Лъэпкъ щIэныгъэмрэ дыжьынымрэ

КъызэрыгуэкI дыдэу къыпщыхъуну Iуэхур узэрымыгугъауэ къызэрызэкIуэцIыр плъэгъуа нэужь, щIэныгъэм щIэ зэримыIэр нэхъри уи фIэщ мэхъу. ГуфIэгъуэ Iэнэм цIыхур етIысылIэу ар тхьэмадэм хъуэхъукIэ къызэрызэIуихым дэтхэнэ зы адыгэри щыгъуазэщ. Ауэ «хъуэхъущIафэр бзэхри, хъуэхъубзэр къэнащ» жыIэгъуэр щызэхэпхкIэ, Iэнэм епха хабзэхэмрэ хъуэхъу гъэзэщIэкIэмрэ ещIэкIауэ зэгуэр щэнхабзэ лъэрыхь зэрыщыIар хьэкъыу уи пащхьэ къоувэ. Хьэмэрэ дыщэкIыр IэнатIэ дахэ зэрыпэрытыр сыт хуэдизу гъэщIэгъуэн къыпщымыхъуми, «дыжьыныр ягъэджылри япщэж, дыщэри ягъэткIури якIыщтэ» псэлъафэр уи тхьэкIумэ къиIуа нэужь, а IэщIагъэм акъыли, лыузи, зэфIэкIи, щIэныгъэшхуи зэрыпылъыр къыбгуроIуэ. Сыт хуэдэ лъэпкъ къэгъэщIыгъэри къащтэ, апхуэдэу къызэрымыкIынрэ тхыдэжьым куууэ хыхьэжу щIэныгъэ къызыкъуэмыкIынрэ щIагъуэ яхэткъым. Апхуэдэ зы Iуэху щIэщыгъуэщ адыгэ дунейм къызэрыдэгуэшар Адыгэ къэрал университетым и лэжьакIуэ Унэрокъуэ Мирэ.
«Адыгэхэр: лъэпкъ куцIымрэ хэхэс дунеймрэ» – аращ Адыгэ къэрал университетым адыгэ филологиемрэ щэнхабзэмкIэ и къудамэм иджыблагъэ щекIуэкIа Iэнэ хъурейм зэреджэр. Ар къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари Лъэпкъ щIэныгъэмкIэ центрырщ. Зэхуэсым курых хуэхъуащ зи къэхутэныгъэ купщIафIэхэмкIэ адыгэ дунейм фIыкIэ къыщащIэ Унэрокъуэ Мирэ и къалэмыпэ къыщIэкIа тхылъитIыр – «Адыгэхэм я щэнхабзэр» («Традиционая культура адыгов») тхылъымрэ «Адыгэхэм дыжьыным епхауэ зэрахьа щэнхабзэр» («Адыгское художественное серебро») монографиемрэ.
Илъэс Iэджэ щIауэ Унэрокъуэ Мирэ зэлэжь тхылъитIыр дунейм къызэрытехьар гуфIэгъуэшхуэщ. Абы щхьэусыгъуэ иIэщ. Япэрауэ, Мирэ ящыщкъым зи къэхутэныгъэхэр щылажьэ пэшым щIэсу зэзыгъэуIухэм – абы къызэхикIухьащ адыгэхэр щыпсэу щIыпIэхэр, зэхуихьэсащ IуэрыIуатэр, итхыжащ нэхъыжьхэм я деж щызекIуэ лъэпкъ щIэныгъэр. А псом къэхутэныгъэ щхьэхуэхэр ещIэкIын зэрыхуейм пцIы хэлъкъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, щIэныгъэм и пащхьэ илъхьэныр Iэмал зимыIэщ. ЕтIуанэрауэ, Унэрокъуэр зэлэжь Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэр нобэр къыздэсым зыпкъ игъэувэжауэ, зы жыпхъэм илъхьэжауэ щыткъым. Абы къигъуэтыжахэм я нэхъыбэм лъэпкъ IэщIагъэхэм кIуэрабгъу хэхахэр зэрыхуащIынум аркъудей шэч хэлъкъым. Ещанэрауэ, щIэныгъэралажьэм и бзэр къабзэщ, и гупсысэр нахуэщ. Дунейм къытехьа тхылъхэр зэрытхар урысыбзэми, къыщыхьа щIэныгъэр зэрыщыту адыгэбзэщ. Унэрокъуэм и къэхутэныгъэхэм анэдэлъхубзэм и зыужьыпIэр зэрырагъэгъуэтыжынумкIэ шэсыпIэ уиувэ хъунущ.
Iэнэ хъурейр къызэIуихащ АКъУ-м и профессор, IуэрыIуатэхутэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Унэрокъуэ Рае. Къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIри, профессорым зэIущIэр щIызэхуашэсам и щхьэусыгъуэм и щхьэр занщIэу тричащ.
– Мирэ лэжьыгъэшхуэ, лэжьыгъэ абрагъуэ кърихьэлIащ жысIэмэ, пцIы супсынукъым. Илъэс куэд лъандэрэ зэхуихьэс IуэрыIуатэхэр абы апхуэдизкIэ шыбзэм щIегъэкIри, зы псалъэ гъэщIэгъуэн зэхихамэ, IуэрыIуатэщыпэ аргуэрым йожажьэ, зыгуэр къызыпихын нэхъыжьыфIхэр къелъыхъуэ, а псалъэм и купщIэр къызэкIуэцIихын папщIэ. Тыркум щыпсэу адыгэхэм я деж илъэситху зэкIэлъыкIуэкIэ дыкIуащ, хэкурыс адыгэхэм куэд дыдэрэ дахыхьащ. А псор, зэрыгурыIуэгъуэщи, лъэпкъым и щIэныгъэ хъугъуэфIыгъуэщ. ЦIыхуитI я Iуэху еплъыкIэ зэтехуэми, я дуней лъагъукIэ зэщхьэщыкIынущ. Мирэ и дуней лъагъукIэр зэрыщыту адыгэ псалъэм и IэфIыр къэлъыхъуэным теухуащи, а зэхуихьэса псом кърикIуащ нобэ дыщIызэхуэса тхылъхэр. Уасэ зимыIэ, лъапIэ дыдэу щыт къэхутэныгъэхэм Мирэ и гуащIэр зэрылъэщыр къагъэлъагъуэми, узыщыгуфIыкIын Iуэхугъуэу щытщ абыхэм нэгъуэщI щIэщыгъуэ куэд дыдэ къазэрыкъуэкIынур, – жиIащ Унэрокъуэ Рае.
АдэкIэ псалъэр зрата щIэныгъэрылажьэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Цей Заремэ къыхигъэщащ зытепсэлъыхь тхылъхэр адыгэ щIэныгъэм дежкIэ хэлъхьэныгъэшхуэу зэрыщытыр, уеблэмэ абыхэм унэтIыныгъэщIэхэр къагъэунэхуу зэрыхъунур.
– Лъэпкъ щэнхабзэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдащ Мирэ и тхылъхэм. Абыхэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр щIэх-щIэхыурэ утыкум кърихьэрт, ауэ иджы хуэдэу зэгъэуIуауэ, зы жыпхъэм иту ар тлъэгъуатэкъым. Псори зы зэужьым къызэщIиубыдэу дунейм къызэрытехьар уасэ зимыIэ гукъэкIщ. Хэхауэ и гугъу щIын хуейщ «Адыгэхэм дыжьыным епхауэ зэрахьа щэнхабзэр» зи фIэщыгъэ монографием. Тхылъым и теплъэм къыуит гухэхъуэм къыщыщIэздзэнщи, абы къыщыIуэта Iуэхугъуэхэм ящыщу укъызэщIэзымыIэтэу зы яхэткъым. Дэ дыщыгъуазэщ адыгэ гъащIэм дежкIэ дыжьынымрэ дыщымрэ мыхьэнэуэ яIар зыхуэдизым. Ауэ иджыри къыздэсым дэ хэтщIыкIыр мащIэ дыдэт а гъущIыкIэхэм лъэпкъым и щэнхабзэм щаубыду щыта увыпIэр зэрыиным. Абы дыщегъэгъуазэ Унэрокъуэм, дыщегъэгъуазэ шыIагъэшхуэ хэлъу, жиIэмкIэ хэлъ фIэщхъуныгъэр къыплъигъэIэсу. Сыт и уасэ дыщэкI IэщIагъэм епхауэ пщIы бжыгъэкIэ абы зэхуихьэса фIэщыгъэхэр. Лъэпкъ щIэныгъэм теухуа къэхутэныгъэу жиIэми, ар бзэщIэныгъэми, IуэрыIуатэ щIэныгъэми, гъуазджэми псынэщIэж зэрахуэхъунум шэч хэлъкъым. Дыжьынымрэ дыщэмрэ ятеухуауэ апхуэдиз щыжаIа зэи къэхъуакъым. Арыххэуи, къэхутэныгъэр щIэщыгъуэщ, фIыгъуэшхуэщ, – жиIащ Цей Заремэ.
Къыхэгъэщын хуейщ монографием Унэрокъуэ Мирэ дыщэмрэ дыжьынымрэ ятеухуауэ адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ щIэныгъэр къанэ щIагъуэ щымыIэу зэуIу зэрищIар. Апхуэдэу ар тепсэлъыхьащ дыжьынымрэ дыщэмрэ ирахьэлIэ технологие Iэмалхэм, я гугъу ищIащ ахэр зэрагъэджылымрэ зэрапщыжымрэ, зэпкърихащ зи гугъу тщIа гъущIхэкIхэм тхыпхъэхэр зэрыхагъэтIысхьэм, жут зэрытралъхьэм, ягъэплъу фIыцIагъэр къызэрыхагъэкIым, кIэлъыплъащ адыгэ цIыхухъу икIи цIыхубз фащэм хэлъ дыжьынымрэ дыщэмрэ я зыужьыкIэм, зэхъуэкIыкIэм, къызыхуэкIуам. Апхуэдэу Унэрокъуэм хузэфIэкIащ адыгэ дыщэкI IэщIагъэм кавказпсо икIи евразие гъуазджэм щиубыд увыпIэри зыхуэдэр къигъэлъэгъуэн.
Унэрокъуэ Мирэ и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса зэужьым ущрихьэлIэнущ илъэс зэхуэмыдэхэм итха щIэныгъэ статьяхэм, гупсысэхэм, Iуэху еплъыкIэхэм. Ахэр абы къыхихащ хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хэкурысхэмрэ я дуней тетыкIэмрэ къадэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэмрэ яхилъэгъуахэм, къарита гузыхэщIэхэм.
Унэрокъуэ Мирэ адыгэ дунейм фIыуэ къыщацIыху щIэныгъэрылажьэщ. Ар емышыжу егъэджэныгъэ IэнатIэм илъэс куэд хъуауэ пэрытщ, а зэрылажьэм хуэдэуи, щIэныгъэм гуащIафIэу хэтщ. Абы и гуащIэдэкIым къэралми пщIэшхуэ хуищIащ – Мирэ къыхуагъэфэщащ Адыгэ Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр. Ауэ зыми хуэдэжкъым абы и гъэсэнхэмрэ и лэжьэгъухэмрэ къыхуащI пщIэр, къыхуаIэ лъагъуныгъэр. Ар абы къилэжьащ хэлъ цIыхугъэ инымкIэ, щIэныгъэм хуищI хэлъхьэныгъэмкIэ. Дунейм къытехьа тхылъитIыр адыгэ щIэныгъэм и лъэбакъуэшхуэщ. Ахэр зыIэрыхьэнум, шэч хэмылъу, и щIэныгъэм зригъэужьынущ, и лъэпкъ зэхэщIыкIми зиIэтынущ. Дэ къытлъысу къэхутэныгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Унэрокъуэ Мирэ лъэпкъым хуэузыншэну, и гуащIэдэкI и шхыгъуэ ихуэу куэдрэ тхуэпсэуну дыхуохъуахъуэ.

 

Сурэтри тхыгъэри ШУРДЫМ Динэ ейщ.
Поделиться:

Читать также: