Ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыхухэм я узыншагъэм хуэфащэ гулъытэ хуащIыркъым. Дохутырхэм абы сыт хуэдизрэ къыхурамыджэми, а чэнджэщхэм тетыр мащIэщ. Узыр къапкърыхьа нэужьщ я узыншагъэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр къащыгурыIуэр, ауэ и чэзум узэмылIэлIар зэтебгъэувэжыныр гугъущ. Абы теухуауэ медицинэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэм я еплъыкIэм фыщыдогъэгъуазэ.
Къэнэмэт Мурат, хирург-колопроктолог, эндоскопист: Лъатэм, кIэтIийм епха узыфэхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр, псом япэрауэ, шхын «узыншэр», «къабзэр» фIыуэ нэхъ мащIэ зэрыхъуаращ. Япэхэм щыIакъым мыпхуэдиз узыфэ Iейрэ шынагъуэрэ. ЦIыхум и гуащIэ хилъхьэу щIым елэжьу, абы къытрихар и шхыныгъуэ нэхъыщхьэу къыщекIуэкIам куэдкIэ нэхъ узыншэхэт. А зэманым халъхуауэ нобэм къэсахэм нэхъ куцI яIэщ, абыхэм а уз Iейхэр зэфыкI куэд яхэткъым. Иджыпсту химие пкъыгъуэхэр, ГМО-р зыхэлъ шхыныгъуэхэр куэд хъуащ.
ЦIыхур илъэс 40-м нэсамэ, щIалэу зыкъыщыхъужми, Iэпкълъэпкъым зэхъуэкIыныгъэ къыщыхъун щIедзэ. А ныбжьым ит дэтхэнэми и узыншагъэр нэгъэсауэ къипщытэн хуейщ, псом хуэмыдэу уи кIуэцIым и щытыкIэр зэбгъэщIапхъэщ. АдэкIэ пIалъэкIэрэ узыкIэлъыплъыжурэ епхьэкIынущ. Къапщтэмэ, лышх узыфэхэм я гугъу пщIымэ, къэбэгар хугу хьэдзэ цIыкIу хуэдизу къожьэ, ар илъэс зытхухкIэ зэрыхъун мэхъу. АпщIондэхукIи абы тыншу зыкъыуигъащIэркъым. Лъы къыбдэхыу, щIыб уимыкIыфу, укъэпщу, узыр зыхэпщIэу хъуамэ, ар и нэм нэсауэ аращ. Мис абы зыщыхъумэн хуейщ. Илъэс 40-м деж зэ къебгъэпщытэрэ, кIэтIийм теухуауэ зыри лажьэ уимыIэмэ, илъэситхум зэ зэбгъэплъмэ, нэхъыби ухуейкъым. Ауэ зыгуэр гурыщхъуэ ящIамэ, къэбэгам еIусэ хъухункIэ кIэлъыгъэплъыпхъэщ. Узыфэ Iейхэм хуэдэ Iыхьлыхэм ящыщ гуэрхэм яIамэ, зи гугъу тщIа илъэс бжыгъэм унэмысуи, уи узыншагъэр къебгъэпщытэн хуейщ.
А узыфэхэм зэрызащыпхъумэнум и гугъу пщIымэ, ахэр къызыхэкIыр кIэтIийр зэрыткудэращи, тшхыр зыхуэдэм ткIийуэ дыкIэлъыплъыпхъэщ. Лыр зэрыхъукIэ гъэмэщIэн хуейщ, цIыхур белок хуэныкъуэщи, ар уи ерыскъыгъуэм хэбгъэкIыпэ хъунукъым. Псом нэхърэ нэхъ сэбэпынагъ зиIэр бдзэжьейращ, абы къыкIэлъокIуэ джэдылыр. Былымылыр нэхъ хьэлъэщ. Зы лы Iыхьэ пшхымэ, къару къыпхелъхьэж, ауэ ар лъатэм щигъэткIукIэ гуащIэ нэхъыбэ пщIехыж. Адыгэхэм я шхэнми хабзэшхуэ пылът. Псалъэм папщIэ, нартыхумрэ хумрэ къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр сытым дежи я Iэнэм телъащ. Зэдэшхыпхъэр ящIэрт. Къапщтэмэ, лым сытым дежи пIастэ гъусэ хуащIырт. Нартыхури хури адсорбентщ. Абы кIэтIийр игъэкъабзэрт, ар куда хъуртэкъыми, цIыхухэр нэхъ узыншэт.
Зи лъатэм цIынагъэ иIэ сымаджэхэр иужьрей зэманым нэхъ мащIэ хъуащ. Ар лъатэм ирищIэ «хеликобактер» бактерием къыхэкIырт. Нобэрей ди ерыскъыгъуэм антибиотик куэду хэлъщи, ар а бактерием и щхъухьщ. Абдеж сэбэп щыхъуми, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къыщытхурокъуж, узыфэ куэд къегъэхъей, къапщтэмэ, ар къыхэбэгыкIхэм лъабжьэ езыгъэщIщ. Псы литритI махуэм уефэмэ, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI фIыуэ пшхымэ, куэдрэ узекIуэмэ, кIэтIийр лэжьэнущ.
Iэпкълъэпкъым трищIэ полипым лышх узыфэхэр къыхокI. Къоузу щыткъыми, и нэм нэмысауэ къапщIэркъым. ЦIыхур гугъу ехьу щIыб икIмэ, абы щыгъуэми лъы, цIанлъагъэ къакIуэмэ, къыдэхыр и фэкIэ фIыцIэмэ, и ныбэр къэпщауэ щытмэ, Iэмал имыIэу дохутыр зригъэплъын хуейщ. Лъыр къабзэмэ, шынагъуэшхуэ щыIэкъым. Ар геморройуэ щытынкIэ мэхъу. Апхуэдэхэм деж кIэтIийм сыщеплъкIэ полип цIыкIухэр къызогъуэт. Ахэр занщIэу тыдохри, лышх узыфэр иIэнукъым. ХэмытIэсамэ, адрей органхэм зримытыжамэ, уполъэщ, пхуэгъэхъужынущ. ЩIэныгъэр фIыуэ ипэкIэ кIуэтащ, зыужьыныгъэфIхэр игъуэтащ медицинэм. Дэтхэнэми и узыншагъэр зыхуэдэнур езым елъытыжащ. Iуэхур ем щхьэ нэбгъэсын хуей? Узыфэ Iейр гъэхъужыгъуафIэкъым, зы илъэскIи илъэситIкIи узыншагъэр пхузэтегъэувэжынукъым.
Тау Мадинэ, ревматолог: Нэхъыбэу ди цIыхухэр «зыгъэтхьэусыхэхэм» я гугъу пщIымэ, ревматоиднэ артрит, Бехтеревым и узыфэ жыхуэтIэхэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдрэ дрихьэлIэ хъуащ. Иужьрейр узыфэ хьэлъэщ, шынагъуэращи, ар тыншу къахуэхутэкъым. ЗищIысыр къахуэмыщIэурэ цIыхум и тхыр Iушэ мэхъу, «ЛъэIуакIуэм и щытыкIэ» («Поза просителя») жаIэ абы щхьэкIэ. А цIэ лейми къегъэлъагъуэ ар зыхуэдэр. Узыр хэтIэса нэужь, операци пхуэщIыжынукъым, стIолым тегъуэлъхьэфынукъыми.
Сыт хуэдэ нэщэнэхэмкIэ ревматизм узыфэр узэриIэр къызэрыпщIэнур? И къупщэ зэрытыпIэхэр, лыпцIэналъэхэр щIэх-щIэхыурэ, зэуэ къыхэлъадэу узмэ, ахэр бэгмэ, плъыжь хъумэ, абы температурэ лъагэ къритыжмэ, и щIыфэр къищэщмэ, и щхьэцыр икIмэ, и тхым тэмэму зримыгъэгъэхъеймэ, и Iэпхъуамбэ-лъэпхъуамбэхэм я теплъэм зихъуэжамэ, зимыгъэгувэу дохуыр зригъэплъын хуейщ. Дохутырхэр сэбэп зыхуэхъуфынур узыр хэмытIасэ щIыкIэ абы япэщIэхуэрщ.
Ревматизмыр жьы хъуахэм я узыфэу куэдым къащохъу. Ревматизм узыфэхэр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI. Ревматоидный артритыр сыт хуэдэ ныбжьым итми иIэнкIэ мэхъу. «Системная красная волчанка» узыфэм цIыхубз щIалэ дыдэхэр еубыд. Остеоартрозыр жьы хъуахэм яхуэлъэщ, «подагра» узыр нэхъыбэу къызэузыр цIыхухъухэрщ, илъэс 30-м щыщIэдзауэ ар яIэнкIэ мэхъу. Аращи, мы узыфэр жьыгъэ-щIагъэкIэ зэщхьэщыгъэкIакъым.
УзэрызыкIэлъыплъыж елъытакIэ, уи узыншагъэр щыпхузэтеIыгъэ щыIэщ, ауэ къызыхэкIари умыщIэу къыппкърыхьэ узыфэ куэд урохьэлIэ. Медицинэ псалъэкIэ жыпIэмэ, аутоимуннэкIэ йоджэ абыхэм. Псалъэм папщIэ, артроз е остеоартрит узыфэхэм нэхъ защыпхъумэфынущ. Лъэгуажьэ зэрытыпIэхэм епха узыр нэхъыбэу къызыхэкIыр цIыхум и хьэлъагъырщ. А хьэлъагъыр зытегъэщIа лъакъуэм и зэрытыпIэхэр узу мэхъу, хъыщтыр дешхыкI. Абы папщIэ Iэмал имыIэу хьэлъагъым кIэрыгъэхун хуейщ. «Подагра» узыр Iэпкълъэпкъым и лэжьэкIэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэм къыхэкIыу аращи, лыкIэ, фадэкIэ ебгъэлей хъунукъым.