Зи гъащIэр спортым тыхь хуэзыщIа«Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъу пэжу илъэс куэд лъандэрэ къекIуэкIхэм, хэкупсэ нэсу зи дунейр зыхьхэм ящыщщ газетым и щIэджыкIакIуэ набдзэгубдзаплъэ, тхыгъэ хьэлэмэтхэр зи къалэмыпэм къыпыкI Iэщнокъуэ Олег. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Олег и тхыгъэ. Ар теухуащ Нало Леонид Хьэмырзэ и къуэм. «Жылагъуэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм хьэлэлу хуэлэжьащ сэ сызыщыщ Хьэтуей къуажэм и цIыху куэд. Апхуэдэт, къэбгъэлъагъуэмэ, егъэджакIуэ Iэзэу, унэтIакIуэ IэкIуэлъакIуэу, гъэсакIуэ набдзэгубдзаплъэу ныбжьыщIэхэм яхэта Нало Леонид Хьэмырзэ и къуэр. «УФ-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр хуэфащэ дыдэу зыфIаща а нэхъыжьыфIыр псэуащ, зыпэрыт IэнатIэмкIэ жэуаплыныгъэшхуэ зыхищIэу, щапхъэу бгъэлъагъуэ хъуну Iуэху зехьэкIэ иIэу, жылэм къыдэхъуэ щIалэгъуалэм я къэкIуэнум ирипIейтейуэ. Гу къабзэрэ псэ зэIухарэ зыбгъэдэлъа Нало Леонид и зэфIэкIхэм щыгъуазэу щытар ди къуажэдэсхэм я закъуэтэкъым. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм пщIэшхуэ щиIэт, нэмыс къыщыхуащIырт ди республикэм и щIыналъэ куэдым. Спортыр зи Iэпэгъуу, ар фIыуэ зылъагъуу ноби къекIуэкIхэм яхэмытми ярейщ Налор зымыцIыху. Ар ящыщщ Хьэтуей къуажэм, ди республикэм я цIэр фIыкIэ зыгъэIуа егъэджакIуэ нэхъыжьхэм Апхуэдэхэт РСФСР-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ Къанщыкъуей Абчарэ, СССР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ Къанщыкъуей Риммэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэхэу Мамхэгъ Билъостэнрэ Тогузаевэ Мариерэ, урысыбзэмрэ литературэмркIэ егъэджакIуэ Iэзэу щыта БищIо Абубэчыр сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ирагъэджа щIэблэм иужькIэ къахэкIащ ди жылэм, районым, республикэм цIэрыIуэ щыхъуа IэщIагъэлIхэр, щIыналъэм и цIыхубэ хозяйствэм, щIэныгъэм, щэнхабзэмрэ спортымкIэ зэфIэкIышхуэ къыщызыгъэлъэгъуа лэжьакIуэ пэрытхэр. Къуажэм нэмыс зыщыхуащI унагъуэт Леонид къызыхэкIари. Куэд щыгъуазэщ абы и шынэхъыжь, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэ зэрихьэу хэта, щIэныгъэлI икIи къэхутакIуэ цIэрыIуэ Нало Ахъмэдхъан бгъэдэлъа зэфIэкI лъагэхэм. Апхуэдэхэщ Леонид и адрей анэкъилъхухэу МВД-м къулыкъу щызыщIа Аскэрхъан, мэкъумэш хозяйствэ IэнатIэм и IэщIагъэлI гъуэзэджэ Залымхъан, Налшык дэт тубдиспансерым и лэжьакIуэ пажэ Анатолэ. Зэшхэм ящыщ дэтхэнэми ди жылэм пщIэшхуэ щыхуащI. Зыщыща егъэджакIуэ гуп дыгъэлым хэтахэм ещхьу, Нало Леонид и дежкIи гъащIэм щынэхъыщхьэр хэкум цIыху пэж, акъылыфIэ, гъэсэныгъэ екIу зыхэлъ къигъэтэджэнырт, хуей хъумэ, къэралым и къыщхьэщыжакIуэ нэс хъуфыну щIэблэ гъэсэнырт. Апхуэдэ хьэл-щэнхэмкIэ щапхъэт езы Леонид. Хьэтуей дэт курыт школым физкультурэмкIэ егъэджакIуэу илъэс 50-м щIигъукIэ щылэжьащ Налор. Ар СССР-м лъэпкъ бэнэкIэмкIэ спортым и мастерт, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ мызэ-мытIэу къэралым и чемпион хъуат, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм лъэпкъ бэнэкIэмкIэ щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм пашэ щыхъуащ куэдрэ. Нало Леонид илъэси 10-м щIигъукIэ хэтащ волейболымкIэ республикэм и командэ къыхэхам. Ар «Урожай» урысейпсо жылагъуэ спорт зэгухьэныгъэм щIыхь зиIэу хэтахэми ящыщащ. Физкультурэмрэ спортымкIэ бгъэдэлъа зэфIэкI лъагэхэм къапэкIуащ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкIа щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, дамыгъэ лъапIэхэр. А псом нэхърэ нэхъ игъэнэхъапэу Нало Леонид зыщыгуфIыкIыр и гъэсэнхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэрат. Тренер Iэзэм игъэсахэм къахэкIащ спортымкIэ мастерхэр, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ чемпионхэр. А ныбжьыщIэхэм я дежкIэ Леонид адэ етIуанэт, ныбжьэгъуфIт, къуэш нэхъыжь пэлъытэт. Сэ идждыри сысабийт, Леонид щысцIыхуам. СощIэж: абы къысхуэсакъыурэ зыщIэIэтапIэм сыдрихьейрти, ар IэкIэ субыда нэужь, зыщIызигъэIэтэрт къыздэIэпыкъуурэ. ИужькIэ езым зыдридзейрти, нэхъ лъагэу щыт зыщIэIэтапIэм зыфIидзэрти, зыуи къыщымыхъуу зыдриIэтейрт, зыщигъэджэрэзи къыхэхуэу. Апхуэдэурэ къуажэ щIалэ цIыкIухэр Iэрыхуагъым, лъэщагъым, псынщIагъым дыхуигъасэрт Леонид, спортымрэ физкультурэмрэ фыуэ тлъагъуу дыкъигъэхъурт. Гъэм и зэманхэм ящыщу щIымахуэ щIыIэм и закъуэт абы спортзалым дыщыщIишэр. Адрейм щIыбым дыщигъасэрт. А лъэхъэнэм жылэм къыдэхъуа щIэблэм къытхэттэкъым баскетбол, волейбол, футбол Iэзэу мыджэгуф. Дунейм и щIыIэгъуэм деж школым дыщIишэрти, абы иIэ спорт пэшышхуэм дыщыхуигъасэрт гимнастикэм, атлетикэ псынщIэм, бэнэкIэм я лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэм. Леонид ди дежкIэ щапхъэт, унэтIакIуэт, чэнджэщ къыдэзыт цIыху Iущт, езы гъащIэм дыхуезыгъаджэт. ЕгъэджакIуэ Iэзэм, лэжьыгъэм и къэзэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм ди жылэм щIэх-щIэхыурэ щригъэкIуэкIырт спорт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм яфIэфIу хэтт ди районми, республикэми, гъунэгъу щIыналъэхэми я лIыкIуэ ныбжьыщIэхэр. Апхуэдэхэм деж Леонид и жэрдэмыр сыт щыгъуи къыдаIыгъырт ди республикэм и спорт гъащIэм увыпIэфI щызыубыда спортсмен цIэрыIуэхэу Къуэдзокъуэ Анатолэ, Истэпан зэшхэм, Къанщыкъуей зэшхэм, Зрум Леонид, БищIо Валерэ сымэ. Мыбдежым къыжыIапхъэщ лIэщIыгъуэ блэкIам и 70-80 гъэхэм ди къуажэм бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ спортым и мастер куэд къыдэкIауэ зэрыщытар. Псори зэгъусэу къапщтэмэ, абыхэм я бжыгъэр 74-рэ мэхъури, 23-р Нало Леонид и гъэсэнщ. Дауи, апхуэдиз спортсмен лъэрызехьэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэр езыр-езыру къэкIуакъым. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ текIуэныгъэми и щIыбагъ къыдэлъщ гъэсакIуэм, унэтIакIуэм и лэжьыгъэшхуэ, зэфIэкI лъагэ, щIэныгъэ куу. Нало Леонид хуэдэу зи лэжьыгъэм пэжу, псэ хьэлэлу пэрыта, апхуэдэ ехъулIэныгъэфIхэр зи щхьэкIи зи гъэсэнхэмкIи зэзыгъэгъуэта, нэхъыщхьэращи, цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуа икIи пщIэшхуэ зыхуащIу щыта егъэджакIуэ, унэтIакIуэ, гъэсакIуэ ди районми республикэми имысами ярейщ. Нало Леонид дунейм зэрехыжрэ илъэси 10-м нэсащ. Ар егъэджакIуэфI, спортсмен IэкIуэлъакIуэ къудейтэкъым. ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ цIыху псэ къабзэм пщIэ къыхуэзыщIыр и гъэсэнхэми я закъуэтэкъым. Абы хуэарэзыт зыщылажьэ школым и унафэщIхэри, къыдэлажьэхэри, иригъаджэхэм я адэ-анэхэри. Ар цIыху гуапэт, ныбжьэгъу пэжт, зэхэщIыкI куу зиIэ хэкупсэт. Зыпэрыт IэнатIэм апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ щызэфIэзых Налом унагъуэ дахи и щIыбагъ къыдэтт. Абырэ и щхьэгъусэ Лузедэрэ (ар илъэс куэдкIэ къуажэ школым и библиотекэм щылэжьащ) хъыджэбзитху зэдапIащ. Быным ящыщ дэтхэнэри зэщхьэгъусэхэм ягъэсащ адыгэ хабзэм тету, зэрыпсэун IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ иратащ, унагъуэу ягъэтIысыжащ. Нобэ хъыджэбзхэм къащIэхъуэ щIэблэр ягъасэ, я адэшхуэ-анэшхуэ Iумахуэхэм я щапхъэм тету. Пхъурылъхухэр ирогушхуэ спортсмен цIэрыIуэу, егъэджакIуэ Iэзэу, унэтIакIуэ IэкIуэлъакIуэу жылэм дэса я дадэ Нало Леонид, абы и фэеплъыр сакъыу яхъумэу. Хьэтуейдэсхэм ящыщ куэдми я гу лъащIэм щахъумэ Нало Леонид и фэеплъ нэхур. Налом и цIэр зэрехьэ 2018 гъэм Хьэтуей къуажэм къыщызэIуаха топджэгу губгъуэшхуэм. Ди унэтIакIуэм и фэеплъыр дгъэлъапIэу, ар къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу, Налор щылэжьа школым мыгувэу къыщызэдгъэпэщыну ди мурадщ лъэпкъ бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэхэр. Спортымрэ физкультурэмрэ ди жылэм нэхъапэм щаIа пщIэр нэхъри къэIэтыжыным хуэлэжьэнут, апхуэдэ спорт унэшхуэ абы дащIыхьамэ. Ар Iэмалыншэу зэрыщытыр нэрылъагъу дыдэщ мы зэманым. Зи гъащIэр тыхь зыхуищIа спортымрэ физкультурэмрэ апхуэдэ гулъытэ ягъуэтамэ, Нало Леонид и псэри абы щыгуфIыкIынут, шэч хэмылъу».
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




