Сыт лъэпкъым и дежкIэ нэхъапэр?

 Адыгэ хабзэр ящIэу, нэмыс яхэлъу, анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу щIэблэр гъэсэным хуэлажьэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и къалащхьэ Тырныауз илъэс куэдкIэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджа, мы зэманым Бедыкъ жылэм дэт курыт школым и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Жэмыхъуэ Раисэ Бадын и пхъур. Жэуаплыныгъэ зыпылъ а IэнатIэм, псори зэхэту къапщтэмэ, илъэс 40-м нэсауэ гурэ псэкIэ пэрытщ  Жэмыхъуэр.
Лъэпкъым и дежкІэ нэхъапэ щыІэ, абы хуэфащэ цІыху бгъэсэн, ебгъэджэн нэхърэ?! Апхуэдэ ІэнатІэщ Раисэ къыхихар. Зеикъуэ курыт еджапІэр фІы дыдэу къиуха нэужь, куэд щІауэ псэм щигъафІэ, зыщІэхъуэпс егъэджакІуэ ІэщІагъэм хуеджэну Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкІэ и къудамэм щІэтІысхьащ икIи ехъулIэныгъэ иIэу ар къиуха нэужь, Тырныауз и сабий гъэсапІэхэм ящыщ зым лэжьэн щыщІидзащ. Ауэ абы куэдрэ зыщрагъэІэжьакъым: и лэжьэкІэм, бгъэдэлъ щІэныгъэ куум гу къылъатэри, къалэм дэт курыт школ-гимназием анэдэлъхубзэмрэ литературэмкІэ егъэджакIуэу ирагъэблэгъащ. Абы лъандэрэ илъэс тІощІым щIигъуащ. А зэманым къриубыдэу Жэмыхъуэр зыпэрыт егъэджэныгъэ ІэнатІэр иригъэфІакІуэу, абы щІэщыгъуэ куэд хилъхьэу къогъуэгурыкIуэ. Раисэрэ иригъаджэхэмрэ сыт щыгъуи жыджэру хэтщ школым, къалэм, щIыналъэм щекІуэкІ жылагъуэ Іуэхухэм, зэхьэзэхуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм. «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм япэу къыхыхьахэми ящыщщ Жэмыхъуэр. Раисэ иригъэкIуэкIа урок зэІухамрэ классщІыб лэжьыгъэмрэ къэпщытакІуэ гупми абы кърихьэлIахэми куэдрэ ІэфІу ягу илъащ. Ахэр теухуат илъэсищэкІэ екІуэкІа Урыс-Кавказ зауэмрэ абы кърикІуахэмрэ. Планхэмрэ сценарийхэмрэ дагъуэ хуумыщІыфыну екІуу зэхилъхьэжат. ЕгъэджакІуэм и псалъэ зэпэщри, еджакІуэ цІыкІухэм я теплъэри, Іуэхум ирихьэлІэу ягъэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэ купщІафІэри - псори удэзыхьэхт, щІэщыгъуэт. Хуабжьу гуапэ сщохъу Жэмыхъуэм хуэдэ егъэджакІуэ гумызагъэ адыгэ куэд дыдэ зыдэмыс а къалэм зэрыщылажьэр. Адыгэбзэм, хабзэм, нэмысым хуэфащэ пщІэрэ лъытэныгъэрэ дэни щиІэну абы гугъэфІ уегъэщІ. 
А зэпеуэм «Егъэджэныгъэм щигъэлъэгъуа зэфІэкІ лъагэм, щІэблэр гъэсэным хуищІ хэлъхьэныгъэшхуэм папщІэ» унэтІыныгъэм Жэмыхъуэ Раисэ щытекІуащ, и лэжьэкІэфІми куэд щыгъуазэ хъуащ. ЕгъэджакІуэ ІэкІуэлъакІуэм и Іуэху зехьэкІэр, уеблэмэ, гъэщІэгъуэн щыхъуащ творческэ педагогикэмкІэ Урысей Академием и къудамэм. ИкІи 2002 гъэм абы и зи чэзу зэІущІэм Жэмыхъуэр ирагъэблэгъащ. Абы лъандэрэ, илъэс 23-рэ мэхъури, ар а академием и член-корреспондентщ, «ЕджапІэмрэ унагъуэмрэ» къудамэм щекІуэкІ къэхутэныгъэхэм жыджэру холэжьыхь. Куэд щІакъым абы къыпэкІуэу Академием и унафэщI Рувинскэм и Іэ щІэлъу ЩІыхь тхылъ къызэрыхуагъэфащэрэ. 
 Жэмыхъуэр щылажьэ школым екІуалІэ мыадыгэ, мыбалъкъэр сабийхэми игъащІэ лъандэрэ мы щІыпІэм щыпсэу лъэпкъитІым я зым я бзэр ядж. Апхуэдэхэми жыджэру Раисэ ядолажьэ икІи иригъэкІуэкІ школ, къалэ, куей зэІущІэхэм я утыку кърешэ зи анэдэлъхубзэм хуэдэу адыгэбзэр зыщІэ, ди лъэпкъ щэнхабзэм, литературэм фІыуэ щыгъуазэ мыадыгэ сабийхэр.
- Иджырей еджакІуэ цІыкІухэр пэжырытхэм и хабзэ гъущэхэмкІэ е литературэ тхылъым ихуа тхыгъэ къудейкІэ анэдэлъхубзэм пхудегъэхьэхынукъым. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми и псэ лъащІэм улъэІэсын папщІэ, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуэгъуэтыпхъэщ. Апхуэдэ хэкІыпІэхэм ящыщщ урок нэужь, классщІыб лэжьыгъэм зегъэубгъуныр, лъэпкъыбзэмрэ хабзэмрэ я мыхьэнэр щапхъэ мыкІуэдыжхэмкІэ егъэбыдылІэныр, - жеІэ Раисэ. – Си дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр лъэпкъым хуэфащэ щIэблэ къытщIэтэджэнырщ. ИтIанэщ ди хабзэри, нэмысри, ди бзэри, тхыдэри мыкIуэдыжу лIэщIыгъуэкIэрэ къыщызэтенэнур. 
Жэмыхъуэ Раисэ Іуащхьэмахуэ щIыналъэм адыгэбзэмрэ литературэмкІэ и егъэджакІуэхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщІщ. Егъэджэныгъэм щIэуэ къыхыхьэ псоми набдзэгубдзаплъэу кІэлъоплъ икІи и лэжьэгъухэр абыхэм щыгъуазэ ещІ. Адыгэбзэм и пщІэр абы къыщеІэт Іуащхьэмахуэ куейм къыщыдэкІ «Эльбрусские новости» район газетми - илъэс зыбжанэ хъуауэ абы ди бзэмкІэ напэкІуэцІыр щегъэхьэзыр. Апхуэдэу мызэ-мытІэу ар Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэмрэ радиомрэ къыщагъэпсэлъащ, лъэпкъ Іуэхур, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр утыку кърихьэу. Зи IэщІагъэ мытыншым гурэ псэкІэ етауэ бгъэдэт бзылъхугъэм унагъуэ дахи иІэщ. И щхьэгъусэ Хьэгъур Владимиррэ езымрэ щІалитІ зэдапІащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэ ирагъэгъуэтащ, унагъуэу ягъэтIысыжащ. 
Узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, насып и куэду, нобэ хуэдэу жыджэру иджыри илъэс куэдкIэ псэуну ди гуапэщ Жэмыхъуэ Раисэ. Апхуэдэ егъэджакIуэхэращ щIэблэм хэкупсэ гъэсэныгъэ яхэзылъхьэр. 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также: