, пшэр хъун, лы ищIын папщIэ, хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд халъхьэ, гъэшыр зэрызэрахьэ кумбыгъэхэр щагъэкъабзэкIэ ар зэратхьэщIым щыщ къыхонэри, узыншагъэм йогуауэ. 
Шэр щысэбэпыр ар къызыщIаша жэмыр хъупIэ тэмэм итамэщ, хущхъуэ хамылъхьамэщ, гъэшым кIэлъыплъамэщ. ЗэрытщIэщи, тыкуэнхэм щащэ шэм куэд иращIэ, ар щIэх зэIымыхьэн папщIэ. Псалъэм папщIэ, шэр градус 63-98-м нэс къагъэпщт, абы хэлъ микроорганизмхэр яукIын щхьэкIэ. Микроорганизмхэм къадэкIуэу, шэм хэлъ минералхэмрэ витаминхэмрэ зэрызэкIуэкIыр гурыIуэгъуэщ. Апхуэдэу, шэр градус 65-м нэс къагъэпщта нэужь, абы хэлъ кальцийм сэбэп лъэпкъ пымылъыжу зехъуэжри, къупщхьэм нэмысауэ, мыхьэнэ гуэри имыгъэзэщIауэ цIыхум къыпкърокIыж. Градуси I50-м нэс ягъэпщтыр шэ лIэужьыгъуэ щыIэщ. Апхуэдэм зы бактерие хэсыжкъым, минерали, витамини къызэрыхэмынам хуэдэу. Пэжщ, апхуэдэ шэр илъэс ныкъуэкIэ щылъынущ, ауэ зыри и сэбэпыжкъым. 
Шэ уефэмэ къупщхьэ быдэ уиIэнущ жыхуаIэри пэжкъым. Уеблэмэ Iэпкълъэпкъым кальций куэду къылъысыным и пIэкIэ, кърелъэсыкI! Сыту жыпIэмэ, шэм хэлъ белокыр лъатэм апхуэдизкIэ къытохьэлъэри, ар игъэткIун папщIэ минерал лей хуэныкъуэщ. Минералхэм ящыщу нэхъыбэ дыдэу Iэпкълъэпкъым хэлъыр дызытепсэлъыхь кальцийращи, ар къупщхьэхэм къыхех, шэм и белокым пэлъэщын папщIэ. Пэжщ, сабийм и ныбжьыр илъэси 9-I0-м нэсыху Iэпкълъэпкъым къегъэщI дызытепсэлъыхь белокым зэрыпэлъэщ фермент – ренин жыхуаIэр. Ауэ иужькIэ, цIыхум и ныбжьыр хэкIуэтэху, рениныр мэкIуэдыжыпэри, аращ шэр щ1ыхуэмыгъэткIужри. 
Шэмрэ гъэшхэкIхэмрэ «зэрысэбэпыр» зэпымычу зэхихыу цIыхур къэгъуэгурыкIуащи, ар зэрызэраныр фIэщщIыгъуейуэ къыщохъу. 
Гарвард и профессор Кэмпбел Колин иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, шэм къыхокI къупщхьэ узыр, лъатэ узыр, уеблэмэ лышх узыфэр. Абы къиIуэтащ цIыхум къылъыс казеинымрэ (шэм и зы пкъыгъуэ) канцерогенезымрэ (лышхыр къыщIэунэуху щхьэусыгъуэмрэ) зэрызэпыщIар: казеиныр нэхъыбэху канцерогенезри нэхъ лъагэщ. КъищынэмыщIауэ, эстрогеныр зэбэкI цIыхухэм нэхъыбэу къофыкI лышхыр. ИщхьэIуэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, жэмхэр кIэщI-кIэщIурэ зэрыуэндэгъум къыхэкIкIэ, эстрогеныр я куэдщи, ар шэми хэлъщ. 
Абы и щыхьэтщ Японием щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэри. Лымрэ гъэшхэкIымрэ Японием я лъэпкъ шхыныгъуэу зэи щытакъым, ауэ зауэ нэужьым IэмалыншагъэкIэ я Iэнэм къытехьащ, абы къыдэкIуэуи лышх узыфэр зэузхэм я бжыгъэр псынщIэу хэхъуащ. Ардыдэращ къащыщIар мыдрей къэралыгъуэхэми. 
«Лактозная непереносимость» узыфэр зыпкърыту дунейм къытехьэ сабийхэм я бжыгъэр хохъуэ кIуэ пэтми. Лактозэр – шэр IэфI зыщI фошыгъу лIэужьыгъуэу аращ. Лактозэр игъэткIун папщIэ, сабийм и Iэпкълъэпкъым лактазэ жыхуаIэ ферментыр къегъэщI. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, сабийм и ныбжьыр хэкIуэтэху, лаказэри мэкIуэдыж, рениным хуэдэу. Дызытепсэлъыхь лактазэр имыIэххэу къалъхуа сабийм анэ быдзышэри емызэгъыу щыкъиин щыIэщ, и ныбэр игъэузу, къэкъуалъэу, къигъэжьу, ныбажэ ищIу, и щIыфэр къригъэлъэлъу. Апхуэдэ сабийхэм папщIэ лактозэ хэмылъу кашэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ къыдагъэкI.
Лактозэр лактабактериехэм я шхыныгъуэу жаIэ языныкъуэ цIыхухэм. Мыбдеж зыхэщIыкIыпхъэщ цIыхум и кIэтIийм ис лактобактериехэмрэ шэм хэлъ лактозэмрэ Iуэху лъэпкъ зэрызэхуамыIэр, зыкIи зэрызэлъэмыIэсыр. Лактобактериехэм кIэтIийр ягъэлажьэ икIи абыхэм я шхыныгъуэр хадэхэкIхэм, пхъэщхьэмыщхьэхэм, курпIэм хэлъ клетчаткэр аращ икIи гъэшыншэу псэуфынущ. Ауэ лактозэр куэдрэ  цIыхум хуэмыгъэткIумэ, ишхари зэтрегъэфыхь, узыфэ зэхуэмыдэхэри къегъэхъей. Абы и щыхьэтщ «белковая диета» жыхуаIэм тет, лым, гъэшхэкIым тезыгъащIэ цIыхухэм я жьэм мэ Iей къазэрыжьэдихыр, уеблэмэ я пщIэнтIэпсри нэхъ гуащIэ зэрыхъур. 
Иджыри зы Iуэхугъуэ… ЦIыхум пыхусыхур къыщыпкърыхьам деж шэм фо е тхъу тедзауэ ирагъафэ, сэбэп хуэхъун, къызэфIигъэувэжын я гугъэу. Ауэ цIыхум къыгурыIуэркъым, фIы ищIэ и гугъэурэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ сымаджэм лей зэрырихыр. Сыту жыпIэмэ, шэм Iупс бзаджэр нэхъри кърегъаблэ, мыдрей псоми къищынэмыщIауэ. Аращи, пыхусыхур зэфыкIым шей хуабэ куэду ефэмэ, пхъэщхьэмыщхьэм нэхъ тригъащIэмэ, гъэшхэкIыр Iуихыпэмэ, нэхъ псынщIэу къызэфIэувэжынущ. 
СыткIэ зэпхъуэкI хъуну шэмрэ гъэшхэкIхэмрэ?
Жэмышэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ сэбэпщ икIи лъатэм къемыхьэлъэкIыу хуогъэткIу соем къыхащIыкI шэр, кхъуейлъалъэр, кхъуейр, шхур. Пэжщ, языныкъуэхэр щошынэ соем хэлъ фитоэстрогеным, ауэ ахэр жэмышэм хэлъ гормоным хуэдэу шынагъуэкъым. КъищынэмыщIауэ, прунжым, хьэм, кокосым, миндалым шэ къыхащIыкI, дызэса шэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ сэбэпу. 
Тхыгъэм и ужьым къыхэгъэщыпхъэщ шэм хэлъ кальцийр Iэпкълъэпкъым изэгъэн папщIэ, витамин D зэрыхуейр. Ауэ шэм а витаминыр хэлъыххэкъым – витамин D-р дыгъэпсращ зыхэлъыр е лабораторэм щащI. 
 КъикIыу пIэрэ абы цIыхур зы ныбжь гуэрым нэса нэужь шэ ефэныр щигъэтын хуейуэ?! Гарвард щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, шэр зи шхыныгъуэр сабийхэращ. Сабийм и ныбжьыр илъэси 9-I0 нэсамэ, шэм хуэныкъуэжкъым.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: