НэхъыжьыфI!Ди газетым и щIэджыкIакIуэхэм яхэтщ адыгэбзэр игъэшэрыуэ къудей мыхъуу, тхыгъэ гуэрхэр анэдэлъхубзэкIэ зыгъэпс. «Адыгэ псалъэ» газетым и ныбжьэгъу пэжхэм ящыщ Мэкъей Умарбий Iэ зытридзэ къыдэкIыгъуэхэм езым нэхъыфIу илъагъу напэкIуэцIхэр къыхегъэщхьэхукI, ахэр щIеджыкI, топсэлъыхьыж. Мэкъей Умарбий Лэскэн къуажэм къыщалъхуащ, къыщыхъуащ. Къуажэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, шофёру еджащ. ИужькIэ нэгъуэщI щIэныгъи зэригъэгъуэтащ, IэнатIэ зэхуэмыдэхэм щылэжьащ. Мы зэманым Умарбий Налшык дэсщ, пенсэм кIуауэ. Щалъхуа къуажэр фIыуэ елъагъу, абы къикI хъыбарыфIхэм щогуфIыкI. Езыри куэдрэ дэIэпыкъуащ колхозми къуажэ сымаджэщми. Умарбий анэдэлъхубзэкIэ тха усэхэм дехьэх, езыми усэ етх. Ныбжьэгъухэм, унагъуэм, Iыхьлыхэм усэбзэкIэ захуегъазэ. Тотхыхь дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым. И усыгъэм теухуауэ гъэщIэгъуэну гу лъыттащ мыбы: фIэфIщ къикIуа гъащIэ гъуэгум ириплъэжу, абы илъэс бжыгъэ щхьэхуэхэр къахигъэщхьэхукIыну. Ар хуэусащ, псалъэм папщIэ, илъэс тIощIми блыщIми. Илъэс тIощI ныбжьым щытепсэлъыхькIэ гукъэкIыжым хыхьэжрэ щIалэгъуэм деж лъагъунлъагъу кIуэжмэ, илъэс блыщIым щытетхыхькIэ, игурэ ищхьэрэ зэтелъу абы зэрыхуэкIуэр, зэрыхуэхьэзырыр къегъэлъагъуэ. Мэкъей Умарбий и зы усэ ятриухуащ Старэ Лэскэн дэт курыт еджапIэр 1977 гъэм къэзыухахэм: Нэвгъэзэжыт илъэс тIощIым, Фынихьэжыт Лэскэн губгъуэм, Гъатхэщ. Псори мэщIэращIэ, ЗэщIогъагъэ ди мэзышхуэр. Илъэс тIощI: Хэт мэлажьэ, хэти йоджэ, Хэти армэм къикIыжащ. Илъэс тIощI, илъэс тIощI, «Лъагъуэ захуэм фытемыкIмэ, Фытехьэнкъэ фэ гъуэгу махуэ!» - ЖыпIэу псори дебгъэжьати, Сыту гъуэгу кIыхь дэ къэткIуа! Гъуэгур кIыхьми, дезэшакъым. Ди щхьэр лъагэу дэ тIэтауэ, Жьыщхьэмахуэу дыныпхуокIуэ. Гъэхьэзырыт фIыгъуэу щыIэр! Дэ уи деж дыщыхьэщIэнущ! Илъэс блыщIым теухуауи усэ итхащ Умарбий: Илъэс хыщIым тIу хэтлъхьащ, ГъащIэр нэсу дыпсыхьащ. Дэ дыщапхъэщ, хъуэхъу доIэт, ДогушыIэ, дот чэнджэщ. КъикIуэт щыIэу дэ дымыщIэ, Зэман лъапIэ, уэ къытIущIэ! Ди плIэр хуиту дыухуауэ, Илъэс блыщIым дехь ди хуарэм. Гъэхьэзырыт, илъэс блыщI, Узыншагъэ, псалъэ Iущ, Насып куэду гъэхьэзыр, ДыныпхуокIуэ дэ езыр. Ди гур псэхуу дыныпхуокIуэ Мо пшэ фIыцIэм упхыкIами, Iуащхьэмахуэ удэкIами, Илъэс блыщIым дыныпхуокIуэ, НэгъуэщI кIуапIи дэ димыIэ, Гъэхьэзыр хъыбару уиIэр! Мэкъей Умарбий илъэс 65-рэ ирикъуащ мы гъэм. IуэхуфIхэр елэжь, унагъуэм гупсэхугъуэ ирелъхьэ, и псалъэр зылъытэ ныбжьэгъухэри и куэдщ. Умарбий мэусэ, и хъуреягъым щилъагъумрэ гъащIэм къыщекIуэкIхэмрэ акъыл хилъхьэрэ къалэмымкIэ ар тхылъымпIэм нигъэсу.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




