Унагъуэ дахэхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м, ЩIалэгъуалэм я унэм, хабзэ зэрыхъуауэ, бадзэуэгъуэм и 8-м щагъэлъэпIащ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным и урысейпсо махуэр. Республикэм и къалащхьэмрэ районхэмрэ щыщу илъэс 25-м щIигъуауэ зэгурыIуэ яку дэлъу, щапхъэ ягъэлъагъуэу зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэр утыку кърашащ. Зэхыхьэр ирагъэкIуэкIащ телевиденэм и лэжьакIуэ Аттаев Азноррэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, УФ-м и Президент Путин Владимир 2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м къыхилъхьат а махуэр ягъэлъэпIэну. Къэралым и Iэтащхьэм и Унафэм къыхигъэщащ абы и мыхьэнэр: цIыхум и дежкIэ унагъуэ лъапIэныгъэхэр хъумэныр, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ тэмэму гъэсэныр. 
Зэхыхьэр къызэIуихащ икIи КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ягъэлъапIэ зэщхьэгъусэхэм зэрызахуигъазэ хъуэхъу тхыгъэм къеджащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. Абы итт:
- Унагъуэр – жылагъуэм, цIыхум зиужьынымрэ ефIэкIуэнымрэ я къежьапIэщ. Хэку, жьэгу лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным, нэхъыжьым пщIэ, нэмыс хуэщIыным щыщIапIыкIыр унагъуэрщ. Ахэр литературэ тхыгъэ нэхъыфIхэм, гъуазджэ лэжьыгъэхэм къыхощыж. Унагъуэм сабийр щапI къудейкъым, атIэ щыдоIэпыкъу, щахъумэ, зэкъуэтыныгъэм щыхуагъасэр. Анэхэм, адэхэм, сабийхэм я хабзэ, хьэл-щэн дахэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ щIэблэр щагъэгъуазэу къокIуэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм хуэфащэ гулъытэ хуещI сабий зиIэ унагъуэхэм ядэIэпыкъуным, я узыншагъэр хъумэным, ахэр ефIэкIуэнымрэ заужьынымрэ. Къэралым щагъэзащIэ лъэпкъ Iуэхухэр зытеухуар унагъуэм и лъапIэныгъэхэр гъэбыдэнырщ, гугъуехь пэщIэхуахэм ихуахэм защIэгъэкъуэнырщ. Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ я щапхъэ вгъэлъагъуэу илъэс куэд щIауэ фызэрыздэпсэум папщIэ пщIэрэ фIыщIэрэ фхуэфащэщ. Ди республикэр фэркIэ мэгушхуэ, фи дуней тетыкIэрэ IущагъкIэ щIалэгъуалэм фращапхъэщ. Сабий дыхьэшх макъ республикэм и дэтхэнэ зы унагъуэми щыIуну! Фи бынхэр цIыху пэжу, фIыщIэ ящIу вгъасэ. Зыр адрейм фи щIэгъэкъуэну, пщIэ фи зэхуаку дэлъу фыпсэу. Дэтхэнэ зы унагъуэми ехъулIэныгъэ, узыншагъэ фиIэну, гуфIэгъуэкIэ гъэнщIа гъащIэ кIыхь къэвгъэщIэну, мамырыгъэрэ ехъулIэныгъэрэ фи унагъуэхэм илъыну сынывохъуэхъу! 
«Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ папщIэ» медалыр зэхуэсахэм я Iэгуауэ макъым щIэту иратыжащ республикэм и къалащхьэмрэ районхэмрэ (Налшык къалэм, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Прохладнэ, Тэрч, Лэскэн, Май, Аруан, Шэрэдж, Шэджэм, Дзэлыкъуэ районхэм) щыщу илъэс 25-м щIигъуауэ зэдэпсэу зэщхьэгъусэ 70-м. Иужьрей илъэсищыр къапщтэмэ, апхуэдэ дамыгъэ лъапIэхэр иратащ унагъуэ 300-м нэблагъэм. Абы къегъэлъагъуэ Iуэху гуапэм зэрызиубгъур. Лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным, къабзагъэм и нэщэнэу ялъытэ шынэ-шынэ (ромашкэ) удз гъэгъа Iэрамэхэр ягъэлъэпIа унагъуэхэм я унэгуащэхэм тыгъэ хуащIащ.
Мы медалыр зыхуагъэфэщахэм ящыщщ илъэс 50 хъуауэ зэдэпсэу, пхъуищрэ пхъурылъхуибгъурэ, абы я быныжу зы хъыджэбз гъэфIэни къызыщIэхъуа Сэхъухэ Хьэсэнрэ (КъБР-м и цIыхубэ артист) Iэнисэтрэ, илъэс 30-м щIигъуауэ зэдэпсэу, быниплI зиIэ Къардэнхэ Аслъэнрэ ФатIимэрэ, илъэс 40-м нэблэгъауэ зэбгъэдэс, бынитI зиIэ, «Унагъуэм и илъэс - 2018» урысейпсо зэпеуэм щытекIуа Жылаухэ Арсенрэ Лолэрэ, зэгурыIуэрэ пщIэрэ яку дэлъу илъэс щэ ныкъуэ хъуауэ зэдэпсэу, бынитхурэ (къуищрэ пхъуитIрэ) къуэрылъху-пхъурылъхурэ абыхэм я быныжу 32-рэ зиIэ (дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэ, абы и ветеран щIалитIи яхэту) ХьэщIэлIхэ Хьэсэнбийрэ Мариерэ.
Хэкур хъумэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIу дзэ Iуэху хэхам зи щIалэ щыIэ унагъуэхэми зэхыхьэм гулъытэ щыхуащIащ. Зэщхьэгъусэхэр кIэщIу къытеувыIащ унагъуэ насыпыр зыгъэбыдэ щэхухэр зыхуэдэм. Ар зыр адрейм зыхищIыкIынырщ, дзыхь зэхуащIынырщ, зэдэIэпыкъунырщ, къалъыс жэуаплыныгъэр зыхащIэнырщ, унагъуэм и лъапIэныгъэхэр япэ ирагъэщынырщ. 
ЩIыналъэр ефIэкIуэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа, лъапIэныгъэхэр хъумэнымрэ гъэбыдэнымрэ я щапхъэу къэгъуэгурыкIуэурэ жылагъуэм хуэфащэ цIыху щыпкъэхэр къэзыгъэхъуа унагъуэ нэхъыфIхэрщ дамыгъэ лъапIэр зыхуагъэфэщар. Языныкъуэхэр жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтщ, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, спортым я зэфIэкI ирахьэлIэ. Ар и щыхьэтщ унагъуэм и лъапIэныгъэхэмрэ лъэпкъ хабзэхэмрэ хъумэн зэрыхуейм, къэралыр зыгъэбжьыфIэ унагъуэ дахэхэр республикэм зэримымащIэм. 
Пшыхьыр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэм: Хъусинхэ Анзоррэ Жабоевэ Замирэрэ, Абэнокъуэхэ Рустамрэ Эльмирэрэ, Рокотовхэ Даниилрэ Кристинэрэ я унагъуэхэм, Текуев Амурбий, Щокъуий Мурат, Теувэжыкъуэ Софье, «Звездочка», «Арабеск», «Тэрч къэзакъхэр» къэфакIуэ ансамблхэм, нэгъуэщIхэми.
Концерт нэужьым ЩIалэгъуалэм я унэм и гупэм къит утым унагъуэхэм къыщыхузэрагъэпэщащ «Гъэмахуэр – сабийхэм» нэгузыужь пшыхьыр. Сабийхэм «Насыпым и сурэтыр дощI» къыхуеджэныгъэм щIэту асфальтым сурэтхэр трагъэщIыхьащ, «Ди хабзэхэр», нэгъуэщI джэгухэм хагъэтащ. ЦIыкIухэмрэ я адэ-анэхэмрэ анимацэ программэ гъэщIэгъуэни хуагъэхьэзырат. Зэхуэсахэр утым щрагъэплъащ «Артек. Большое путешествие» фильмым.

Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ. 

 

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: